ЕкIуу IущIэнущ

Налшык и уэрам нэхъыщ­хьэхэр (Лениным , ЩоджэнцIыкIум, Кулиевым я цIэхэр зезыхьэхэр) зэрагъэпэ­щыж.

ЩоджэнцIыкIум и уэ­рамым нэгъабэ щаубла лэ­жьыгъэхэр и кIэм нэблэ­гъащ.­ УэфIу екIуэкI мы махуэхэм гъуэгубгъухэр къызэ­рагъэ­нэхуну ток кIапсэхэр, инженер хуэIухуэщIэхэр и пIэм ирагъэзагъэ. Уэрамым ­бгъурыт лъэс лъагъуитIым телъ асфальтыр трагъэкъэ­бзыкIауэ, щIэуэ зэрытралъхьэжыным хуагъэхьэзыр. Абы къыдэкIуэу КIыщо­къуэмрэ Нэгумэмрэ я уэрам­хэм яку дэлъ гъуэгу Iыхьэми асфалът телэжьыкIар трахауэ лъабжьэр зэтес ящI.
Кулиевым и проспектым псыр зрикIуэ бжьамий лэ­жьахэр щахъуэж, лъэс зе­кIуа­пIэхэр къагъэщIэ­рэ­щIэж, светофорыщIэхэр щагъэув.
Лениным и проспектым и лъэс зекIуапIэм иращIылIэ лэжьыгъэхэми нэрылъагъуу хощI: я бгъуагъыр хагъэ­хъуащ, бетон къэухьхэр ягъэув, «Уафэ къабзэ» программэм и мардэхэм тету щIыпIэхэр къызэрагъэнэхуну уэздыгъэ кIапсэхэр зыдагъэзэгъэну кIэ­науэхэр датIыкI. Куэд мы­щIэу уэрам нэхъыщхьэми асфальтыр щIэуэ тралъхьэнущ.
Къэбэрдей–Балъкъэр Рес­публикэр илъэсищэ щрикъум къалащхьэр зэIузэпэщу IущIэн хуэдэу, лэжьыгъэ псори пIалъэм фIимышу зэфIагъэкIынущ.

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: