Адыгэпсэм и лъапсэр

Дыгъэр къепсщ, псым хэпсэщ, нурыфIэу зэщIэблэри - псэр къэхъуащ. Псэм дахагъэу иIэмрэ плъыфэу абы игъуэтымрэ пхуэмытхынщ. Къару мыкIуэщI псэм зэрыхэтым и щыхьэтщ «псибл иIэщ» жыIэгъуэри. ФIыгъуэу, хужьыгъэу щыIэр зыхэлъ псэр цIыхухэм зэхуэдэу, зэщхьу ДыкъэзыгъэщIам къыщытхилъхьэкIэ, къыщытIуилъхьэкIэ, дипкъ щригъэувэкIэ, зэман зэрыдэкIыу языныкъуэхэр щхьэ нуркIэ мыблэжрэ, сыт дахагъэ еджэу щIыщымытыжыр? 
Ар псэр йозэшри арагъэнущ. Ауэ ар пэжмэ, си адэ и псэр гуапагъэкIэ сыт щыгъуи щIэтыгъэр, си анэм и псэр лъагъуныгъэкIэ щхьэ сигъэнщIрэ, си шыпхъухэм я псэхэр гулъытэкIэ сыт щIэкъулейр?
 Сыт сэ си псэр щIэ-адыгэпсэр? Абы и щхьэусыгъуэр къытхуэмыщIэ-къытхуэмыгъуэтми, Iейм дызэрыпэмыджэрщ, лейкIэ адрейхэм дазэрыпэмыувырщ. 
Псэ зыхэмытыр мащIэщ дыкъэзыухъуреихьым. Жыг гъагъэми, удз зыкъызэкъуэзыхми, бзуущхъуэ хурзэми, Iуащхьэмахуэшхуи, псы цIыкIу ежэхми я псэ яIэжщ. КъызэрысщыхъумкIэ, нэм фIэдахэ, гум ехуэбылIэ, удэзыхьэх, узыгъэгушхуэ, гуфIэгъуэ къозыт дэтхэнэми а къыббгъэдилъхьэр псэкIэщ зэрызыхэпщIэр. Псэ махэ зиIэ, налкъуту зэщIэблэр теплъэкIи гуакIуэщ, хьэлкIи Iэдэбщ. Пасэм щыгъуэ «фIыуэ узолъагъум» кърагъэкIыр «уи псэр солъагъу» жиIэу арат. ПсэкIэ зэрыщIа цIыхуитIым яку къыдэхъуэ дахагъэр иужькIэ «лъагъуныгъэм» хуашащ...
НобэкIэ си псэр гугъу куэдрэ щехь щыIэщ. Абы и плъыфэкIэ зихъуэжауэ, пкърылъ фIыгъуэкIэ мащIэ хъуауэ аракъым. Сыкъэзыухъуреихь, зэхэсх, слъагъу мыхъумыщIэ куэдыр псэм тогъуалъхьэ, екъузри аращ. Тхьэм ирещIи, абыи сыпэлъэщынщ. Сыпэлъэщынщ, сыту жыпIэмэ дыгъэр къепсу зыхэпса псым къыщыхъуа си цIыхупсэр къызэзытар щыIэри, щыIари, щыIэнури зи IэмыщIэ илъ Алыхьырщ.

Псысэм и вагъуэ

Зы зэман лъагъуныгъэ мыкIуэщIкIэ сызыпэплъа нэхэм нобэ сащIэплъати, гукъутэр къысхуагъэкIуащ. Мы дунейм зы дахагъэ тетмэ, абы и къежьапIэу, уеблэмэ курыхыу къысщыхъуу псэкIэ сыщыдэгуэша пщащэр псысэм и вагъуэ ижу, шыпсэм и зэщIэлыдэ хъуаскIэу щхьэ кIуэдыжа? Узэзгъэщхьи, узэслъыти, узыпэсщIи щыIакъым, зыгуэрым уеслъытмэ, уезгъапщэмэ, уиIэ дахагъэр фагъуэ сщIыуэ къысфIэщIырт .Къуалэбзуубзэу упсалъэу, уи жыIэм пэжыр и гъуазэу, напIэр дэпхьеямэ, нэхугъэкIэ дунейр къэтыгъэу, удыхьэшхамэ, гуфIэгъуэ зэпыту, лъакъуэхэр пчамэ, псым ес къыу хужьу укъысщыхъурт. Куэдрэ си гупсысэхэр плъахъэрт. Абыхэм уэрэ сэрэ унагъуэ лъапсэр тхуаухуэу, дыхьэшх макъкIэ гъэнщIа пэшым сабий дыгъэ-щыгъэхэр щагъэджэгуу, уи псэр си псэу, си псэр уи IэмыщIэу дагъэпсэурт. Узинасыпу къызжезыIа си нитIыр, хуабагъэкIэ бдэгуашэу щыта мы си гур сысеижкъым иджыкIэ. Гъатхэ жыгым и гъагъэр зэрыпыщэщыжым хуэдэу пыкIуэсыкIащ, бзэхащ, зигъэпщкIуащ лъагъуныгъэм. Зи Iэпэр пIыгъыу услъэгъуа щауэм иджы нэщыпхъуэкIэ хуэтыгъэ...

Уи деж

Бгъэгум имыхуэжу ар къызэзэвэкI хъуа мы си гур зэрызутIыпщу, абы и теплъэкIэ зихъуэжщ, къызэплъыж-нызэплъри, хьэндырабгъуэ зэмыфэгъу-зэмыщхьу уи деж гъуэгуанэ ныхашащ. Я кIуапIэ ящIэжу, зыхуэлъатэм щыгъуазэу, махэ дыдэу зэми къыпфIэщIу, зэми къару лъэщ къалъыкъуэкIрэ жьапщэми пэувыфу апхуэдэщ ахэр. Дахагъэеджэ уэрщ яхуэхъуари, хэти дыщафэщ, хэти налкъутщ. Абыхэм гъатхэм и гъагъэр я гъащIэщ, бзуубзэ макъыр я бзэщ, дыгъэ-нагъуэ къепсым и бзийхэр я псэщ. ЦIыхухъу хьэл-щэн быдэ сиIэми, тIэкIу ткIийуэ сыщытми, щабэ, гуапэ сыщIэхъур уэращ. Сызэрыпагэр уи дахагъэщ, къару къызэзытыр нэхэм къащIих нурым и кIапэхэрщ. Си гур ныпхуолъатэ хьэндырабгъуэу. Ныпхуэлъатэ къудейкъым, атIэ абы зыми ямыIэ гухэлъыр ныпхуахь...

Лэгъупыкъур зи плъыфэ насып

Лъагъуныгъэ къызыщIих нэхэм дахагъэкIэ пэлъэщын щыIэкъым. Нэхэм я плъыфэм зихъуэж закъуэкъым, атIэ абыхэм къару лъэщ гуэр ящIыболъагъуэ. УзыщIэплъэ нэхэм уахэджэрэзыхьа нэужь, зи гугъу сщIы къарум уелъахъэ зэми, зэми уегъэлъатэ. ПыухыкIауэ плъыфэ яIэкъым апхуэдэ нэхэм, лэгъупыкъур нэ кумбым щыджэгуу къыпфIощI. ПлъыфэхэмкIэ джэгун ирикъуа нэхэм налкъуткIэ захъуэжри, мис итIанэщ абы щIэплъам кIэухыр къыщыхуэкIуэр. А псори зи къарур лъагъуныгъэрщ. Абы хузэфIэмыкI, имыщIэф щыIэкъым: езым и бзэ, псалъэ, макъамэ иIэжщ. ЦIыхум лъагъуныгъэ зэриIэр къозыгъащIэр нэхэрщ. Дахагъэ мыкIуэщI къызыщIих нэхэр зытедия цIыхум сыту и насып!
 

МАХУЭЛI Беслъэн. Москва къалэ.
Поделиться: