Унагъуэрщ цIыхум дежкIэ нэхъыщхьэр![]() - Унагъуэрщ мы дунейм нэхъыщхьэу щызиIэр, фIыуэ сыкъыщалъагъур, лэжьыгъэ нэужьым сыт щыгъуи къыщыспэплъэр. Ар си гурыфIыгъуэ си сабийхэрщ, абыхэм я дыхьэшх макъымрэ гуфIэмрэщ, ар фIыуэ сыкъэзылъагъу си щхьэгъусэрщ. Ахэр пщIымыгъуу упсэуныр гугъущ, - къыддэгуэшащ Урысей МВД-м Тэрч районым щиIэ къудамэм и полицэм и участковэ уполномоченнэ, полицэм и капитан Умар Эльдар Унагъуэм, лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжынымрэ я махуэм ирихьэлIэу. Къулыкъу зыщIэ цIыхум дежкIэ тыншкъым унагъуэ иухуэныр, гъащIэ гъусэр къэгъуэтыным тригъэкIуэдэну зэман къыхудэмыхуэу лэжьыгъэкIэ щIэгъэнащи. Апхуэдэу щытми, 2005 гъэм бадзэуэгъуэм и 8-м Тэрч районым зы унагъуэ насыпыфIэ къыхэхъуащ икIи илъэс I7 хъуауэ Умархэ зэщхьэгъусэхэр насыпыфIэу зэдопсэу.
Поделиться:
Читать также:
11.08.2026 - 16:42 →
Щхьэхуитыныгъэм и зауэлI
11.08.2026 - 13:32 →
Хэкум пызыщIэ лъэмыж
11.08.2026 - 12:30 →
И гуащIи, и щIэныгъи хилъхьащ
10.08.2026 - 16:37 →
Гъуэгухэм я фIагъми елъытащ
10.08.2026 - 16:04 →
ЦIыхум и гущIэлъапсэм нэплъыс тхакIуэ
| ||





