Депутатым къыбгъэдэкI гуапагъэ

Мэкъуауэгъуэм и 1-м, Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм, къыщыщIэдзауэ ди щIыналъэм щокIуэкI IуэхуфI куэд. ­НыбжьыщIэхэм я гъэмахуэ зы­гъэп­сэхугъуэми зэрыщIидзар къэп­лъытэмэ, цIыкIухэм я нэгу зебгъэужьыну, я гур хэбгъэ­хъуэну мы зэманым и чэзу дыдэщ, псапэшхуи зыпылъщ. Апхуэдэ гулъытэ дахэ щIэблэм яхуи­щIащ УФ-м и Къэрал ­Дум­эм и депутат Быф Анатолэ.

Депутатым и жэрдэмкIэ «Мал­кинский» шы заводым къы­щызэрагъэпэщащ сабийхэм яхуэ­гъэза гуфIэгъуэ зэхыхьэ. Махуэшхуэм кърихьэлIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэм къикIауэ сабий миным щIигъу, я адэ-анэхэр зыщIыгъухэри яхэту. Аттракционхэм я паркым ще­кIуэкIащ зэхуэс хьэлэмэтыр. НыбжьыщIэхэр хэтащ абыхэм папщIэ къызэрагъэпэща зэпеуэ гъэщIэгъуэнхэм, джэгукIэ куп­щIа­фIэхэм, таурыхъхэм хэт лIыхъужь­хэр я гъуэгугъэлъагъуэу. Къинэ­мыщIауэ, махуэшхуэм кърихьэлIа дэтхэнэми Iэмал иIащ шы заводым къедза лъапсэшхуэм зыщаплъыхьыну, зыщагъэпсэхуну, абы щIыпIэ дахэхэр къызэрыщ гукъинэж сурэтхэр щызытрагъэхыну, шыкIэ къажыхьыну.
- Сабийхэр лъапIэныгъэу диIэ­хэм я нэхъыщхьэ дыдэщ. Абыхэм елIэлIэныр, я зыужьыныгъэм хэгъэхъуэныр, зэфIэкI зэмы­лIэу­жьыгъуэхэр зыбгъэдэлъхэр наIуэ къэщIауэ ядэIэпыкъуныр, апхуэ­дэуи щытыкIэ гугъум ихуа бынунагъуэхэм защIэгъэкъуэныр ди къэрал унафэщIхэм гулъытэ ­хэ-­ ха зыхуащI унэтIыныгъэхэм ящыщщ, - жиIащ Быф Анатолэ, махуэшхуэм кърихьэлIахэм защыхуигъазэм. - ПщIэшхуэ яхузощI къытщIэхъуэ щIэблэм гъэсэныгъэ екIурэ щIэныгъэ куу­рэ егъэгъуэтыным зи къарурэ зэманрэ хьэлэлу езыхьэлIэ ди егъэджакIуэхэм, гъэсакIуэхэм. Нобэ ныбжьыщIэхэм ябгъэдэлъ зэ­фIэкI лъагэхэм я къежьапIэри абыхэм я дежщ щытлъагъур. ФIыщIэ ин яхуэфащэщ апхуэдэу гумызагъэу ныбжьыщIэхэм ядэ­лажьэ IэщIагъэлIхэм.
Сабийхэм яхуэгъэза апхуэдэ гуапагъэрэ гукъэкIрэ и мащIэкъым депутат цIэрыIуэм. Быф Анатолэ и жэрдэмкIэ «Лэгъу­пыкъу» («Радуга») республикэ социальнэ сабий центрым зы­щызыгъэхъуж цIыкIухэм папщIэ иджыблагъэ къащэхуащ ахэр зыхуэныкъуэ велотренажёр.
Адыгэхэм игъащIэми къыддокIуэкI псапащIэр, гулъытэшхуэ етту. Псапэ щIэныр зи гъащIэ мардэ Быф Анатолэ дохъуэхъу и мурадхэр къехъулIэу, и гулъытэр абы хуэныкъуэхэм ялъэIэсу узын­шэу куэдрэ псэуну.

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: