Мэкъумэш IэнатIэмрэ бжыгъэрылъанэмрэ

Бытырбыху къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ мэкъумэш IэнатIэр бжыгъэрылъанэм (цифровизация) хуэгъэкIуэным теухуа II Дунейпсо щIэныгъэ зэхуэс. Абы и лэжьыгъэм хэтащ КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым экономикэмрэ къэрал Iуэхухэр зегъэкIуэнымкIэ и кафедрэм и доцент, экономикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Бекъул Хьэбас.

ЩIэнIуатэр къызэзыгъэпэщар Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием Бытырбыху къалэм щиIэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ центрырщ, езыгъэкIуэкIар Урысейм Мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ и академием и академик, географие щIэныгъэхэмрэ экономикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Костяев Александрщ.
МахуищкIэ пэIудзауэ екIуэкIа дунейпсо зэIущIэм и лэжьыгъэм хтэащ КъуэкIыпIэ Гъунэгъуми, Белоруссиеми, Къэзахъстанми, Абхъазми щыщ щIэныгъэлIхэр.
Бекъул Хьэбас и къэпсэлъэныгъэр теухуат жылагъуэр ерыскъыпхъэкIэ къызэгъэпэщыным пыщIа шынагъэхэр гъэкIуэда зэрыхъунымрэ гуэдзхэкI хъумапIэхэр къызэгъэпэщынымкIэ щыIэ бжыгъэрылъанэ Iэмалхэм, ахэр гъэпса зэрыхъуну хэкIыпIэхэм. ЩIэныгъэлIым зэрыжиIэмкIэ, гуэдзхэкI хъумапIэхэр къызэгъэпэщыным и мызакъуэу, абы епха лэжьыгъэхэр бжыгъэрылъанэм хуэгъэкIуэным пэрыуэгъу хуэхъу Iуэхугъуэ зыбжанэ щыIэщ. Псом япэрауэ, гъавэу кърахьэлIэжым, ахэр зэрызэбграшым, хъумапIэхэм зэрытрагуашэм епха информациер убзыхуауэ зэрыщымытыр, бжыгъэрылъанэ Iэмалхэр мэкъумэш IэнатIэм къыщыбгъэсэбэпынумэ, абыхэм уаблэплъыкI зэрымыхъунур къыхигъэщащ. ЕтIуанэрауэ, жылагъуэр ерыскъыпхъэкIэ къызэгъэпэщынымрэ абы епха шынагъэхэр къэмыгъэхъунымкIэ щыIэ дунейпсо мардэхэр иджыри гъэзэщIа зэрымыхъуам, абы лъэпощхьэпо зыбжанэ къыхэкIынкIэ зэрыхъунум и гугъу ищIащ.
Мэкъумэш IэнатIэм епха иджырей щIэныгъэхэр зэгъэуIуныр, биологиемрэ робототехникэмрэ, информацие технологиемрэ экономикэмкIэ щыIэ къэхутэныгъэхэр, псом хуэмыдэу Iэщ гъэхъунымрэ хадэ гъэкIынымрэ епхахэр, бжыгъэрылъанэм хуэгъэкIуа зэрыхъуну щIыкIэхэр щызэпкърахащ зэхуэсым. Абы и лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, бжыгъэрылъанэ зыужьыныгъэм пэрыуэгъу хуэхъу щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэхэм Бекъулым гу лъитауэ къалъытащ икIи ахэр къызэнэкIын, къэралымрэ жылагъуэмрэ я Iэмалхэр абдеж къыщыгъэсэбэпыным и хэкIыпIэхэр къэгъуэтын хуейуэ зэIущIэм унафэ къыщащтащ.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться:

Читать также: