ГъащIэ узыншэм и хъумакIуэхэр

СССР-м и Совет Нэхъыщ­хьэм и Президиумым 1980 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м унафэ къищтауэ щытащ Медицинэм и лэжьакIуэм и махуэ ягъэувыну. Абы щегъэжьауэ, илъэс 40-м щIигъуащи, мэ­къуауэгъуэм и ещанэ тхьэмахуэ ­махуэр цIыхухэм я узыншагъэр, гъащIэр хъумэнымкIэ Iэ­натIэм пэрытхэм я махуэшхуэщ.

Дэтхэнэ зы IэщIагъэми ­гъащIэм мыхьэнэшхуэ щиIэщ, ауэ  ар  медицинэм епхамэ, абы пылъ жэуаплыныгъэр куэд­кIэ нэхъ инщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ а унэтIыныгъэм и лэжьакIуэхэм цIыхум нэхъ ­лъапIэ дыдэу иIэр - и узын­шагъэр, и гъащIэр - дзыхь ­хуащI. Абы къыхэкIыу я Iэзагъэм, щIэныгъэм хагъахъуэ зэпыту екIуэкIын хуейщ, медицинэм щIэуэ къыхыхьэ псори   я лэжьыгъэм нэсу къыщагъэ­сэ­бэпыфын хуэдэу.
Дэтхэнэ зы унэтIыныгъэми хуэдэу, медицинэми зэхъуэ­кIыныгъэхэр къыхыхьащ, зэ­пы­мыууэ зызыхъуэж зэманым къыздихьащ узыр псынщIэу, щыуагъэншэу къэхутэнымкIэ сэбэпышхуэ хъу Iэмэпсымэ-щIэ куэд. Апхуэдэу щытми, сымаджэм и дежкIэ нэхъыщхьэр дохутырым и гу щабагъырщ, псэ къабзагъырщ, и гущIэ­гъурщ, и зэхэщIыкIырщ, и псалъэ гуапэхэрщ. Мис ахэр псо-ри зэуIуу хэлъын хуейщ ме­дицинэм и лэжьакIуэ нэсым. Ди гуапэ зэрыхъущи, респуб­ликэм и мащIэкъым зыпэрыт IэнатIэм зэфIэкI лъагэхэр щызиIэ, цIыхухэм зи цIэр фIыкIэ ираIуэ дохутырхэр. Апхуэдэуи ди щIыналъэм щыщ дохутыр куэд щытхъурэ фIыщIэрэ яIэу щолажьэ Урысейм и хэгъэгухэм я мызакъуэу, хамэ къэ­ралхэми.
Узыншагъэр хъумэнымкIэ  IэнатIэр иджы къэрал поли­тикэм щагъэнэхъапэхэм ящыщщ. Ди республикэр ­къэт­щтэнщи, иужьрей илъэс­хэм абы зэхъуэкIыныгъэфIхэр къыщыхъуащ: медицинэ IуэхущIапIэщIэхэр яухуащ, куэдым зэгъэпэщыжыныгъэ лэ­жьыгъэхэр щрагъэкIуэкIащ, ахэр иджырей IэмэпсымэхэмкIэ къызэрагъэпэщ, щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырынми гулъытэ ­хэха хуащI.
 Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэ-кIэм, дауи, къегъэлъагъуэ цIы­хухэм узыншагъэ быдэ яIэу псэуным хуэунэтIа лэжьыгъэ купщIафIэ егъэкIуэкIыныр къэ­­рал политикэм щагъэнэ­хъапэхэм зэращыщыр. Ипэ­жыпIэкIэ дохутыр IэщIагъэр къыхэзыхахэм къалэ­ныш­хуэ я пщэ къыдохуэ, жыпIэнурамэ, абыхэм я дежщ жылагъуэ узыншэм и лъабжьэр къыщежьэри, ахэращ адэкIи   зэ­рызиужьынури куэдкIэ зэ­лъытыжар. Абыхэм я псэе­мыблэж лэжьыгъэм и фIыгъэкIэ цIыху мин бжыгъэхэр уз шынагъуэм къыIэщIэкIыфащ, гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ  яIэу дуней щIэращIэм хэплъэжащ.
Медицинэм и лэжьакIуэ ­псоми я махуэшхуэмкIэ до­хъуэхъу. ЕхъулIэныгъэ, узыншагъэ быдэ яIэу, фIыщIэмрэ щытхъумрэ щымыщIэу, цIы­хухэр къахуарэзыуэ, я лэ­жьы­гъэм и хъер ялъагъуу я  IэнатIэ мытыншыр ирахьэкIыну ди ­гуапэщ.

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться: