ГущIэгъу зиIэ цIыху дахэ![]() Си тхыгъэ кIэщIыр зытезухуэну сыхуейуэ къалэмыр къыщIэсщтар ковид уз зэрыцIалэм щеIэзэ госпиталым Тэрч къыщыздыщIэлъа бзылъхугъэ гъэщIэгъуэнщ. Уэлджыр Ритэ Лъостэнбий и пхъур Тэрч щIыналъэм къыщалъхуащ, Налшык къалэ щопсэу. Ар «Къэбэрдей-Балъкъэр» КъТРК-м и бухгалтерщ. Хабзэ зыхэлъ, гущIэгъу зиIэ, иман зыбгъэдэлъ а цIыху дахэм хуэдэ щыIэж си гугъакъым. Ритэ и гу къабзагъэм, гуапагъэм, и теплъэкIи и псэ хьэлэлагъкIи зэрызэкIужым нэхъыбэ щызгъэгъуэзэну сыхуейщ, абы щапхъэ трахын щхьэкIэ. Ар ямыщэу икIи къамыщэхуу цIыхум иIэ хъугъуэфIыгъуэшхуэщи, абы и фIыгъуэ Ритэ и унагъуэм, и бынхэм тхьэм яригъэкI.
Поделиться:
Читать также:
13.08.2026 - 10:50 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
13.08.2026 - 10:01 →
Лъэпкъым къыдекIуэкI хъугъуэфIыгъуэхэр
13.08.2026 - 09:05 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
12.08.2026 - 17:40 →
«Уи лъэпкъ хуэпщIэфынур хуэпщIа?»
12.08.2026 - 14:30 →
ЛъэужьыфIэ
| ||





