Щхъуэмчжыгым сыт жиIэр?!

1) ЩIэныгъэлIхэм къапщытащ гъатхэм и хуабжьагъыу къызэрыблагъэр зыхуэдэр. КъызэрыщIэкIамкIэ, зы жэщ-махуэм ар километр 50 и псынщIагъыу къокIуэ. Ар къахутащ къэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм я гъэгъэкIэмкIэ.
2) Гъатхэр дуней псом зэхуэдэу къыщихьэркъым. Ди къэралым а пIалъэ дахэр гъатхэпэ, мэлыжьыхь, накъыгъэ мазэхэм техуэмэ, Австралием, Аргентинэм, Мадагаскарым я гъатхэр фокIадэм тохуэ.
3)  Астрономие и лъэныкъуэкIэ гъатхэр гъэмрэ щIымрэ щызэхэкI махуэхэм - гъатхэпэм и 20-21-хэм - къохьэ.
4) Бжьыхьэм епплъытмэ, гъатхэ зэманым цIыхум и бэуэкIэр Iыхьэ щанэкIэ нэхъ псынщIэ мэхъу.
5) Женевэ гъатхэр къыщихьэр ирапх къалэ правительствэм и бжэIупэм Iут щхъуэмчжыгым (каштан) и япэ тхьэмпэм зыкъыщызэIуихым. Зэрыхабзэу, абы гъатхэр игъуэу кърегъэхьэ, ауэ языныкъуэхэми а хабзэр щхъуэмчжыгым къекъутэ. Псалъэм папщIэ, 2002 гъэм ар дыгъэгъазэм и 29-м къэтIэпIащ, 2006 гъэм тIэу къэгъэгъащ - гъатхэпэмрэ жэпуэгъуэ мазэмрэ.
6) Урысхэм мы Iуэхур кIыгуугум и «IэмыщIэ» иралъхьэрт - ар къэджамэ, гъатхэр къэсауэ аращ.
7) Гъатхэм деж цIыхуми, жыгхэми, псэущхьэхэми зыкъагъэщIэращIэ. Псалъэм папщIэ, тхьэкIумэкIыхьхэмрэ кIэпхъ цIыкIухэмрэ я фэр яхъуэж - хужьыфэр нэхъ фIыцIафэкIэ.
8) Къапщтэмэ, къуалэбзу псоми уэрэд жыIэкIэ ящIэу къалъху. АрщхьэкIэ ари мащIэщ, езыхэр зыщыщ лIэужьыгъуэхэм я уэрэд жыIэкIэ щхьэхуэм зыхуагъэсэжын хуейуэ абыхэм къапэщылъщ. Ар къащехъулIэр къыкIэлъыкIуэ гъатхэр къыщрагъэхьэрщ - къуалэбзур махуэ 300 ирикъуа иужькIэщ.
9) Гъатхэм псом япэ дыдэу къыпэджэжыр къэкIыгъэрщ. Дунейм и хуабагъэр градуси 7-8 хъуа нэужь, щIым къыхэкIыу хуожьэ.
10) Гъатхэм гъагъэ фохьэкIуэ (медуница) удзым и фэр плIэ ехъуэж: зыкъыщызэIуихкIэ ар тхьэмбылыфэщ, иужькIэ плъыжьыфэ, шакъафэ, щIыху хъуурэ зеужь.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: