Дауэ цIыхухэр Марсым зэрыщыпсэунур?

ЯпэщIыкIэ бжыгъэхэр. Дыгъэм зэрыпэжыжьэмкIэ Марсыр (Пасэрей Римым зауэм и тхьэ нэхъыщхьэу щагъэлъапIэу щытам и цIэр фIащащ) планетэ еплIанэщ-Меркурийм, Венерэм, ЩIым я ужькIэ. Абы и инагыр зэрыхъур ЩIым ейм и проценти 10,7-рэ къудейщ. ПланетитIыр зэм километр мелуан 40I-кIэ зэпэжыжьэ мэхъу (Дыгъэр я  зэхуакум  щыдэткIэ), зэми километр 55,76-кIэ фIэкIа я мызэхуакуу зэбгъэдохьэ. (ЩIыр Дыгъэмрэ Марсымрэ я зэхуакум щыдэтхэм деж). Зи гугъу тщIы планетэм цIыхур зэрыбауэ хьэуар егъэлеяуэ щымащIэщ, ауэ псы щыIэу хуагъэфащэ. Температурэр егъэлеяуэ щызэщхьэщокI-полюсхэм щIыIэр щIымахуэм градуси 153-м щынос, Экваторым и зэманми хуабэр градус 20-кIэ щыдокIуей.

 ЩIыпIэ гугъусыгъущ, пэжкъэ? Ауэ иджыкIэ цIыхум и плъапIэр аращ икIи къыщагъэIурыщIэнури жыжьэну къыщIэкIынукъым- адрей планетэхэр гъащIэм къезэгъыркъым. Псалъэм и хьэтыркIэ, Сатурнымрэ Юпитерымрэ гъуэзщ, Венерэм градус 240-м нэскIэ пщтырагъыр щыдокIуей. Адрейхэм я гугъу тщIыххэнкъым.

Пасэм къыщыщIэдзауэ ядж Марсыр: телескоп щыщымыIэми, ар ялъагъурт жэщкIэ. Ауэ псом хуэмыдэу хуащI гулъытэм щыхэхъуар и кIэнауэ телъыджэхэр къызэIуаха иужьщ. Еджагъэшхуэхэм шэч къытрахьэжыртэкъым  ахэр IэрыщIу зэрыщытым: апхуэдэу щыщыткIэ, псыи гъащIи щыIэщ! Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ахэр вулкан къибыргъукIам кърихуа яжьэ пщтырыр зрикIуа лъагъуэхэу къыщIэкIащ,  арщхьэкIэ хуащI гулъытэм кIэрыхуакъым.

 ГъэщIэгъуэнщ, ауэ Марсыр джын и лъэныкъуэкIэ совет щIэныгъэлIхэм къехъулIа щIагъуэ щыIэкъым - яутIыпщ Iэмэпсымэм   сыт щыгъуи зыгуэр къащыщIырт Я Iуэху нэхъ къикIащ американхэми. Абыхэм ягъэлъэта Iэмэпсымэхэм я зэхуэдитIыр къута пэтми. Уеблэмэ яхузэфIэкIащ а планетэм и щхьэфэм щыщ ЩIым къагъэсын. Иджы белджылы дыдэ хъуащ Марсым псы зэрыщыIэр.

 БлэкIа лIэщIыгъуэм и 70 гъэхэм СССР-мрэ США-мрэ зэпагъэуауэ щытащ Мазэри Марсри джыныр. 90 гъэхэм лэжьыгъэм щIидзэжащ НАСА американ космос зэгухьэныгъэм. Совет Союзыр лъэлъэжа  иужь Урысейм и къарур щIэужьыхати, апхуэдэ гукъыдэж иIэжтэкъым. Иджы щытыкIэр нэгъуэщI хъуащ, къэрал нэхъ лъэщитIым къахыхьащ Китайри, уеблэмэ Япониери, Европей космос агентствэри. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, мы лIэщIыгъуэм  фIэмыкIыу цIыху щитIысыкIынущ куэдым я хъуэпсапIэ планетэм.

Телъыджэращи, абы теухуауэ къэрал  лъэрызехьэхэм я еджагъэшхуэхэм жаIэр мащIэщ, ауэ щхьэзакъуэ проект зэмылIэужьыгъуэхэр нэхъ ехьэжьащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, 2011 гъэм Голландием щыщ  щIэныгъэлIым и фIэщу жиIащ Марсыр къыщагъэIурыщIэну зэманыр къэсауэ. Абы     я мылъку зэхуихьэсу, уеблэмэ гъуэгуанэ жыжьэ теувэнухэр къыхихыу щIадзащ. 2013 гъэм лъэтэну зэрыхьэзырыр жаIащ къэрал 99-м щыщ цIыху мин 202-рэ 586-м. Абы щыгъуэми дэтхэнэми ищIэрт афIэкIа ЩIым зэи къызэримыгъэзэжынур. Зэпеуэм и япэ лъэхъэнэм иужькIэ абыхэм ящыщу къэнэжар цIыху 1058-рэт (урысейхэу 36-рэ). 20I5 гъэм иужькIэ зэрыхъужыр цIыхуи 100 къудейт. ЦIыхухъухэри цIыхубзхэри бжыгъэкIэ зэхуэдэн, дэтхэнэми и IэщIагъэм куууэ  хищIыкIын хуейт.

 Дауи, япэщIыкIэ планетэм нагъэсын хуейт ахэр зыщыпсэунухэр, цIыхур зэфэну псырэ зэрыбэуэну хьэуамрэ «щIэзыхуну» Iэмэпсымэхэр.

ЩIегъуэж къахэкIмэ-щэ? Ухуейми гъы, зыри къикIынутэкъым. ИпэкIэ зэрыжытIащи, билетым уздихьэсынур зы кIапэ къудейт. ЗэкIэ аращ цIыху акъылыр здынэсар.

АтIэ, щхьэ узыхуэкIуэр умыщIэу гъуэгу дзыхьщIыгъуэджэм утехьэн хуей, дызытет дуней дахэр убгынэу? Ари цIыху хьэлым къыдекIуэкIхэм ящыщщ. Зэгуэр апхуэдэхэм я фIыгъэкIэ  къызэIуахауэ щытащ хытIыгухэм я мызакъуэу,  уеблэмэ континентхэри. Иджы  цIыхухэм планетэщIэхэр къапоплъэ.

                 

Шал Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу