Насып Iыхьэу ноби къызолъытэ

КъытщIэхъуэ щIэблэм анэдэлъхубзэр егъэджыныр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэщ икIи щIыхь зыпылъ къалэнщ, сыту жыпIэмэ лъэпкъ тхыдэр, хабзэхэр, нэщэнэхэр, гупсысэкIэмрэ псэукIэмрэ къозыгъащIэу щыIэр а зы Iэмалырщ – бзэращ а псоми я хъумакIуэр. Илъэси 100 ипэкIэ къэралыгъуэ хуит зыухуа, абы и ехъулIэныгъэм хуэлажьэу псэу ди республикэм дэ нобэ зыри зэран къыщытхуэхъуркъым ди бзэр зетхьэжын, абы адэкIи зедгъэужьын, едгъэфIэкIуэн папщIэ. 

 Анэбзэм нэхърэ нэхъ IэфIрэ лъапIэрэ зэрыщымыIэр сыщысабийм си лъым хыхьауэ щытакIэщ сэ. Абы къыхэкIыуи балигъ сыхъуу гъащIэм IэщIагъэ къыщыщыхэсхын щыхъум, адыгэбзэмрэ литературэмрэ нэхъ куууэ зджыну, иужькIэ, IэщIагъэ зэзгъэгъуэтмэ, бзэм и IэфIагъыр сабиипсэм зыхищIэным, абы пщIэ хуищIу къэгъэтэджыным си къару псори есхьэлIэну мурад сщIат. Си гуращэхэр къызэхъулIащ икIи илъэс 55-м щIигъукIэ псэ хьэлэлу сыпэрытащ щIэблэр егъэджэн IэнатIэм. Абы щыщу илъэс 35-кIэ сегугъуу сунэтIащ Шэджэм районым адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэджхэм я методикэ зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэри. 
КъызэрыслъытэмкIэ, егъэджакIуэм, псом хуэмыдэу анэдэлъхубзэр сабийм езыгъащIэм, и къалэныр щIэблэм щIэныгъэ куу етыным и закъуэкъым, атIэ апхуэдэу ныбжьыщIэхэм лъэпкъ гъэсэныгъэ екIу яхэлъхьэнымкIи, щалъхуа щIыналъэр, Хэкур фIыуэ ялъагъуу къэгъэтэджынымкIи, пщIэ-нэмыс жыхуэтIэхэр зэрахьэнымкIи лэжьыгъэ ин дыдэ зэфIихыпхъэщ. Аращ ди усакIуэшхуэ КIыщокъуэ Алим апхуэдэ IэщIагъэлIхэр игъэлъапIэу щIыжиIар: «Бзэр дэзыгъащIэр Тхьэм иузэщI, Дунейм и фIыгъуэм щремыщIэ». 
 Тхыдэ гъуэгуанэ кIыхь икIи гугъу зиIа ди лъэпкъым и нэхъыжьхэм нобэм къахьэсыфащ ди хабзэ дахэхэр, тхуахъумэфащ ди анэдэлъхубзэр. Ауэ щыхъукIэ, ди адэжь-анэжьхэм къащIэна бзэм дэ IупщIэ хуэтщIыжыныр икIагъэщ. Адыгэбзэмрэ литературэмрэ езыгъэджхэр сыт хуэдэ зэмани щыпэрытщ анэдэлъхубзэр зыхъумэхэм я сатырхэм. Методикэ пэрытхэр Iуэхум хапщэным хущIэкъуу, дерс зэIухахэмрэ урок нэужь лэжьыгъэхэмрэ ящIыгъуу, компьютерым и Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэри дерсхэм хагъэхьэу дапщэщи мэлажьэ ахэр. Сэ сызэрылэжьа илъэсхэм зэзгъэпэщащ класс щIыб лэжьыгъэ зэхуэмыдэхэм я сценарий куэд. Абыхэм яхэтщ литературэ пщыхьэщхьэхэм, тхылъеджэхэм я зэIущIэхэм, кружокхэм я лэжьыгъэхэм, диспутхэм, конференцхэм ятеухуахэр. Ахэр иджыри куэдрэ къагъэсэбэп хъунущ егъэджэныгъэ IэнатIэр езыхьэкI, абы щIэуэ къыхыхьэ лэжьакIуэхэм. 
ЕгъэджакIуэ ныбжьыщIэхэр бзэм, литературэм нэхъри дихьэхынымкIэ хуабжьу сэбэп мэхъу егъэджакIуэхэм я зэхыхьэ, еджакIуэхэм папщIэ къызэрагъэпэщ зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Абыхэм ящыщу къыхэзгъэщыну сыхуейт Iуэху зехьэкIэ хьэлэмэт куэд зи утыку кърахьэ «Си бзэ – си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэ-фестивалыр. Срогушхуэ абы и утыку егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэ куэд зэрихьэм, я Iуэху зехьэкIэ пэрытхэмкIэ IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм ядэгуашэу. Апхуэдэу адыгэбзэр езыгъэджхэр, адрей предметхэмкIэ IэщIагъэлIхэм яхуэдэу, жыджэру дыхэтащ, иджыри хэтщ «Егъэджэныгъэ» къэралпсо проектым ипкъ иткIэ екIуэкI зэхьэзэхуэм икIи щIэх-щIэхыурэ пашэ щохъу. А проектыр къыщыхалъхьам, сащыщащ зи зэфIэкI еплъыжыну япэу утыку ихьахэм. Тхьэм и фIыщIэкIэ, си насып къикIащ икIи абы щытекIуэу «УФ-м и егъэджакIуэ нэхъыфI» цIэр зыхуагъэфэщахэм, къэрал унафэщIым игъэува ахъшэ саугъэтри тыгъэ зыхуащIыжахэм сахэхуауэ щытащ. Ноби си щхьэр лъагэу сегъэлъагъуж, анэдэлъхубзэм и пщIэр жылагъуэм зэрыщыхэхъуэри нэрылъагъу дыдэ мэхъу, а урысейпсо зэпеуэ иным щытекIуэхэм адыгэбзэмрэ литературэмрэ курыт школым щезыгъэджхэм я цIэхэр къыщыхэхуэкIэ. Апхуэдэ ди егъэджакIуэфIхэм я бжыгъэр зэрымащIэм сроин икIи сропагэ. 
«Си анэдэлъхубзэр фIыуэ солъагъу», - жыпIэу ущыскIэ зэфIэкIыркъым – ар уи гъэсэнхэми я псэм хэлъу къэбгъэхъун хуейщ, абы папщIи фи къаруи, щIэныгъи, зэфIэкIи фемыблэж», - егъэджакIуэ ныбжьыщIэхэм яжесIэ зэпыту сыпэрытащ сэ IэнатIэм, ноби сыхьэзырщ сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи абыхэм сэбэп сахуэхъуну, чэнджэщэгъуу сакъыхущIэкIыну. Узыпэрыт IэнатIэмкIэ, ебгъэдж предметымрэ а щIэныгъэр щIэблэм къызэращтэмкIэ гудзакъэ пхэлърэ жэуаплыныгъэ лэжьыгъэм хууиIэмэщ бзэм къэкIуэну дахэ къыщыпэплъэр. 
Си гъащIэ насыпым и зы Iыхьэшхуэущ си IэщIагъэр ноби къызэрызбжыр. Фэри, егъэджакIуэ ныбжьыщIэхэ, гури псэри хузэIуфх лъэпкъпсо мыхьэнэ зиIэ а Iуэхум. Анэдэлъхубзэм папщIэ фи гур, фи псэр вгъэпIейтей, ди егъэджакIуэхэ, лъэпкъым къыщIэхъуэ щIэблэм я гъуэгугъэлъагъуэхэ. Апхуэдэу фыщытмэ, фи фIэщ фщIы, анэдэлъхубзэр езыгъэджхэм цIыхубэ гулъытэ лъагэрэ жылагъуэ щIыхьрэ дяпэкIи яIэнущ. Зи лъэпкъыр, къэралыр, адыгэ щIыналъэр фIыуэ зылъагъухэм аращ я лэжьэкIэ мардэр. 
 

 

ДЫЩЭКI Марие, КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ.
Поделиться:

Читать также: