Афэ джанэм и таурыхъ

Мы хъыбарыр къэзыIуэтэжар си адэшхуэ МахуэлI Жантемырщ. Ар сэ къызжезыIэжар си адэ Замирщ. «Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэхэм сывдогуашэ а Iуэтэж хьэлэмэтымкIэ.

 

Зэман куэд дэкIакъым адыгэ жьэгум пэрыс цIыхухэм я жэщтегъэууэ таурыхъхэр, шыпсэхэр, уэрэдхэр, къежбэкIхэр зэрыщытрэ. Я зэшыр трагъэуми, гъэщIэгъуэнагъ гуэрхэр къахутэми, хабзэ зыхалъхьэми цIыхухэм фIы дыдэу ялъагъуу щытащ пщыхьэщхьэхуегъэзэкIыр. Къуажэ къэси зи жьабзэр екIуу гъэпса, жиIэмкIэ куэдыр къыдэзыхьэхыф цIыху телъыджэхэр псэугъащ. Апхуэдэ цIыхуу щытащ си адэшхуэ МахуэлI Жантемыр. Пщыхьэщхьэ щIагъуэ щыIакъым, зэрыжаIэжымкIэ, ди унэ лъэгу цIыху имысу. Жьэгум и мафIэ хуабэм пэрыс дадэ жьакIэхум и псалъэхэр иришажьэу къеблэгъа-кърихьэлIахэр дуней телъыджэм щигъэхьэщIэн ипэ къихуэу анэшхуэм (МахуэлI Iэминат) Iэнэр къызэтригъэувэрт, хугу пIастэм лы гъур гъэжьар дыщIигъурт, мэжаджэ, хьэлIамэ пщтырхэмкIэ зи ныбэр из зыщIахэр псыкIэ зэIыхыжа шхупсым иригъафэрти, итIанэ дадэ и жыIэр ишэщIырт.
Езым и гъащIэм щилъэгъуа Iуэхугъуэхэу щытми, жаIэжу зэхихами, къигупсысами дадэ жиIэмкIэ зытрагъэурт цIыхухэм, къыщыхъу щыIэт зы пщыхьэщхьэм къригъэжьа таурыхъым жэщ зыбжанэкIэ кIэух щимыгъуэт. Бзэ дахэ зиIэ, екIуу псалъэ дадэ жиIэжауэ ди деж къэсыжар мащIэу щытми, къыхэгъэщыпхъэщ IуэрыIуатэр зэхуэзыхьэсыжу къуажэ-къуажэкIэрэ къэзыкIухьу щыта КъардэнгъущI Зырамыку мызэ-мытIэу ди унагъуэ зэрыщыхьэщIар. ИужьыIуэкIэ абы къыдигъэкIыжа тхылъхэм информатору къыщигъэлъэгъуахэм яхэтщ МахуэлI Жантемыр Мыхьмуд и къуэр.
Дзапэ уэрэдыжьхэри къришу щытыгъами, си адэшхуэм нэхъ къехъулIэу щытар таурыхъхэр, хъыбархэр, шыпсэхэр аращ. Ари гурыIуэгъуэщ зы лъэныкъуэкIэ. Гугъуехь куэдым пэщIэта, куэд зылъэгъуа адэшхуэм жиIэжыр нэхъ зытегъэщIар фIыр арат, абы сытым щыгъуи фIыр Iейм тригъакIуэрт. Апхуэдэуи абы къигъэпсалъэрт уафэгум ит бзухэр, щIылъэм щызекIуэ-щыпсэу псэущхьэхэр, къигупсыса иныжьхэр, алмэстыхэр. Нобэрей махуэхэм таурыхъ жызыIэхэр мащIэ дыдэщ, уеблэмэ щымыIэнкIи хъунщ. Пасэм жаIэжа, яуса, Iэмал зэриIэкIэрэ ятхыжа таурыхъ, шыпсэ, псысэхэм къару ящIэтщ, абыхэм лъэпкъым и гъащIэм ущIагъэгупсыс, блэкIам пщIэ хууагъэщI.
Сыт и уасэ-тIэ къагупсысами, пэжу къэхъуами ямыщIэу къаIуэтэж таурыхъым ущIэдэIуну?! Шэч хэмылъу, гухэхъуэгъуэщ! НтIэ, а зэман жыжьэм тIэкIу дыхэвгъэбэкъуэжи, ди нэгу къыщIэдвгъэгъэхьэ дадэ жьакIэхур жьантIэм къыдэсу таурыхъыр тхуигъэпсу, дэри а дадэм дыкъепщIэкIарэ дэтхэнэ зы псалъэри гъэщIэгъуэн, телъыджэ тщыхъуу. Махуэ псом ди зэхуэсым пэплъа ди дадэм и псалъэхэр макъыбэу ешэщI, «Афэ джанэм и таурыхъым» къыщIедзэ.
 КIуэм-лъейм, кIуэм-лъейуэрэ Шыбзыхъуэхэ я щIалэр мэзым нэсат. Мы щIыпIэр абы фIыуэ имыцIыху пэтми, ар икъукIэ хущIэкъурт Шэджылэ къуажэм нэхъ псынщIэIуэу нэсыну. Илъэс нэблэгъат Къантемыр и шыпхъур зэримылъагъурэ. ЩIалэм къыщыхъурт Шэджылэ яша шыпхъум зихъуэжауэ, нэхъ дахэ хъуауэ. А гупсысэм здыхэтым Къантемыр зэхихащ «фий» макъ гуэр. Макъыр нэхъ пэгъунэгъу щыхъум, щIалэм илъэгъуар игъэщIэгъуащ: бгъэшхуэм хуарзэу къыздилъэтыхь щIыпIэм «фий» макъыр нэхъ ин щыхъурт, тхьэкIумэми нэхъ къиIуэрт. Шым епсыхщ щIалэри, макъыр зыгъэIум хуэкIуащ. А макъыр зыгъэIур блэжь цIыкIут. Абы бгъэм зритыну игу къигъэкIыртэкъым.
ЩIалэм ар щилъагъум шым къепсыхщ, и щIопщыр ишэщIри, блэжь цIыкIум абы зыкъришыхьэкIащ. ЩIопщым фIэлъ блэжь цIыкIур и теплъэкIэ нэр дэзыхьэхт. Дыгъэ-нагъуэ къепсым и бзийхэр зытелъэщIыхь блафэм зихъуэжырт. Къантемыр мурад ищIащ шым шэсыжу мэзыбгъум деж блэри щигъэтIысыну. Апхуэдэуи ищIащ. Махуэ зыбжанэ хъуауэ гъуэгу тета щIалэм мэзыбгъум щежэх псыр къызэрилъагъуу, Iэпкълъэпкъыр нэхъри щIэлIащ, уардагъэ зыхэплъагъуэ пкъым зигъэпсэхумэ нэхъ къищтащ. Блэжь цIыкIуми тIысыпIэ гуэр иритри, Къантемыр етIысэхащ, еша щIалэри занщIэу Iурихащ. МащIэрэ жея – куэдрэ жея, сытми къызэщоуж. Плъэмэ, елъагъу: щIалэм и сэмэгурабгъумкIэ дыгъэм пэлыдрэ дыщафэкIэ иIауэ афэ джанэ къыщыщылъщ. Къантемырым зиплъыхьащ, адэкIэ-мыдэкIэ жащ. А Iуэхугъуэм и пэжыпIэр зыщIэр, ар къыздикIам, хэт къыхуигъэтIылъами щыгъуазэр щIалэр зытес шыр арат. Ауэ абы и «псалъэмакъым» зыри кърихыфакъым щIалэм.
Апхуэдэу щыхъум, афэ джанэр зыщитIэгъащ Къантемырым. Ар абы хуадащ жыпIэнт, апхуэдизкIэ екIурти. Афэ джанэр зыщыгъ щIалэм шым зыкъытридзэри, и гъуэгу хигъэщIыну ежьэжащ. Махуэ зыбжанэ дэкIауэ, пщыхьэщхьэпэу дыгъэр щытIысыжым, ар Шэджылэ къэсащ. Къуажэм хьэгъуэлIыгъуэшхуэ щекIуэкIырт. Бэчыжь пщым и къуэм къишауэ абыхэм я гуфIэгъуэу арат. Афэ джанэр зыщыгъ щIалэм мурад ещI джэгум тIэкIу хэплъэну, и фащэмкIи зигъэщIэгъуэну. Шыпхъур къуажэм дэст, зэманыр хэкIуэтами, абы и унэ укIуэ хъунут. Бэчыжь и лъапсэ ихьа, зэщIэузэда щIалэм гу къылъатащ, афэ джанэ екIу зыщыгъ цIыху къызэреблэгъам и хъыбарыр пщыжьым лъагъэIэсащ.
ЩIалэм щыгъ фащэр Бэчыжьым апхуэдизкIэ игу ирихьати, абы унафэ ещI ар щIалэм къыщахыну. Ауэ афэ джанэр зыщыгъым ар тыгъэу къаритын игу къигъэкIыркъым. Апхуэдэу щыхъум, гъэпцIагъэм Iуэхур хуагъакIуэ. ЩIалэр фадэбжьэ ирагъафэм-ирагъафэурэ чэф ящI, афэ джанэр щахри къыдахуж. Къыдахужа щIалэм мызэ-мытIэу тригъэзэжами, абы щахар къратыжыну жиIэгъами, зыри къикIакъым, уеблэмэ удыныр гуэгъу къыхуащIащ. А Iуэхугъуэм зи гур хигъэщIа Къантемыр шыпхъум и унагъуэм еунэтIри, и Iуэхур къызэрекIуэкIар зэпэщу щеIуатэ. Шыпхъум и щхьэгъусэ Бот унафэ къещтэ афэ джанэр къазэужыну. Бот езыр хуэщIауэ псэурт, щIыхь цIыхум хуащIырт, и къарум пщыхэри абы и блэгущIэтхэри къыщышынэрт.
Арыххэти, Бот лIыкIуэ егъакIуэ пщым деж афэ джанэр зейм иратыжмэ зэрынэхъыфIыр иригъащIэу, ар гъэпцIагъэкIэ зыщаха щIалэр абы и щхьэгъусэм и дэлъхуу зэрыщытыр яжриIэу.
Афэ джанэр къратыжын дэнэ къэна, псалъэ фIейхэр пщым лIыкIуэм гуэгъу къыхуещIри, къеутIыпщыж. Пщым и жыIэр зигу иримыхьа къарууфIэ Ботым цIыху зыбжанэ зыдыщIегъу, Къантемыри гъусэ ящIри, Бэчыжьхэ макIуэ. Ботым лъагъуэ шыпхишащ пщы унагъуэм. Бэчыжьым афэ джанэр зыщитIэгъати, абы зыри пэлъэщынутэкъым, сыту жыпIэмэ джанэр зыщыгъыр шабзэшэми сэшхуэми хигъэщIыфакъым. Джанэр зыщыгъым апхуэдэуи къыкъуэкIырт къаруушхуэ. Арагъэнущ пщым деж кIуа псори къыщIызэтриукIари. Боти Къантемыри а махуэм фIэкIа иужькIэ зэи ялъэгъужакъым. Къантемыр и шыпхъу Бэблыхуэ и щхьэгъусэри, и дэлъхури фIэкIуэдащ. Гуауэ иныр зи гум хыхьа Баблыхуэ махуэми жэщми и нэпсыр гъущыртэкъым. Абы и гуауэр нэхъ зэщIэплъэрт. Зыри ямылажьэхэу пщыжьым зи псэ гъэр ищIахэм Тхьэ яхуелъэIуу щыст.
 ЗекIуэ зэрежьэрэ илъэс зыбжанэ дэкIауэ Бот и къуэш Андемыр къэкIуэжащ. Нысэм къыхуихьа псоми нэкIэ щемыплъым, Андемыр щIэупщIащ къэхъуамкIэ. Баблыхуэми Iуэхум и пэжыпIэр пщыкъуэм и пащхьэ щиIуэтащ.
ЩIалэм и къуэшым илъ ищIэжыну, залымыгъэ илэжьу псэу пщым хуэзэ ирищIэну игу ирилъхьащ. Абы къыгурыIуэрт афэ джанэр къарукIэ пщым къызэрыхутемыхыжынури, арати, гъэпцIагъэм ари хуэкIуащ. Андемыр шым фIыуэ хэзыщIыкI цIыхут. Къэбэрдей псом шым нэхъыфIу щыгъуазэу исхэм къакIэрыхуртэкъым ар. Абы ищIэрт пщым шы зэрыфIэфIыр, шы лъэпкъыгъуэфIхэри зэрызэрихуэр. Къарэ, КъарапцIэ, Гъуэ, ГъуатIэ, Къэбыфэ, ПцIэгъуэплъ, Брул, Къуэлэн, Тхъуэ, ЩхъуантIэ – пщым имыIэ шы гъуэтыгъуейт. Ауэ абыхэм япищI щымыIэу Бэчыжьым фIыуэ илъагъурт зыш - Шагъдий. Ар жэщ-махуэ ямыIэу яхъумэрт. Апхуэдизу псори зытегужьеикIауэ яхъумэ шыр къидыгъуну игу ирелъхьэ Андемыр.
Гъэмахуэ махуэм псыхъуэм кIуауэ Андемыр елъагъу пщым и шы нэхъыфI дыдэр ягъэпскIыу. Шым узримыгъэплъу дахэт: и лъакъуэхэр псыгъуэт, пщэр хэшат, абы и щхьэцыр жьы хуабэм зэрихьэрт. Шагъдийр щызекIуэкIэ и лъэбакъуэм дэхъуу и тхьэкIумэхэри зэригъакIуэрт, лъэныкъуэ псомкIи игъазэу. Апхуэдэхэм щхьэкIэ жаIэрт: «Шыр тхьэкIумэкIи маплъэ». Псы ежэхым хэт шыр зыгуэрым къигъэщтауэ къыщIэкIынти, хъумакIуэхэм яхуэмыубыду щIэпхъуащ. Андемыр ищIэрт апхуэдэ зэманхэм деж нэхъыфIу щIапхъэри, шы къажэм бгъэдэлъадэри, IэмалкIэ къигъэувыIащ. Абы къигъэувыIа шыр апхуэдизкIэ дахэти, нэр пIэпихырт.
IумпIэр зыIыгъ щIалэр пщым и пащхьэ ирагъэуващ. Пщыр абы къехъуэхъуащ, шыхэм якIэлъыплъу IулъхьэкIэ езым и деж шыхъуэу щылэжьэну къыхуигъэлъэгъуащ. Андемыр зыхуейр арати, занщIэу арэзы хъуащ, а махуэм щыщIэдзауи ар Шэджылэ къуажэм дэс пщыжьым и шыхъуэ хъуащ. Шыхэм IэкIуэлъакIуэу яхэтт щIалэр. Абы и фIыщIэкIэ пщым зыIэригъэхьат иджыри шы лъэпкъыгъуэ телъыджэхэри: Абыкъу, Къэбан, Къуралей, Щолэхъу, Чэрчэней. Пщым и жьэ къыжьэдэкIа дэтхэнэ зы Iуэхугъуэри игъэзащIэрт щIалэм. Апхуэдэурэ илъэс зыбжанэ кIуащ, щIалэри пщым и ныбжьэгъу хъуащ. Пщым и дэтхэнэ щэхури къыжриIэрт Андемыр, ауэ афэ джанэм и хъыбарыр, ар къыздикIар ауи и жьэ абы къыжьэдэкIыртэкъым.
Шэджылэ пщым фIэфIт щакIуэ кIуэну, абы щыкIуэкIи афэ джанэр щитIагъэрт. Махуэ гуэрым Андемыр игу ирилъхьар игъэзэщIэну, къуэшым илъ ищIэжыну, джанэр зыIэригъэхьэну яужь йохьэ. Пщэдджыжьым пщым и унафэкIэ Андемыр шыхэр зэщIекъузэ, ахэр шы зырыз тотIысхьэри, пщIантIэм дошэсыкI. Къуажэм пэмыжыжьэу щыт мэзым щынэсым, тIури шыхэм къопсыххэри, мэзым хохьэ. Афэ джанэр зыщызымытIэгъа пщыр Андемыр жыгым кIэрепхэ, щIалэм пщым игу илъри хуеIуатэ: Бот зэрикъуэшыр жреIэ, афэ джанэр гъэпцIагъэкIэ къытрихауэ зэрыщытыр гурегъэIуэж, къуэшым илъ ищIэжыну игу зэрилъри хуеIуатэ. Жыгым кIэрыпха пщыжьым щIалэм и сэшхуэмкIэ и куэпкъитIыр щIегъэху, лъымэм къызэхуишэсыгъа дыгъужьхэми ар я шхыныгъуэ мэхъу. Пщыр дунейм тетыжтэкъым, ауэ афэ джанэр зыIэрыбгъэхьэныр гугъут, ар пщым и щхьэгъусэ Жан быдэу игъэтылъырт сыт щыгъуи. Джанэр дэнэ щыгъэпщкIуами зыщIэр арат. Андемыр пщым и шым зредзри, гуащэм деж егъэзэж. ЩIалэм жиIэр гуащэм пэж щыхъун папщIэ, пщым сыт щыгъуи иIыгъыну фIэфI щIопщыр къыздещтэ. ПщIантIэм дэлъэдэжа Андемыр гузавэ зещI, гуащэм хуеIуатэ пщыр бий бзаджэхэм гъэр ящIауэ зэрыщытыр. Ар къегъэлын хуейт. Ауэ бийр апхуэдизкIэ куэд дыдэти, къару мыщIэж яIэти, уазэрыпэлъэщын щымыIэ хуэдэт. Афэ джанэр Андемыр зыщитIагъэмэ, пщыр гуащэм къыхуишэжыну гугъэ ирегъэщI абы. Гуащэм щIалэм жиIэ псалъэхэм и щыхьэту иригъэлъэгъуащ щIопщыр. Куэдрэ мыгупсысэу цIыхубзым джанэр къыщIихащ. Андемыр ар зыщитIэгъащ. Езыр псынщIэу, дыгъэм и теплъэр и фэу, шабзэшэр кIуэцIрымыкIыу, сэми и дзэр дзагуэ ищIу афэ джанэр абы екIупст. Абы хэту пщым и хьэдэр блыгущIэтхэм къыдашэж. Гуащэм занщIэу къыгурыIуащ къызэрагъэпцIар. Ауэ сыт ищIэжынт...
Афэр зыщыгъыр яукIыну ебгъэрыкIуа дэтхэнэми кIуэдыр къыхуэкIуащ. Дыгъэ гуащIэу къепсым пэлыд афэ джанэм теткIуа лъы ткIуэпсхэр уэшх къригъэжьам илъэщIыжащ.
Куэд дэкIащ абы лъандэрэ. Нобэр къыздэсым афэ джанэм и таурыхъыр цIыхухэм къаIуэтэж. ЩIалэм къригъэла блэ цIыкIум абы пэгъунэгъуу къыхуигъэтIылъа джанэм лъы куэд щIигъэжащ, цIыхупсэ мымащIи хьэршым игъэкIуэжащ.

  

МАХУЭЛI Беслъэн. Москва къалэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу