«Лъы тыи, гъащIэр къегъэл»

УФ-м и Къэрал Думэм къыхилъхьауэ 2007 гъэ лъандэрэ мэлыжьыхьым и 20-м Урысейм щагъэлъапIэ Лъы тыным и лъэпкъ махуэр. Псом япэрауэ, ар хуэгъэпсащ зыгуэрым дэIэпыкъун папщIэ лъы зыт дэтхэнэми. Апхуэдэу я махуэщ лъы хэзышхэми абы пыщIа Iуэхугъуэ псори тэмэму зэфIэгъэкIа хъуным епха дохутырхэми.

КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм къызэ­ригъэпэщри, а махуэм хуэгъэпсауэ Налшык Абхъазым и уты­кумрэ Лъы щат республикэ станцымрэ «Лъы тыи, гъащIэр ­къегъэл» Iуэху щхьэпэр щекIуэкIащ. Абы хэтащ республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэу 200-м щIигъу, апхуэдэуи къыхуеджэныгъэм къыпэджэжа къалэдэсхэр.
Пщэдджыжьым сыхьэти 9-м къыщыщIэдзауэ цIыхухэм зэ­хуэсын щIадзащ, лъы щат IэнатIэми и лэжьыгъэр зэпыу имыIэу екIуэкIащ. Iуэху щхьэпэм хэтхэм лъы Iахын ипэ къихуэу шейрэ булкэрэ ирагъэшхащ, иужькIэ - къэуат зыщIэлъ ерыскъы пщтыркIэ къызэрагъэпэщащ. IэнатIэ Iутхэм махуитIкIэ загъэпсэхуну ­хуит зыщI тхылъхэр иратащ, ар илъэсым къриубыдэу къагъэсэбэпыж хъунущ.
Лъы зытыну жэрдэм зиIа псоми ар къехъулIакъым, абы зэран хуэхъу щхьэусыгъуэ щхьэхуэхэр зэрыщыIэм къыхэкIыу. Апхуэдэу зи гемоглобиныр лъахъшэхэр, зи хьэлъагъыр мащIэ дыдэхэм, куэд мыщIэу узыфэ зэрыцIалэ зыпкърытахэр Iуэхум къыха­шакъым.
Лъы щат республикэ станцым и дохутыр нэхъыщхьэм и къуэдзэ Мамхэгъ Иннэ къызэрыхигъэщамкIэ, лэжьыгъэшхуэ къапэщы­лъами, Iуэхур хъарзынэу зэфIэкIащ.
- Гуапэ тщыхъуащ нобэрей Iуэху щхьэпэм хэтыну цIыху куэдым гупыж зэращIар. Къапщтэмэ, зы сымаджэр хуэныкъуэщ цIы­хуищым ята лъым. Лъы щат республикэ станцым и илъэс лэ­жьыгъэр убзыхуащ медицинэ IуэхущIапIэхэр лъыуэ зыхуейуэ ­къагъэлъагъуэм тещIыхьауэ. Ди IэнатIэм хузэфIокI жэщ-махуэ имыIэу сымаджэщхэр зыхуэныкъуэ лъымрэ абы и пкъыгъуэ­хэмкIэ къызэрагъэпэщын. Апхуэдэу пIащIэгъуэкIэ дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу щытыкIэ ихуэми, лъы гъэтIылъыгъэ щыIэщ. ­МафIэм исахэм, фэбжь зыгъуэтахэм щхьэкIэ, лъхугъэ хьэлъэ­хэм, операцэ гугъухэм деж, лышх узыфэр зиIэхэм щхьэкIэ лъы куэдрэ хуэныкъуэ мэхъу, - жиIащ Мамхэгъым.
КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрым и къуэдзэ Мэзокъуэ Еленэ жиIащ мыпхуэдэ зэхыхьэхэр мыхьэнэшхуэ зиIэ социальнэ Iуэхугъуэхэу зэрыщытыр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ­гулъытэ хурегъэщI лъы зытынухэр яхуримыкъуу зыIууэ гугъу­ехьхэм икIи абы цIыхухэр къыхэшэнымкIэ сэбэпышхуэ мэхъу.
Псори зэхэту а махуэм лъы ятащ цIыху 220-м, лъыуэ литри ­118-рэ ягъэхьэзращ. КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм фIыщIэ яхуещI кърахьэжьа Iуэхур къафIэIуэхуу ар ­къадэзыIыгъахэм.

 

ЩхьэщэмыщI Изэ.Сурэтхэр Елъкъэн Артур трихащ.
Поделиться: