Дохутыр IэщIагъэр зыхуэфащэ

ЦIыхум и дуней тетыкIэм пщалъэ хуэхъури абы и пщIэр къыхуэзыхьри и IуэхущIафэхэрщ. Зи хьэл-щэнымкIэ, лэжьыгъэм хуиIэ бгъэдыхьэкIэмкIэ зи цIэр фIыкIэ жаIэ бзылъхугъэщ Налшык дэт поликлиникэ №1-м и махуэ стационарым и унафэщI Къэнэмэт Людмилэ Руслан и пхъур.

Людмилэ Налшык къалэ къыщалъхуащ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и медицинэ факультетырщ щеджар. Медицинэм и лэжьакIуэу къыщыщIидзар «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэ» станцырщ. 
- Къыхэсха IэщIагъэм и щэху куэд къыщысщIащ абы. Сызыдэлэжьа гупыр зэрыIыгът, Iуэхум сыхэгъуэзэнымкIэ сэбэпышхуэ къысхуэхъуащ ахэр. Куэдрэ гуапэу сигу къокIыж а зэманыр, - жеIэ Людмилэ. 
ИужькIэ ар илъэс 18-кIэ щылэжьащ Налшык къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м. 2011 гъэм щегъэжьауэ Къэнэмэтыр щыIэщ Налшык дэт поликлиникэ №I-м. А IуэхущIапIэм щызэдехь лэжьыгъищ: терапевтщ, нефрологщ, махуэ стационарым и унафэщIщ. Абыхэм языхэзри тыншкъым, ауэ мы бзылъхугъэр и къалэным фIы дыдэу йохъулIэ, зыкIэлъыплъ дэтхэнэри къыхуэарэзыщ.
Илъэс 25-рэ хъуауэ дохутыр IэщIагъэм пэрыт Людмилэ и Iуэхум дагъуэншэу зэрехъулIэр си щхьэкIэ згъэунэхуащ. Адрей псоми хуэмыдэу, дохутырым Iэмал имыIэу хэлъын хуейщ щабагъэри гуапагъэри. Узым тэмакъкIэщI ищIа сымаджэр икъукIэ зыхуэныкъуэщ ахэр. Къэнэмэтыр сымаджэм щепсалъэкIэ и бзэ IэфIагъымкIэ и щытыкIэр нэхъыфI ищIыжу къыпщохъу. Сымаджэхэр зыщIэлъ палатэм махуэм тIэу-щэ къытригъэзэжурэ щIыхьэу апхуэдэщ, игу къыпхуэмызэгъауэ и пIэ итIысхьэжынукъым. ШыIэ хэлъу, гуапэу яхущытщ ар дэтхэнэ зыми. «Сыту цIыхугъэшхуэ хэлъ! Сыту цIыху дыщэ! Емызэшыж лэжьакIуэшхуэщ! А бзылъхугъэ цIыкIум и Iэпэ щабэхэм къапкърыкI къарур дэ хущхъуэ лъэщ тхуэхъуащ. Людмилэ и Iэпэхэр зэIусам гукъыдэж иретыжыф», - мис а псалъэхэрщ абы хуэгъэзауэ сымаджэхэм жаIэр. 
- Сызэрысабий лъандэрэ си хъуэпсапIэт дохутыр сыхъунуи, зэи сыхущIегъуэжакъым. Си лэжьыгъэр фIыуэ солъагъу, пщэдджыжь къэс Iуэхум гукъыдэж хузиIэу IэнатIэм сыпэрохьэ. Узым къыхигъэзыхьу, зи нэгум гуфIэ имылъыжу зи щхьэ къызэзыхьэлIа сымаджэр нэщхъыфIэ хъужауэ щыслъагъукIэ сэри абы дэрэжэгъуэ къызет, си IэщIагъэм и мыхьэнэри нэхъ куууэ зыхызощIэ, - жеIэ Людмилэ.
Унагъуэ дахи иIэщ Къэнэмэт Людмилэ. Абы и щхьэгъусэ Аслъэнбии дохутырщ, реаниматологщ. Я хъыджэбзитIми - Данэрэ Элинэрэ – юрист, экономист IэщIагъэхэр зрагъэгъуэтащ. 
ТеплъэкIи псэкIи цIыху дахэщ зыхужаIэхэм ящыщщ Къэнэмэтыр. Сэ сызэреплъымкIэ, ар бзылъхугъэ нэсым и щапхъэщ. Абы дэблъагъу хьэлыфI псори дохутыр IэщIагъэр къыхэзыххэм яхэлъамэ, дауи, самаджэхэм я гукъеуэр куэдкIэ нэхъ мащIэнут. И зэфIэкIым хэхъуэу, гуфIэгъуэмрэ дэрэжэгъуэмрэ щымыщIэу, и псэемыблэж лэжьыгъэм унафэщIхэм я деж гулъытэ щиIэу и IэнатIэм куэдрэ пэрытыну ди гуапэщ.
 

 

Хъыжьрокъуэ Сэлисэт.
Поделиться: