ЛIыхъужьу къэнащУнагъуэм и тхыдэм теухуауэ нобэ къапщIэ хъунур пщэдейм помыгъаплъэ. Псом хуэмыдэу а хъыбарыр зыхъумэм и ныбжьыр хэкIуэтамэ… Апхуэдэу итщ Мартышинэ В.С. и «Твоя родословная» зыфIаща и тхылъым. Мы псалъэхэр нобэ еспхынут Хэку зауэшхуэм. Ар зыжьэхэмыуа щыIэкъым. Зауэм и хъыбар гуузхэм ноби дагъэгумэщI, лIыхъужьхэм дрогушхуэ. ЗауэлIхэр къыщыжырт Хэкум, унагъуэм, къэкIуэнум, абыхэм къазэурт мамырыгъэ. Зауэ губгъуэм ихьэхукIэ ягу къыщIэзыIэтэр псэууэ я унагъуэм къахыхьэжын хъуэпсапIэрт. И гугъу фхуэсщIынущ Хэку зауэшхуэм хэкIуэда зы зауэлIым - сызыхэс лъэпкъым ди лIыхъужьым. 1905 гъэм Щхьэлыкъуэ къуажэм къыщалъхуащ НафIэдз Мзетэ. Зы къуэшрэ шыпхъуиплIрэ иIэт. Зауэр къэхъейри, фронтым кIуащ. 323-нэ фочауэ дивизэм хэту Брянск щызэуащ. ИлъэситIкIэ а къалэр ягъэзджызджащ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм: цIыху мин 75-рэ зэтраукIащ. Абыхэм ящыщу минитхур сабийт. ШыщхьэуIум и 17-м къалэр хуит къащIыжащ. Абдежрэ Карачеврэ щекIуэкIа зауэм зэрыпхъуакIуэхэм я танк 48-рэ къыщагъэуащ, кхъухьлъатэ 12 къраудыхащ, лагъым 200-рэ Iэщэ-фащэ гъэпщкIупIэу 12-рэ къагъуэтащ дыдейхэм. Бийм и сэлэтрэ офицеру 3500-рэ хагъэщIащ.
Поделиться:
Читать также:
28.03.2024 - 14:02 →
Хьэршыр и плъапIэт
28.03.2024 - 13:01 →
Гум имыхуж гъатхае
28.03.2024 - 11:00 →
ЩхьэкIуэ зышэч щхьэ шхыгъуэ йохуэ
28.03.2024 - 10:59 →
Я къаруи зэфIэкIи ирахьэлIэ
27.03.2024 - 18:39 →
ЩIэныгъэлIхэр бэлэрыгъыркъым
|