Даур Заирэ и ехъулIэныгъэ

 Илъэс 20-м нэсауэ ди къэралым щокIуэкI сабийхэм щIэныгъэ гуэдзэн езыт егъэджакIуэхэм я зэпеуэ. «Си гур сабийхэм язот» фIэщыгъэр зиIэ а зэхьэзэхуэр Урысей Федерацэм къыщызэгъэпэщыныр 2004 гъэм къыхалъхьауэ щытащ УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэмрэ егъэджэныгъэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я профсоюзымрэ. 

Зэпеуэ цIэрыIуэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ ныбжьыщIэхэм программэм и лейуэ ядэлажьэ IэщIагъэлI нэхъыфIхэр утыку къишэныр, абыхэм ябгъэдэлъ Iуэху зехьэкIэ пэрытыр жылагъуэм хэIущIыIу щыщIыныр, абыхэм я Iэзагъым адэкIи хагъэхъуэн папщIэ творческэ Iэмал псори етыныр, егъэджакIуэ IэщIагъэм пэрыт псоми я пщIэр нэхъри къэIэтыныр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, а псори зыхуэунэтIыжыар зыщ: къэралым зэфIэкI лъагэ зыбгъэдэлъ щIэблэ зэчиифIэ къигъэтэджэнырщ. 
Дапщэщи хуэдэу, зэпеуэр йокIуэкI, Iыхьэ зыбжанэу зэщхьэщыхауэ. Ди республикэм мы махуэхэм къыщызэрагъэпэщащ зэхьэзэхуэм и щIыналъэпсо Iыхьэр. «ДыгъафIэ къалэм», ТворчествэмкIэ сабий академием, щрагъэкIуэкIа а зэхыхьэ хьэлэмэтым хэтащ КъБР-м щылажьэ еджапIэхэу ныбжьыщIэхэм щIэныгъэ гуэдзэн щрагъэгъуэтхэм къикIа IэщIагъэлI 28-рэ. Ябгъэдэлъ зэфIэкIхэмкIэ, Iуэху зехьэкIэ мардэ пэрытхэмкIэ зэпеуащ егъэджакIуэхэр, дэтхэнэми лэжьыгъэм щIэ гуэр зэрыхилъхьэфыр наIуэ къыпщащIу. Мы гъэм япэу къыхыхьащ унэтIыныгъэщIэхэр. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, «Естественнэ щIэныгъэхэр», «Утыкум япэу къохьэ» Iыхьэхэр. АбыхэмкIи блэкIа илъэсхэм щыIа унэтIыныгъэхэмкIи егъэджакIуэхэм ягъэхьэзыра лэжьыгъэ хьэлэмэтхэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъащ зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупыр. Абы хагъэхьащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и IэщIагъэлIхэр, егъэджакIуэ Iэзэхэр, методист IэкIуэлъакIуэхэр. 
«Естественнэ щIэныгъэхэр» унэтIыныгъэщIэм мы гъэм щытекIуащ Даур Заирэ. Ар Бахъсэн районым Сабий творчествэмкIэ и центрым и егъэджакIуэщ. НыбжькIэ щIалэми, Заирэ Iуэху зехьэкIэ дахэ бгъэдэлъщ. Утыкум екIуу итынымкIэ, лэжьыгъэм хэлъ щхьэхуэныгъэр наIуэ къэщIынымкIэ, Iуэху хэхам хуаIэ педагогикэ бгъэдыхьэкIэмкIэ, дерс зэIухахэр егъэкIуэкынымкIэ, упщIэ-жэуап кIэщIхэмкIэ зэпеуэм жыджэру хэтынымкIэ зэхьэзэхуа егъэджакIуэ гупым къахэщащ Даурыр. 
- Зэпеуэм сфIэфIу, сфIэгъэщIэгъуэну сыхэтащ. Мыпхуэдэ зэхыхьэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ уи зэфIэкIхэр ебгъэфIэкIуэнымкIэ, Iуэху зехьэкIэ пэрытхэм щыгъуазэ захуэпщIынымкIэ, - жеIэ Заирэ. – Еджагъэшхуэхэм ящыщ зым зэрыжиIауэ, сэ фIыуэ слъагъур си IэщIагъэм и закъуэкъым, атIэ абы хуезгъаджэ сабийхэри гумрэ псэмрэ хуэсхьу апхуэдэщ. КъызэрысщыхъумкIэ, апхуэдэ гурыщIэм къаруущIэ къысхелъхьэ, дерсхэр щезгъэкIуэкIкIэ. 
Даур Заирэ, зэпеуэм и республикэ Iыхьэм къыхэжаныкIа адрей егъэджакIуитхум я гъусэу, хэтынущ «Си гур сабийхэм язот» къэралпсо зэпеуэм и кIэух Iыхьэм. Зи лэжьыгъэм хуэIэижь лэжьакIуэ гумызагъэм дохъуэхъу урысейпсо утыкуми текIуэныгъэ щызыIэригъэхьэну. 

 

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: