Дахэрэ икIи зэIузэпэщу

 «Къалэхэм я теплъэр егъэфIэкIуэн» къэрал проектым хиубыдэу Бахъсэн щIыналъэм къыщрахьэлIэ лэжьыгъэхэм пащэ.
Къапщтэмэ, иужьрей илъэси 4 - м къриубыдэу зэрагъэпэщыжащ Бахъсэн къалэмрэ Дыгулыбгъуеймрэ ЩэнхабзэмкIэ я Унэхэр, Бахъсэн къалэ администрацэм и унэм я Iэгъуэблагъэр, къалэм и ут нэхъыщхьэр. КъищынэмыщIауэ, мамырыгъэмрэ щэнхабзэмрэ я парк къызэIуахащ.
Мы зэманым Дыгулыбгъуей жылагъуэм зыхуей щыхуагъазэ Къэбэрдей - Балъкъэрыр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъум и цIэкIэ щыIэ уэрамыр ЦIагъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым нэсыху, Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрамым и зы лъэныкъуэр. 
Бахъсэн къалэм дэсхэм зэлэжьыпхъэу къагъэлъэгъуащ Бахъсэным и зы уэрам ехыр, «ЩIыхьым и мафIэ мыужьых» фэеплъым и Iэгъуэблагъэр, Лениным и проспектыр - автовокзалым щегъэжьауэ Шыкуэм и уэрамым нэсыху.
ЩIыпIэхэр зэIузэпэщ щIыным теухуауэ Къэбэрдей - Балъкъэрым мазэрэ ныкъуэкIэ - мэлыжьыхьым къыщыщIэдзауэ накъыгъэр икIыху - щекIуэкIа IэIэтым цIыху мин 73 - рэ хэтащ, щIыпIэу ягъэлъэгъуар 27 - рэ мэхъу. Проектым и фIыгъэкIэ гъэ къакIуэ Налшык Тэрчокъуэм и цIэр зезыхьэ и уэрамым къыщызэIуахынущ «Мэжджыт жыг фIэкIа здэщымыIэн лъэс зекIуапIэ, Тэрч, Тырнауз къалэхэм, Аргудан къуажэм – нэгузыужьыпIэ паркхэр, Нарткъалэ, Май, Прохладнэ къалэхэм, Зеикъуэ, Къулъкъужын, Бахъсэненкэ къуажэхэм - лъэс зекIуапIэхэр, Шэджэм къалэм - щхъуантIагъэхэм я ауз, Къащкъэтау - уэрамыбгъум бгъурыкI лъэс зекIуапIэ. Ягъэлъэгъуа щIыпIэхэм ящыщу къыхаха 15 - р гъэ къакIуэ зэIузэпэщ ящIынущ. 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу