ТекIуэныгъэр и Iэпэгъуу

 Хэку зауэшхуэм и гугъу щащIкIэ, куэдрэ зи цIэ къраIуэхэм ящыщщ екIуэкIыркъым Совет Союзым и Маршал Жуков Георгий . Ар къызыхэкIри гурыIуэгъуэщ: абы а зауэм щызэфIигъэкIар гъунапкъэншэщ. Ауэ ар цIэрыIуэ хъуакIэт ипэIуэкIи. I94I гъэм мэкъуауэгъуэм и 22-м Жуковыр ирихьэлIат дзэм и генералу, ЛIыхъужьым и дыщэ вагъуэр и бгъэм хэлъу. Хуэфащэу къилэжьат: Халхин-Гол и деж щытекIуа иужь, японхэр зэи тегушхуэжакъым СССР-м и гъунапкъэхэм къеIэну. Хэбгъэзыхьмэ, фашист Германием егъэлеяуэ къытрикъузэ пэтми. Фигу къэдгъэкIыжынщи, нэгъуэщI дзэзешэ икIи маршал Блюхер Василий, Жуковым и къулыкъур нэхъапэм зыIыгъам, зы ехъулIэныгъи а IэнатIэм щиIакъым, ауэ ар нэгъуэщI Iуэхущ.
 Жуковыр Штаб нэхъыщхьэм и унафэщIуи щытащ, ауэ и хьэлкIэ ар дзэзешэт, зауэ IуэхухэмкIэ езы Сталиным еныкъуэкъун шынэртэкъым. Мыдрейми пщIэшхуэ хуищIырт абы и жьэнахуагъэм. Совет Союзым и дежкIэ псом хуэмыдэу хьэлъэу щытащ Хэку зауэшхуэм и япэ илъэситIыр. Ауэ ди тхыгъэр зытедухуам куэдкIэ и фIыгъэщ I94I гъэм и дыгъэгъазэм Дзэ Плъыжьым Москва и деж къыщихьа текIуэныгъэр. Дуней псом илъэгъуащ фашист Германиер узыпэмылъэщын къарууэ зэрыщымытыр, абыи тIасхъапIэхэр зэриIэр. Пэжу, Сталинград зэхэуэм зи гугъу тщIы маршалым къалэн нэхъыщхьэ щигъэзэщIакъым: ар а зэманым дзэ и IэмыщIэ илъу абы хэтакъым, ставкэм и лIыкIуэу хэтауэ аркъудейщ. - Сталиным игъакIуэрт Iуэхур щынэхъ гугъу щIыпIэхэм. Жуковыр лъаIуэрт фронт е армэ кърату ягъэзэуэну, арщхьэкIэ Командующэ Нэхъыщхьэм къыхуидэртэкъым. Аурэ къэсащ нэгъуэщI зэман. Тхыдэджхэм ятхыж мыпхуэдэ теплъэгъуэ.
 «I945 гъэм и гъатхэм Сталин Иосиф псэлъащ Япэ белорус фронтым и Iэтащхьэм и деж икIи, тIэкIу зрилъэфыхьа иужь, жриIащ:
-Уэ уагъэув ЕплIанэ украинэ фронтым и унафэщIу.
-Ар сфIэзахуэкъым, ныбжьэгъу Сталин! Сыт сэ удын нэхъыщхьэр Берлин ездз щIэмыхъур,-жиIащ мыдрейм, зэхихар и жагъуэ хъуауэ.
-Япэ белорус фронтым и унафэщIу ягъэув маршал Жуковыр. Дауэ уеплърэ?
-Абы хуэфащэщ а къулыкъур,-жиIащ Рокоссовскэм: нэгъуэщI сыт пидзыжынт?
-Берлин къэфщтэнущ щым: Жуковым, уэ, Коневым.
ЖыIэн хуейщ къалэн нэхъыщхьэр зыгъэзэщIар Жуковым и дзэр зэрыарар. Абы щыгъуэми, и цIыхуу хэкIуэдар нэхъ мащIэт, нэхъ лъыгъажэ гуащIэ дыдэхэм хэтами.
Хэку зауэшхуэм иужькIэ дзэзешэ акъылыфIэ дыдэр зэми ягъэулъийуэ, зэми яIэту екIуэкIащ. Германием мылъку къришауэ игъэкъуаншэри, Сталиным ар Москва дигъэкIащ: Одессэ дзэ округым и унафэщIу игъэкIуат. Вождыр лIа иужь, Хрущев Никитэ Жуковыр иIэтыжащ, зыхъумэжыныгъэмкIэ министру игъэуври. ЦК-м и Президиумымрэ Хрущеврэ щызэщыхьам, иужьрейр и къулыкъум къызэрытенар Жуковырщ зи фIыгъэр. Ауэ апхуэдэ башыр и щхьэм къытехуэжащ. Хрущев лIэн-къэнэну щышынащ а лIам бгъэдэкI зэфIэкIым икIи щхьэусыгъуэ гуэрхэр къигъуэтри СССР-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и министр къулыкъур щхьэщихащ. «ТекIуэныгъэм и маршалкIэ» зэджэ цIыхум зыри хуэмеиж хъуащ. А хабзэ бзаджэр куэд щIауэ щызокIуэ ди къэралым: дыгъуасэ драхьеяр нобэ хаутэ…
Ауэ жытIэн хуейщ Жуков Георгий политикэ властым зэи зэрыхущIэмыкъуар. Абы щыгъуэми, генерал Шарль де Голль Франджым, генерал Эйзенхауэр Дуарт США-м я президент хъуахэщ. Жуковми тыншу хузэфIэкIынут властыр зыIэщIигъэхьэну, ауэ хуеякъым, икIи ар нэхъыфIщ: абы къыхуигъэщIатэкъым а цIыхур. Ар тхыдэм къыхэнащ нэхъ дзэзешэ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщу.

Шал Мухьэмэд.
Поделиться: