Анэдэлъхубзэр къэпщытэныгъэхэм хагъэхьэну къыхалъхьэ

Башкортостан республикэм и лIыкIуэхэу Къэрал Думэм хэтхэм анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъыбзэ литературэмрэ Зыуэ щыт къэрал экзаменхэм (ЕГЭ) хагъэхьэну лъаIуэу Iуэху къаIэтащ. Гупыжыр къыбгъэдокI «Урысей зэкъуэтым» щыщ башкир депутат Аиткуловэ Эльвирэ.

Курыт еджапIэр къэзыух еджакIуэхэм щхьэж и анэдэлъхубзэмкIэ Зыуэ щыт къэрал экзамен итыну хуитыныгъэ иIэмэ, япэрауэ, а бзэр джа хъунурэ, сабийр абыкIэ псалъэу школым къыщIэкIынущ. ЕтIуанэрауэ, езы анэдэлъхубзэм курыт еджапIэм щиIэ пщIэми фIыкIэ зихъуэжынущ. Депутатхэр зэреплъымкIэ, щIыналъэ щхьэхуэхэм лъэпкъ Iуэхухэр я тегъэщIапIэу къыщыхъей мыарэзыныгъэхэм я лъабжьэр бзэм и Iуэхуращ. Къэралым ар унафэ ткIийм иримыпхмэ, адэ-анэхэм я быныр гугъу ирамыгъэхьын, «зыщIыпIи къащыхуэмыщхьэпэну анэдэлъхубзэмкIэ нагъыщэм ирамыгъэлIэлIэн» щхьэкIэ зэрыбэлэрыгъым Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэр кIуэдыжыпIэм бгъэдешэ.      

Дызэрыт зэманым лажьэ къэрал мардэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, «Анэдэлъхубзэмрэ» «Анэдэлъхубзэ литературэмрэ» умыджынкIэ Iэмал зимыIэхэм ящыщщ. Ауэ абы и закъуэщ сабийм щIэныгъэ зэрырат предметхэм ящыщу ЕГЭ зэримытыр. Ауэ щыхъукIэ, Зыуэ щыт къэрал экзаменым китаибзэри, испаныбзэри, пэрыту щымыт нэгъуэщI бзэхэри хеубыдэ. Къыхалъхьа зэхъуэкIыныгъэхэр къащтэмэ, школыр къэзыуха еджакIуэм анэдэлъхубзэмкIэ къихьа нагъыщэхэр къыхуэщхьэпэнущ еджапIэ нэхъыщхьэм щIэтIысхьэн папщIэ.

 «Анэдэлъхубзэмрэ лъэпкъ литературэмрэ яджын хуитыныгъэу къэралым цIыхум иритым зэран къыхуохъу ар щIыналъэ администрацэхэм я пщэ зэрыдалъхьэжыр, щхьэж и лъэпкъыбзэр иджыжыныр и къалэну зэримыгъэувыр, - дыкъыщоджэ Къэрал Думэм и интернет хэщIапIэм къралъхьа, зи гугъу тщIы Хабзэм и проектым. – Адэ-анэхэм я быным яджыну бзэр щхьэрыутIыпщу къызэрыхахым къыхэкIыу, ар нэгъэсауэ ирагъэджын папщIэ зыхуеину цIыху бжыгъэмрэ лэжьыгъэр къызэрызэрагъэпэщ Iэмалхэмрэ яхурикъуркъым еджапIэхэм. Аращ депутатхэр щIэлъаIуэр къэралым мы Iуэхур нэхъ ткIийуэ и пщэ дилъхьэжыну.

Гу лъытапхъэщ зи гугъу тщIы Зыуэ щыт къэрал экзаменыр Iуахыжыпэну, ар ятын хуейуэ къэзыгъэув «Болон системэ» щIэныгъэ егъэгъуэтыкIэ Iэмалыр Урысейм щагъэкIуэдыжыну къыхэзылъхьэхэри зэрымымащIэм. Къэрал Думэм и депутатхэм загъэхьэзыр мэкъуауэгъуэм а Iуэхум убгъуауэ тепсэлъыхьыну.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: