Iэгъуэблагъэр ягъэкъабзэу

Къэбэрдей-Балъкъэрым зи ныбжь хэкIуэтахэм защIэгъэкъуэнымкIэ мэ­лыжьыхьым и 23-м къыщызэрагъэпэща щIыхьэхум,  цIыху 1700-м щIигъу хэтащ. 

Дыкъэзыухъуреихь Iэгъуэблагъэм къабзагъэ щыгъэIэным, щхъуантIагъэм зыщегъэубгъуным хуэгъэзауэ гъатхэ къэс ирагъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм я мыхьэнэр къып­хуэмылъытэн хуэдизу инщ, псом хуэмыдэжу къалэ кIуэцIхэмрэ цIыхухэр нэхъ здэ­кIуэ, зыщагъэпсэху щIыпIэхэмрэ я дежкIэ. 
Налшык а махуэм къыщызэрагъэпэща щIыхьэхум хэтащ республикэм и министерствэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ щыла­жьэхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм хэтхэр, волонтёрхэр, школакIуэ цIыкIухэр, къалэдэсхэр.
Жэрдэм узыншэр дэзыIыгъахэм а махуэм къалэм и уэрамхэмрэ Налшык псым и ныджэмрэ кIэрыхубжьэрыхухэр щызэ­хуахьэсащ. 

АНЗОРЫКЪУЭ Аслъэмырзэ.
Поделиться: