«Бгырысхэр»: адыгэхэр къызыхэщ куржы роман

  Ратиани Мурман илъэс 30-кIэ тхыдэ щыхьэтхэр зэхуихьэсу Кавказыр къызэхэзыкIухьа куржы тхакIуэщ. 20I9 гъэм зи япэ томыр (ар тхакIуэр дунейм ехыжа нэужь, ипхъу Мзия нигъэсри къыдигъэкIащ) традза тхылъыр теухуащ XIX-XX лIэщIыгъуэхэм я зэпылъыпIэм псэуа кавказ абрэджхэм. Тхыдэм узыщрихьэлIэ лIыхъужь куэдым уащыхуозэ Ратиани и IэдакъэщIэкIым. Романым и IыхьэфI джылахъстэней къуажэ Болэтей щокIуэкI. Тхыгъэм хэтщ а къуажэм щыпсэуа дин щIэныгъэлI Тхьэгъэзит Ильяс. «Адыгэхэм я дин еджагъэшхуэ, Болэтей щыщ Ильяс къэтцIыхужащ», - апхуэдэущ тхакIуэм Молэ Гъумыр и романым къызэрыхишэр. КъБКъУ-м и егъэджакIуэ Мамхэгъ Астемыр «Газета Юга»-м къытрыригъэдза «Толстый мулла» тхыгъэм ар нэхъ гъунэгъуу къыдегъэцIыху. 
Болэтей щыщу япэу хьэрыпыбзэкIэ дин щIэныгъэмрэ хабзэмрэ зэзыгъэгъуэтахэм язщ цIэ лейуэ «Молэ Гъум» зыфIаща Тхьэгъэзит Ильяс Умар и къуэр. Ар цIыху къызэрымыкIуэу щытащ. Езыр къызыдэкIа Болэтейми гъунэгъу къуажэхэми муслъымэн диным гъуэгу щигъуэтын папщIэ куэд ищIащ а лIым. 
ПэщIэдзэ дин щIэныгъэр Тхьэгъэзит Ильяс щызригъэгъуэтар Къэбэрдейм и дин лэжьакIуэхэр щрагъаджэу щыта Дагъыстэнырщ. ИужькIэ и щIэныгъэм щыпищащ Мысырым, Тыркум, Щамым, Иорданием, нэгъуэщI муслъымэн къэралхэм щыIэ курыт, нэхъыщхьэ еджапIэхэм. Нэгъэсауэ муслъымэн тхыдэри, фикъхьри ищIэрт, дунеягъэ щIэныгъэ куэдми щыгъуазэт, абы ищIыIужкIэ адыгэ, къуэкIыпIэ лъэпкъхэм я деж щызекIуэ цIыху еIэзэкIэ бгъэдэлът. 
 «Къэнжалыщхьэ еджапIэ» зыфIаща Болэтей школым щеджэр нэхъ зыхузэфIэкIхэм я бынхэрт. ЕджакIуи I0-I5 щIэсми арат абы. Сабийхэм яджырт урысыбзэмрэ хьэрыпыбзэмрэ. АпхуэдэцIэ щIыфIащар и унащхьэр къэнжалым къыхэщIыкIати аращ. Абы нэмыщI, Болэтейм мыдрисэуэ щы дэтащ, хьэблэ мэжджытхэм хэту. Индырей хьэблэм и мыдрисэм и егъэджакIуэу щытар Джазэ ТIатIущ. Болэтей хьэблэм – Мэкъуауэ ТIатIу, Къумыкъухьэблэм – Тхьэгъэзит Ильяс. Мыдрисэм щIэсхэм нэхъыбэу яджыр КъурIэнырт. 
Большевикхэр текIуа нэужь, мыдрисэхэмрэ школхэмрэ щызэхагъэхьэжауэ щытащ Болэтейм, диным хуеджэмрэ дунеягъэ щIэныгъэмрэ зы еджапIэм къыщIахыу. Апхуэдэ дэчыхыныгъэр къызыхэкIар Тхьэгъэзит Ильяс пщIэ зэрыхуащIырт. 
Молэ Гъумым и фIыгъэкIэ, къуажэдэсхэмрэ хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ зэхуахьэса мылъкум къыхэкIыу, Болэтей сом 600 зытекIуэда мэжджыт щаухуауэ щытащ. Къуажэдэсхэм я щIэныгъэ хэщIапIэ хъуа а мэжджытыр зэтралъхьат Екатериноградрэ КъалэкIыхьымрэ щыщ ухуакIуэхэм. 
 Тхьэгъэзит Ильяс къуэкIыпIэ дохутыр IэзэкIэм хищIыкIыу зэрыщытам и щыхьэтщ абы и псэр зэрыхэкIынур зыхищIа нэужь, езым фIыуэ ицIыхуу щыта удзхэм къахищIыкIа хущхъуэ зэхэлъыр и щIыфэм щихуауэ зэрыщытар. И къарур щиухым, абы и къуэ Шимрий, и ныбжьэгъу Мамхэгъ Шу Пагуэ и къуэр, молэ Шыгъушэ Уэсмэн сымэ зришалIэри, зэман Iей къэхъумэ, и хьэдэр щIым къыщIахыну уэсят къахуигъэнауэ щытащ. «Ар сэбэп къыфхуэхъункIи хъунщ», - къажриIащ. 
А уэсятыр ягу къыщыкIыжар илъэсий дэкIа нэужьщ. I926 гъэм Болэтейрэ адрей джылахъстэней къуажэхэмрэ уэгъу бзаджэ къащеуэлIам щыгъуэ. Арати, щIым къыщIахыжат Тхьэгъэзит Ильяс и хьэдэр икIи уэгъум къыдэкIуа гузэвэгъуэхэр цIыхубэм ящхьэщыкIат. ИлъэсийкIэ щIым щIэлъа, псэ зыхэмытыж Iэпкълъэпкъым зыри къызэрыщымыщIар цIыхухэм гъэщIэгъуэн ящыхъуащ жыпIэныр мащIэт. Зылъэгъуахэм зэраIуэтэжамкIэ, молэм и нэкIущхьэр мащIэу фэншэ хъуат, и лъакъуэ ижьым и лъэкIэным деж къупщхьэр тIэкIу къыщыхэплъырт, армыхъумэ хьэдэ щIалъхьагъащIэу фIэкIа пщIэнутэкъым. А телъыджэм еплъыну джылахъстэней къуажэхэм къикIхэри, цIыху куэд къэкIуауэ щытащ Болэтейм.
 Зи гугъу тщIа романым къэдгъэзэжынщи, абы и IыхьэфI Болэтей къуажэм, Тхьэгъэзит Ильяс и деж щокIуэкI.
 «ХьэщIэщышхуэм бгырысхэр щызэхэст, чэнджэщ зэрахьэлIэу, - дыкъыщоджэ «Бгырысхэм». - Шэшэн абрэдж Кутэ, беслъэнеипщ Исмэхьил зи гъусэ шэрджэс абрэдж Хьэпагуэ, Болэтей щыщ адыгэ хьэлим ТхьэгъэзитI Ильяс сымэт ахэр. Я бысымыр пщы Къылышбий Аслъэнт. КъащIа хъыбархэм япкъ иткIэ, щIалэхэм мурад ящI махуитI дэкIмэ, пщэдджыжьым жьыуэ КъалэкIыхь и ипщэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмрэ Балъкъ и Iуфэ сэмэгумрэ я зэхуакум зыщызыубгъу мэзым зыщагъэпщкIуну. Къэзакъхэм шыхэр Iуфэ сэмэгум щызэпрахукIэ къыIэщIагъэкIыну загъэхьэзыр. Бгырысхэм я щыпэлъагъу Iуэхукъым гъуэгу тет шыхэр ирахужьэныр. Ауэ ахэр зыIэрагъэхьа нэужь, здахьынумрэ щагъэпщкIунумрэщ къахуэмыщIэр. Кутэ зэIущIэм кърихьэлIа псоми захуигъазэри, жиIащ: 
 - ЩIэдмыдзэ щIыкIэ занщIэу вжызоIэ: Мэздэгу гъунапкъэ зэщIэузэдам блэтхуу, КъалэкIыхь щегъэжьауэ Шэшэным нэс шыхэр тхунэгъэсынукъым.
 - Кутэ, сэ сигу къэкIари! – Ильяс шэшэным еплъри, итIанэ адрейхэми яIуплъащ. – Шыхэр Къэбэрдейм и кум, Шэрджэсым нэс тхуауэ къафIэдгъэщIамэ хъунут. Хьэпагуэ езым ишхэмрэ гуартэм и ныкъуэмрэ ирихужьэнщи, Iэуэлъауэшхуэ къигъэхъеинщ. Бгырысхэм гу къылъатэн хуэдэу, Шэрджэсым зричынщ. АпщIондэху Шэшэным тхуну шыхэр зэкIэ Болэтей щыдгъэпщкIунщ. Апхуэдэ бзаджагъ дигу къэкIыну я нэгу къыщIыхьэну си фIэщ хъуркъым бийхэм. Ди къуажэр Тэрч и Iуфэ сэмэгум Iутщ. Абдеж дыдэм мэз Iув щылъщи, Iуащхьэ къуагъым къыкъуэщыххэнукъым гуартэр, жыжьэу укъаплъэмэ. ИпщэкIэ Арыкъым и ищхъэрэ джабэр щытщ, псыхъуэм жыг Iувхэр щызэхэтщ. Шы мин щыпхуэгъэпщкIунущ абдежым. Ди къуажэдэсхэри и чэзум кIэлъыплъыфынущ!» 
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: