Зи гъуэгуанэр купщIафIэ нэхъыжьыфI

Къыщалъхуа ХьэтIохъущыкъуей жылэжьми Бахъсэн щIыналъэми пщIэрэ щIыхьрэ щызиIэ цIыхущ КIурашын Алий Iэмырбий и къуэр. Илъэс 5I-кIэ лэжьыгъэ IэнатIэм пэрытащ ар. Абы щыщу илъэс 45-р егъэджэныгъэ Iуэхум тыхь хуищIащ. Алий лэжьащ егъэджакIуэу, школ унафэщIым и къуэдзэу, еджапIэм и директору. А зэманым къриубыдэу, шэч хэмылъу, егъэджэныгъэ IэнатIэм абы хэлъэныгъэфIхэр хуищIащ, гъащIэ гъуэгуанэм и лъагъуэ пэжым тригъэувахэри куэд мэхъу.

- Егъэджэныгъэ Iуэхур гугъущ икIи жэуаплыныгъэ зыпылъщ. А зы IэнатIэм уэ илъэс куэдкIэ упэрытащ, уеблэмэ нэхъыбэм епхьэкIар унафэщI къулыкъущ. Апхуэдиз зэманкIэ ехъулIэныгъэ уиIэу IэнатIэм упэрытыфын папщIэ ар гукIи псэкIи къыхэпхауэ щытын хуейщ.

- ГъэщIэгъуэнщ, ауэ егъэджакIуэ IэщIагъэм зэрымыщIэкIэ сыхуэкIуауэ аращ. I0-нэ классыр къыщызухым аттестат къызатыжауэ щытакъым. Си анэшым, Джэдгъэфхэ, сыщыIэти, дадэ мэзым сигъакIуэурэ экзаменитI-щы блэзгъэкIын хуей хъуащ. Аттестат уимыIэу дэнэ ущIэтIысхьэнт?! Апхуэдэу щыхъум мэкъуауэхэм сахыхьэри, хэсу губгъуэм сыдэкIащ. Тхьэмахуэ зыбжанэкIэ абы сыщыIауэ, колхоз правленэм нысхуаIуэхури сыкъэкIуэжащ. Абыхэм къуажэ клубым и унафэщIу сыувыну къысхуагъэлъагъуэрт. «Дыгъэм ухэту мэкъу уеуэу губгъуэм уит нэхърэ клуб жьауэм ущIэсмэ нэхъыфIкъэ», - жысIэри, куэдрэ сымыгупсысэу арэзы сытехъуащ Iуэхум. ИлъэсищкIэ абы сыщылэжьауэ, I959 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм дзэм къулыкъу щысщIэну сраджащ. I962 гъэм ар къесхьэлIэу къыщызгъэзэжам, си пIэкIэ клубым ягъэува Iэпщэ ФуIэд дзэм къулыкъу щищIэну ираджэу сыкърихьэлIэжащ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ си IэнатIэм сыпэрыувэжри, аргуэру илъэсищкIэ абы сыщылэжьэжащ, пщыхьэщхьэ еджапIэм сыкIуэурэ аттестатри зыIэрызгъэхьэжащ. Абы иджыри сыщыIэу, курыт школ №I-м черчениемрэ сурэт щIынымкIэ егъэджакIуэу сыуващ. Ар зи фIыщIэр а Iуэхум сызэрыхуэIэкIуэлъакIуэр зыщIэ, еджапIэм и унафэщIым и къуэдзэу лэжьа си адэ къуэшым и къуэрщ. Абы и чэнджэщкIи Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым урысыбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэр къэзухыжащ. Мис апхуэдэу сыхыхьа хъуащ егъэджэныгъэ IэнатIэм икIи зэи сыхущIегъуэжакъым.

- Алий, цIыхум и гъащIэм сабиигъуэм нэхъ IэфIи нэхъ дахи хэту къыщIэкIынкъым…

- Си сабиигъуэр зауэ нэужь илъэсхэм хиубыдащ. А зауае бзаджэм и жьыр зыщIихуа куэдми яйм хуэдэу, а лъэхъэнэр гугъуу икIи хьэлъэу екIуэкIащ. I945 гъэм япэу школым сыщыкIуам си ныбжьыр илъэси 9 хъурт. Сэ нэхърэ нэхъыжьи къытхэту, зэкъуэш зыбжанэ зы классым щIэсу деджащ. Еджэным дыхуэпабгъэрт, къыджаIэ псори тфIэгъэщIэгъуэнт. Ауэ щыгъынкIэ, вакъэкIэ, дызэреджэну хьэпшыпкIэ зыхуей дыхуэзэртэкъым, уеблэмэ еджапIэм лъапцIэу дыщыкIуи къытхуихуащ. Иужьым ди адэм къигъэзэжри, абы зыгуэрхэр зэригъэкIуэкIыурэ, гъавэ ищэурэ е ихъуэжурэ хуэмурэ зыкъэтIэтащ.

Сабиигъуэм теухуауэ гукъэкIыж дахэу сиIэр сыт жыпIэмэ, адэшхуэ-анэшхуэм я куэщIым сыкъызэрихъукIарщ, абы я жьауэм сызэрыщIэтарщ. Сэ сыкъыщыхъуар си анэш Джэдгъэфхэщ. Адэшхуэ-анэшхуэм сыщратам си ныбжьыр илъэси 6-м иту арат. Дадэ махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу къакIуэрт ди деж. «Мыр мыпхуэдизрэ къакIуэу щытакъым, иджы щхьэ къызэкIэлъыкIуэ хъуауэ пIэрэт?» - жысIэу сегупсысырт. КъызэрыщIэкIамкIэ, щхьэусыгъуэншэу къэкIуэрей хъуатэкъым. СыкъэкIуэсэжурэ Iэджэри сыкъэкIуэжащ, иужьым хуэмурэ сесэжащ. Уеблэмэ Джэдгъэф унэцIэри зесхьащ. Школым сыщыщIэтIысхьэм, си унэцIэр, хэт апхуэдэу ищIами сщIэркъым, Джэдгъэфу ирагъэтхащ. А унэцIэр сIыгъащ щхьэгъусэ къасшэу, сабии диIэхукIэ. ИтIанэ хуэм-хуэмурэ си щхьэм къихьащ щыуагъэ гуэр зэрысIэщIэкIыр, си унэцIэр зэрысхъуэжын хуейр. Иужь сихьэри, КIурашын унэцIэр къэсщтэжауэ щытащ.

Си адэшхуэ-анэшхуэхэу ТIатIурэ Балихъанрэ икъукIэ цIыхуфIт. Диныр яIыгът, КъурIэныр яIэщIэлът, адыгэ хабзэми ткIийуэ тетт. IуэхуфI куэд ялэжьащ абыхэм, я дуней тетыкIам куэдрэ цIыхухэр тепсэлъыхьыжырт, ноби ахэр зыщIэжхэм гуапэу ягу къагъэкIыж.

Зауэ нэужь илъэсхэм тэмэму псэуф унагъуэ къуажэм щыбгъуэтынутэкъым, псори шэджэладжэ хъуат. Хэти щыгъыныджэт, хэти ерыскъыншэт, хэти гъэсыныпхъэ иIэтэкъым. Мис апхуэдэхэм зэрыхъукIэ защIигъакъуэрт дадэ. Абы куэдрэ сэри Iэпыдзлъэпыдз сыхуэхъуащ. Псом хуэмыдэу ар къыщыхъур колхоз жыг хадэшхуэм щелэжь лъэхъэнэрт. Дадэ езыр-езыру зригъэгъуэтыжауэ IэщIагъэ хъарзынэ иIэт, ар жыггъэкIт. Жыгхэм къагуих къудамэ нэхъ пIащэхэр джафэ цIыкIуу къыхызигъэухъуэнщIыкIырт, ахэр IэплIакIуэ-IэплIакIуэурэ зэтрызигъалъхьэрт, иужькIэ езым быдэу схузэкIуэцIипхэрт, ар нэхъ тыншу слъэфын папщIэ бжэгъу лъакъуитI хуэдэ схущIигъэувэрти: «Мис мыпхуэдэ унагъуэм яхуэхь», - жиIэрти сиутIыпщырт. Ар зыхуэсхьхэр сытым хуэдэу абы щыгуфIыкIрэт, дадэ псалъэ гуапэ куэд къыхужаIэрт.

УнагъуэкIи жыг хадэ бэлыхь иIащ дадэ. Сытым дежи си адэшхуэм и жыпым илът а жыгхэм къапыкIэ пхъэщхьэмыщхьэхэм ящыщщ. АбыхэмкIэ зрихьэлIэ сабийхэм яхуэупсэрт: «Мэ, дадэ и псэ, къащтэт, дадэ и псэ», - жиIэурэ. Абы къыхэкIыуи абы цIыхухэр ДадэипсэкIэ къеджэ хъуат.

Ди хадэмкIэ псыIэрышэ цIыкIу кIуэцIрыкIырт. Абы куэдым псы ирахырт. Псыхьэ къэкIуа дэтхэнэми, и пхъэщхьэмыщхьэм щыщ Iэрымыхьауэ Iэмал зэригъуэткIэ IуигъэкIыжыртэкъым. Языныкъуэхэм деж жыгыр игъэсысурэ пхъэщхьэмыщхьэхэр псым хигъэлъалъэрт, мыдрейхэми псыр къыщрагъахъуэкIэ я пэгуным «тIомпI-тIомпI» жиIэу хэхуэрти, «Дадэипсэ и пхъэщхьэмыщхьэр къытIэрыхьащ», - жаIэурэ гуфIэрт. Мис апхуэдэт я дуней тетыкIар. Дади нани илъэс 90-м щIигъукIэ псэуахэщ.

- Алий, дэ дыщыгъуазэщ уэ усэхэр, рассказхэр, хъыбархэр зэрыптхым. Абыхэм ящыщхэр ди газетми мызэ-мытIэу къытехуащ. А Iуэхум дауэ удихьэха хъуат?

- Щысабийм зыгуэр иуцIырхъыну и гугъэу зэ къалэмыр къэзымыщта щыIэ къыщIэкIынкъым. Сэри аращ. 6-нэ классым сыщIэсу «Пащтыхь лъыифхэр щыIэжкъым» жиIэу си япэ усэр стхауэ щытащ. Усэр зытеухуам гугъу пщIымэ, а зэманым дэнэкIи зытепсэлъыхьри дызрагъаджэ предметхэм ящыщ куэдым къыхэщыжри пащтыхьхэм зэрахьа залымыгъэрати, арагъэнщ ар щIэстхар. Апхуэдэурэ си нэгу щIэкIхэм, гъащIэм щыщ теплъэгъуэ гуэрхэм сызыхуашэ гупсысэ щхьэхуэхэр лъабжьэ яхуэхъуурэ къэунэхуащ адрей си IэдакъэщIэкIхэри.

- ГъащIэр илъэсхэм къыпабжыкIыхукIэ абы гуфIэгъуэуи гузэвэгъуэуи, гугъуехьуи тыншыгъуэуи щыплъэгъуар мащIэкъым. А илъэсхэм уапхрыплъэжмэ, сыт хуэдэ гупсысэкIэ укъыддэгуэшэнт?

- Пэжщ, Iейри фIыри дгъэунэхуащ. КIуэ пэтыхукIэ гъащIэм зиужьурэ макIуэ. Япэм цIыхухэр зыхэпсэукIа къулейсызыгъэшхуэм хуэдэ нобэ щыIэжкъым. Иджыпсту дэнэ къуажи дыхьи унэшхуэхэр тIу-щыуэ зэтету, къэнжалыщхьэу, унагъуэ къэс машинитI-щы яIэу апхуэдэщ. Ари хъарзынэщ. Ауэ нэхъыщхьэр дунейм уи гур зэIухауэ, цIыхугъэ пхэлъу утетынырщ. Сэ си лъэхъэнэгъухэм зэман хьэлъэм щитами, яхузэфIэкIащ я цIыхугъэр яфIэмыкIуэду, гуапагъэр ящымыгъупщэу къэгъуэгурыкIуэн. Сыхуейт нобэрей гъащIэ дахэм хэпсэукIхэми а хабзэ дахэхэр я Iэпэгъуу щытыну.

 

Епсэлъар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться: