Иужьрей щэбэтым ягъэлъапIэ

IэмэпсымэщIэхэр къэзыгупсысхэмрэ (рациона­лизаторхэмрэ) инженерхэмрэ я махуэр гъэлъэпIэ­ныр, адрей илъэсхэми хуэдэу, мы гъэми мэкъуауэ­гъуэм и иужьрей щэбэтыращ зытехуэр.

Зи гугъу тщIы махуэр зэдаIэт къыхаха IэщIагъэм иригушхуэ инженерхэм, техникэм зегъэужьыным зи гупсысэр тезыухуа щIэныгъэлIхэм, проектхэр щагъэ­хьэзыр IуэхущIапIэхэм щылажьэхэм, абдежым къы­щагупсысахэр тхылъымпIэм къизыхыу япэ дыдэу зэхэзыгъэувэхэм, къэралым, жылагъуэм дежкIэ сэбэ­пышхуэ хъу бгъэдыхьэкIэщIэхэр къыхэзылъхьэхэм, абыхэм ящыщу щыхьэт тхылъхэр (автору зэрыщы­тымкIэ) зратахэм, предприятэхэм я механикхэм, конструктор Iэзагъэм хуэIэижь гупжьейхэм екIуалIэхэм. А махуэр зэдагъэлъапIэ IэщIагъэ щхьэхуэ щызрагъэ­гъуэт еджапIэхэм щIэсхэмрэ я гъэсакIуэхэмрэ, тех­никэр фIыуэ зылъагъухэмрэ абыхэм я ныбжьэ­гъухэм­рэ.

IэщIагъэлI гумызагъэхэр мыхъуатэмэ

БлэкIам дриплъэжу къыхэдгъэщынщи, Рационализаторхэмрэ инженерхэмрэ я махуэр гъэ къэси гъэ­лъэпIэным теухуауэ СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым 1980 гъэм Унафэ къищтат. Къыхэдгъэ­щынщи, а лъэхъэнэр зыужьыныгъэм ехьэлIа сыт хуэдэ жэрдэмыщIэри ди къэралым псынщIэ дыдэу къыщапхъуатэ зэмант.
ЩIы Хъурейм и блэкIам щыщу зыхэтщIыкIым дри­гъуазэмэ, гу лъыдмытэнкIэ Iэмал иIэкъым Iэмэ­псы­мэщIэхэр къэгупсысыным, зэхэгъэувэным зи акъыл тезыухуа IэщIагъэлI гумызагъэхэр димыIатэмэ, цIыху­хэм къэдгъащIэм щIэщыгъуи тыншыгъуи хэдмыгъуа­тэу дыпсэункIи хъунт.
АтIэми, зэрытщIэщи, тхыдэм и кIуэцIкIэ зэхагъэува, къагупсыса Iэмалхэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ куэд дыдэ мэхъу. Абыхэм я нэхъыбэр зыхуэгъэзар, ищхьэкIэ ­къы­зэрыщыжытIащи, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэ­кIуэнырщ, ипэкIэ гъэкIуэтэнырщ. Уеблэмэ, жыжьэ дыди дымыкIуэу къыхэдгъэщынщи, джыдэ-уадэ хуэдэхэр ди адэжьхэм къамыгупсысатэмэ, бжэгъур ди Iэщэрэ мывэр ди пхъэIэщэу щыщыта лъэхъэнэ жыжьэхэм дакъыфIэмыкIыфу иджыри къыздэсым етхьэкIынут.

Тхыдэм щыщщ

Пэжщ, щыIащ псэуныгъэм пыщIа Iуэхухэр къытщызыгъэпсынщIэ, нэхъ тынш къытщызыщI Iэмалхэр къэзыгупсысхэр Тхьэшхуэм пэщIэувэхэм ящыщу къыщалъыта лъэхъэни. Жыжьащэ дымыкIуэу къыхэдгъэщынщи, апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм и телъхьэт (тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ) Урыс къэралыгъуэм и зэфIэгъэувэ­гъуэм и тепщэу щытахэм ящыщ Иван Ябгэр. Абы къызэрилъытэу щытамкIэ, цIыхухэм я гъащIэм щIэ гуэр къыхэплъхьэну ухуиттэкъым, ар КъэщIыгъэм, щIы­уэпсым пэщIэувэу къибжырти. АрщхьэкIэ, абы щхьэкIи къэмынэу, цIыхухэм я гупсысэр, къахузэте­мыгъэувыIэу, ипэкIэ кIуатэ зэпытурэ екIуэкIащ.
Дыщыпсэу лъэхъэнэмкIэ къедгъэзэкIыжынщи, 1929 гъэм къыщыщIэдзауэ иджыри къыздэсым ди къэралым мазэ къэс къыщыдокI «Изобретатель и рационализатор» зыфIаща журнал цIэрыIуэр. Ар япэ дыдэу дунейм къыщытехьам, и напэкIуэцIхэм ящыщ зым къытрадзат физик гъуэзэджэ Эйнштейн Альберт журналым къызэрехъуэхъуауэ щыта и псалъэ гуапэхэр.

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: