ЩIыпIэр мэщIэращIэ

Балъкъэр драмэ театрым и лъэс зекIуапIэр нэхъри ягъэдахэ.

Балигъхэми сабийхэми я зэхуэдэу ягъэува щхьэ зытелъ хъыринэмрэ тетIысхьэпIэхэмрэ къабгъурыт кхъуэщынышхуэхэр нэгъабэ лъандэрэ нэщIу щытт. Мы махуэхэм абыхэм удз гъэгъа щхъуэкIэплъыкIэхэр щыхасащ. Букет дахащэу зэхуахьэса хуэдэщ цитрус жыгхэм ещхьыфэ щхъуантIагъэхэр, герань плъыжьхэмрэ тхьэмбылыфэхэмрэ, зи тхьэмпэр плъыжьыфэ удз дэжейхэр, зэманкIэ узэIэбэкIыжмэ, унагъуэ къэс ягъэкIыу щыта традесканцие зэмыфэгъухэр.

Абыхэм уафIэкIмэ, гипс хужь къэухьхэмкIэ гъэщIэрэщIа утым и дэкIуеипIэхэм щыщIэдзауэ, кхъуэщын лъагэхэр щагъэуващ, шынэ - шынэ хужьхэр зэкIэщIэсу иту. Абыхэм хъуреягъыр зэуэ щIэщыгъуэ, щIэращIэ пщещI. ЩIыпIэр зыгъэдэха дизайнерхэм ар тращIыхьауэ къыщIэкIынущ  а утыр сурэт, видео зытрегъэхыпIэ зыхуэхъуа щIалэгъуалэм.

Зыр IукIым адрейр Iухьэу абдежыр зыгъэпсэхупIэ зыхуэхъуахэм гъунэгъу республикэм къикIахэри яхэту уарохьэлIэ, хуэм – хуэмурэ ар зэныбжьэгъугъэм и ут зэрыхъур нэрылъагъуу.

КIуэ пэтми зи щытыкIэр ефIакIуэхэм ящыщщ псоми фIыуэ ялъагъу Дэшхуей хадэри. Иужьрей илъэсхэм  а щIыпIэм  куэду щыхаса тутейхэм мы гъэм бэгъуауэ къапыкIащи, сабийми балигъми, уеблэмэ мэракIуэ хужьхэмрэ фIыцIэхэмрэ зыщыпу  жыг лъабжьэхэм гупу щIэс тхьэрыкъуэхэми я IутIыжщ. Куэд мыщIэу абыхэм къакIэлъыкIуэнущ зыкъэзыужьа бэлиейхэри.

ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм теухуауэ  убзыхуныгъэ лэжьыгъэхэр езыгъэкIуэкI IэщIагъэлIхэр илъэс зыбжанэ и пэкIэ  тепсэлъыхьауэ щытащ, щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ  щIыуэпсым щхьэпэн, дизайным и иджырей мардэхэм тещIыхьа щIы кIапэ щхьэхуэхэр щыIэн зэрыхуейм. Абы и фIыгъэкIэ зыгъэпсэхупIэ щIыпIэхэр гъэдэхэным теухуауэ  абыхэм ягъэхьэзыр IэдакъэщIэкIхэр цIыхухэм ялъэгъунущ, я Iуэху еплъыкIи халъхьэфынущ.

Апхуэдэ лэжьыгъэ мыинхэр щекIуэкIыу хуежьащ Дэшхуей хадэми. Абы щIэх - щIэхыурэ щIыр къызэрапщ, зэраубзыху Iэмэпсымэхэр зыIыгъ студент гупхэмрэ абыхэм я егъэджакIуэхэмрэ дерсхэр щрагъэкIуэкI хъуащ.  Мыбдеж щыфлъагъу ныбжьыщIэхэм щIыпIэм и убзыхукIэр ( планыр) щыуагъэншэу къащтэфу зрагъасэ,  «землеустройство» хуэIухуэщIэм хэлъ щэхухэм зыщагъэгъуазэ.

           

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: