НэхъыфIхэм ящыщщ

 

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и лIыкIуэхэр «ЕджапIэ нэхъыщхьэм и къэкIуэнур» зи фIэщыгъэ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм я X зэхуэсым и лэжьыгъэм иджыблагъэ хэтащ.

Егъэджэныгъэм и фIагъыр къэзылъытэ «RAEX» IуэхущIапIэм къызэригъэпэща зэIущIэм кърихьэлIахэр тепсэлъыхьащ дунейм къыщыхъу Iуэхугъуэ мыщхьэпэхэр университетхэм къазэрылъэIэсым, абы къигъэщI зэхъуэкIыныгъэхэм, «Лэжьыпхъэхэр-2030» лъэпкъ программэм и гъэзэщIэным игъуэта бгъэдыхьэкIэхэм зэрызахъуэжым. Апхуэдэу къыкъуэкI гугъуехьхэмрэ лъэпощхьэпохэмрэ университетхэр зэрыпэщIэувэфыну щIыкIэми шэщIауэ и гугъу ящIащ.

ЗэIущIэм цIыху 500-м щIигъу кърихьэлIащ. Абыхэм яхэтащ Урысейм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм я ректорхэр, хамэ къэралхэм я лIыкIуэхэр, УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм и лэжьакIуэхэр, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ IэщIагъэлIхэр. Дунейм щыщыIэ щытыкIэ гугъум егъэджэныгъэм хилъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр къэлъытауэ, урысей университетхэм я лэжьыгъэр нэхъри зэрыщIэгъэхуэбжьапхъэм, я зэхуаку хьэрхуэрыгъэ къызэрыдэлъхьапхъэм и Iэмалхэмрэ хэкIыпIэхэмрэ зэгъэуIун икIи къэгъуэтын зэрыхуейр зэIущIэм и утыкум илъа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ.

Кавказ Ищхъэрэм ит университетхэм ящыщу зэIущIэм и лэжьыгъэм хэтар КъБКъУ-м и закъуэщ. Апхуэдэу зэхуэсым хэтащ КъБКъУ-м и ректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Алътуд Юрэ, щIэныгъэ къэхутэныгъэмкIэ проректор Хьэшыр Светланэ, ЩIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ я фIагъыр къэхутэнымкIэ центрым и унафэщI Квашин Виталий сымэ.

Зэхуэсым и лэжьыгъэр унэтIыныгъэ зыбжанэу зэхэтт. «Геополитикэ гугъуехьхэм япкъ иткIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм ирагъэкIуэкI щIэныгъэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр: щыIэ щытыкIэмрэ къапэщылъ Iуэхугъуэхэмрэ» зыфIаща къудамэм щекIуэкIа псалъэмакъым хэтащ Алътуд Юрэ. Абдеж нэхъыбэу щытепсэлъыхьащ къэхутэныгъэ лэжьыгъэм псом япэ щигъэщыпхъэ Iуэхугъуэхэм, урысей щIэныгъэм щIалэгъуалэр къыхэша икIи дунейпсо зэпыщIэныгъэхэр зэфIэгъэувэжа зэрыхъунум. А къудамэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм хэта Хьэшыр Светланэ и къэпсэлъэныгъэр зытеухуауэ дытар щIэныгъэ лэжьыгъэ езыгъэкIуэкIхэм я зэлъэIэсыкIэ зэрыхъунурщ, унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэт щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэр зэгъэуIуа зэрыхъунырщ.

Урысейм и ректорхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIым и чэнджэщэгъу, Егъэджэныгъэм и фIагъыр къэзылъытэ «RAEX» IуэхущIапIэм и унафэщI Гришанков Дмитрий и Iэ зыщIэдза фIыщIэгуапэ тхылъыр КъБКъУ-м къыхуагъэфэщащ еджапIэ нэхъыщхьэм зиужьыным, щIэныгъэр еджэныгъэм хэпщэным хуищI хэлъхьэныгъэм папщIэ.

Апхуэдэу зэIущIэм къыщыхалъхьащ Урысейм и еджапIэ нэхъыщхьэ нэхъыфI дыдэхэм я рейтингыр. «RAEX-I00» зи фIэщыгъэ а рейтингыр bl;s епщыкIузанэрэ ягъэхьэзыр икIи университетхэмкIэ, еджакIуэхэмкIэ, лэжьыгъэ IэнатIэрэ къулыкъукIэ къызэзыгъэпэщхэмкIэ, къэпщытакIуэхэмкIэ гъуазэу щытщ. Кавказ Ищхъэрэм ит еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщу абы хыхьащ ди университетыр, Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэ университетыр, Ставрополь къэрал мэкъумэш университетыр.

Къыхэгъэщын хуейщ КъБКъУ-р илъэс зыбжанэ хъуауэ нэхъыфIу къалъытэ университетищэм зэрахэхуэр. КъБКъУ-м мы гъэм 95-нэ увыпIэр иубыдащ. Абы къищынэмыщIауэ, лэжьыгъэ IэнатIэрэ къулыкъукIэ цIыхухэр къызэзыгъэпэщхэр университетым къыщIэкIхэм къазэрыщIэупщIэ теухуауэ 75-нэ увыпIэр, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэу иригъэкIуэкIым и лъэныкъуэкIэ 89-нэ увыпIэр иубыдащ.

 «RAEX-I00» рейтингыр щагъэхьэзыркIэ, цIыху мин 85-м щIигъум упщIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зыхуагъазэ. Абы хохьэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм щылажьэ егъэджакIуэхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ, студентхэр, ахэр къэзыухахэр, лэжьыгъэ IэнатIэрэ къулыкъукIэ къызэзыгъэпэщхэр.

Рейтингым хыхьэн щхьэкIэ 2022 гъэм зыкъагъэлъэгъуат къэралым ит еджапIэ нэхъыщхьэ 704-м щыщу 206-м. Езы «RAEX-I00» рейтингым егъэджэныгъэ пщалъэхэм я фIагъыр къэзыхутэ, егъэджэныгъэм и мардэхэр къэзылъытэ, щIэныгъэ щапхъэхэр зэпэзылъыт IREG Observatory дунейпсо IуэхущIапIэм и щыхьэт тхылъ иIэщ, дзыхь зэрыхуищIыр къигъэлъагъуэу. Рейтингым хиубыдэ еджапIэ нэхъыщхьэхэр къыщIыхахам и щхьэусыгъуэхэр зэхэхауэ иту тхыгъэшхуэ Rating Review щIэныгъэ журналым къытрадзэ.

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ