Хьэмыкъуэхэ къакIэлъыкIуахэр

ПсыншокъуэкIэ еджэу Прохладнэ райо­ным щыIэщ адыгэ къуажэ цIыкIу. Жылэр щитIы­сы­кIар щIы­пIэ зэгъщ. Я щIыр сэтейщ, езы къуа­жэр Къэ­рэгъэш­рэ Къалэ­кIы­хьым­рэ (Прохладнэ) ухуэ­зышэ асфальт ­гъуэгушхуэм пэIэщIэщи, сабэмрэ Iэуэ­лъа­уэм­рэ цIы­хум ялъэ­Iэсыркъым. Нал­­шык къалэ уикIыу абы удыхьа нэужь, кIуэаракъэ, жэнэт щIыналъэу къыпщохъу: щхъуан­тIагъэр щыкуэдщ, я уэрамхэм машинэ щIагъуэ щызекIуэркъым. А жы­лэм и нобэм, абы дэсхэм я псэу­кIэм тедгъэп­сэ­лъы­хьыну зыхуэдгъэзащ ­къуажэ администрацэм и тхьэмадэ Къарэ Адмир.

- Адмир, дызэрыщыгъуазэмкIэ, фи жы­лэм и тхыдэр жыжьэ къыщежьэркъым.
- Пэжщ, 1926 гъэм Къэрэгъэш дыкъыдэIэпхъукIауэ аращ. Япэу къуажэм къэIэпхъуар Хьэмыкъуэхэщ, унагъуищ ­хъууэ, псым нэхъ и гъунэгъуу тIысахэщ. Абдеж щхьэл тращIыхьри псэун ирагъэжьащ. Ауэрэ а унагъуищым нэгъуэщIхэр ­къа­кIэлъыкIуащ, уеблэмэ Псыхъурей къикIаи щыIэхэщ. Ап­хуэдэу, хуэм-хуэмурэ, жылэ дыхъуащ. Нобэрей зэманыр къапщтэмэ, унагъуи 150-рэ дэсщ къуажэм, цIыху бжыгъэр 750-м нос. ЛъэпкъкIэ къапщтэмэ, зы балъкъэр, зы урыс нысащIэ къашауэ дэсу аращ, адрейр зэрыщыту адыгэщ.
- Жылэр цIыкIуми инми абы дэсхэр зы­хуей хуэгъэ зэн ­хуейщ. ЕджапIэ, лэ­жьапIэ, дохутыр IуэхущIапIэ жыпIэми …
- Курыт еджапIэ дэтщ, цIыху 70-м нэс щоджэ. Абы хэтщ сабий сад, цIыкIуу 40-м щIигъу ирашалIэ. ЕджапIэри, зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр здэщыIэри уэздыгъэкIи, псы хуабэкIи, сыт и лъэныкъуэкIи зэпэщщ. ДимыIэр сыт? Щэнхабзэм и унэ. Догугъэ апхуэдэ IуэхущIапIэ зыхуащIхэм дыхагъэ­хьэну, а Iуэхум теухуа тхылъымпIэхэр зэд­гъэ­пэщри зыIэрыхьапхъэхэм яхуедгъэхьащ, ауэ мы­зэкIэ дыжэуапыншэщ. Пощт диIэщ. МФЦ жыхуаIэм хуэдэ ди администрацэм щолажьэ. Аптекэм и унэ щхьэхуэ дэткъым къуа­жэм, ауэ хущхъуэ щащэу тыкуэным щIыпIэ щхьэхуэ щыхухэтхащ. КъимыдэкIэ, Налшыки КъалэкIыхьми къикIыу маршруткэхэр ­къокIуэ.
- Адмир, фи къуажэм «Псыншокъуэ» щы­фIа­щакIэ, псыкIэ жылэр гугъу ехь къы­щIэкIынкъым.
- ДэнэкIи псыщ, псынэпс дытесу аращ. Псы хъумапIэ чэщанэу - тIу, псы къы­щIэ­шы­пIэуи апхуэдиз диIэщ, зыр зэпымыууэ мэлажьэ. Пэжщ, унагъуэхэм яIэрыхьэ псыр щхьэусыгъуэ гуэрхэмкIэ сыхьэт зытIущкIэ щызэпыу къохъу. Ауэ псы зэфэнкIэ жылэр къызэгъэпэщауэ жытIэми дыщыуэнукъым.
- Къуажэдэсыр сыт зыхэп­сэукIыр? ЗэрыгурыIуэ­гъуэщи, щIым къытрахырщ е Iэщым къыпахырщ. Ауэ щIыр нобэ ­псоми яхури­къуркъым. Кол­­хоз-совхозхэм я зэманым цIы­хур абыхэм щы­лажьэрт, ид­жы­-щэ?
- ЩIы зиIэр абы иропсэу. ЗимыIэм я щхьэ Iуэху зэрахуэ: къалэхэм - Налшык, КъалэкIыхьым - лэжьакIуэ макIуэ. ПцIыр сыткIэ щхьэпэ, щIалэгъуалэм я нэхъыбэр зэбгрыкIащ. Мэзкуу, Краснодар, нэгъуэщI къалэхэми Iэджэ щыIэщ. Гъэмахуэр къихьэмэ, къуа­жэдэс куэдым IэнатIэ ягъуэтынущ: жыг  хадэ, пхъэщ­хьэ­мыщхьэ хьэсэ зиIэхэм я деж щолажьэ. Дэ щIышхуэ дбгъэ­дэлъкъым, бэджэнду ар зыIыгъыр цIыху 16-щ зэры­хъур. Гуэдз, нартыху, помидор - ахэращ нэхъыбэу тращIэр. Хъарбыз, хъэуан хэзыси диIэщ. КъищынэмыщIауэ, къэралыр къадэIэпыкъуауэ, цIыху зыбжанэм Iэщышхуэ ягъашхэ.
- Фи щIым къытекI бэджэнд уасэр райо­ным макIуэ. Абы щыщ фэ къы­фIэ­рыхьэжрэ? Ар щIыжысIэращи, фи жы­лэм щыщу зыгуэрым дэIэпыкъун хуеймэ е гъэкIуэтапхъэ имыIэу лэжьыгъэ гуэр къыфлъыкъуэкIмэ, дауэ фыпэлъэщрэ?
- Бэджэнд уасэм щыщ къытIэрохьэж. Дотацэм дытесу аращ администрацэм щIэс­хэр. Ауэ газ, псы е нэгъуэщI гуэркIэ ехьэ­кIы­пIэ зимыIэ Iуэху къыкъуэкIмэ, тхылъымпIэ дотх, районым дохь­ри, абыхэм текIуэдэнур къыдат. Районми республикэми зыкъытщIагъакъуэ, дызыхэт Iуэхум елъытауэ.
- Адмир, сощIэж, фи къуажэкIэм щыIэ Iэщ фермэр зи Iэмы­щIэ илъа, Iэужь дахэ къызэзынэкIа, фIыкIэ цIыхум куэдрэ ягу къагъэкIыж КIэнэтI НурIэдил жиIэгъащ мыпхуэдэу: «Къэралым закъыщIигъа­къуэмэ, мы къуажэ цIыкIум и за­къуэ ха­дэхэкIыу Къэбэрдейм ирикъун кърихьэлIэфынут».
- АбыкIэ сыарэзыщ. Нащэмрэ помидо­рымрэ бэв щохъу ди жылэм. Хъушэу кърахьэлIэфынут цIыху нэхъыбэ елэжьамэ, а къытрахыр здахьын яIамэ. Си нэ къокI зы консерв завод цIыкIу ди къуажэм дэтарэт жызоIэри. А Iуэхум зыкъом щIауэ догупсыс, тхылъымпIэ гуэрхэри зэдгъэпэщащ, ауэ ухуэныгъэр къэзыщтэн, зи пщэ дэзылъхьэн мызэкIэ къыкъуэкIакъым. Абы текIуэдэну кредитыр къэралым къаритамэ, а лэжьыгъэм зезыпщытын ­дгъуэтынут. ИджыпстукIэ а Iуэхур зэфIэмыхьэми, догугъэ нобэ мыхъумэ, пщэдей къыдэхъулIэну.

Епсэлъар Мыз Ахьмэдщ.
Поделиться: