Дыжьыныфэ ЗакIуий зэкъуэшхэр

Мэкъуауэгъуэм и 24-26-хэм Кызыл къалэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпионат. Абы и финалым щыбэнащ ЗакIуий зэкъуэшхэу Анзоррэ Азэмэтрэ.
 БэнэкIэ хуитым я цIэр куэдрэ иужь илъэсхэм фIыкIэ щоIу а тIум. НыбжькIэ зэрагъэхь щыIэкъым икIи илъэс зэкIэлъхьэужьым - I997, I998 гъэхэм – дунейм къытехьащ. Зэкъуэшхэм я нэхъыжь Анзор спортымкIэ дунейпсо классым и мастерщ, ныбжьыщIэхэм я деж Европэм и чемпионщ, Дунейпсо кубокыр къэзыхьащ. Азэмэти абы къызэрыкIэрыху щыIэкъым – Европэми дунейми я щIалэгъуалэ зэпеуэхэм увыпIэфI дыдэхэр мызэ-мытIэу къыщихьащ.
ЗакIуий Анзор япэ дыдэу и цIэр ину щыIуар 20I7 гъэращ. Германием и Дортмунд къалэм щекIуэкIа спорт бэнэкIэмкIэ ныбжьыщIэхэм я европэ зэхьэзэхуэм и япэ махуэм дыщэ медалыр къыщихьри Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм дэрэжэгъуэ ин иритащ.
Пэж дыдэу, а илъэсыр хуабжьу абы хуэугъурлащ. БэнэкIэ хуитымкIэ килограмм 66-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм Европэм и чемпионатым хъарзынэу и тренерхэм хуагъэхьэзыращ икIи къыщыпэлъэщын къыхэкIакъым. Утыкум къыщихьа зэIущIэхэм псори зэхэту бжыгъэр 47:3-уэ щытекIуащ. ЯпэщIыкIэ хухэгъэщIащ Латвием щыщ Голубев Пётр (I4:I), къыкIэлъыкIуэу сефIэкIащ венгр Видэ Ксабэ (I0:0), финал ныкъуэм Молдавием икIа Грахмез Николаи гугъу иригъэхьыщакъым (I2:2).
Финалми зэныкъуэкъуныгъэ щIагъуэ щыIакъым. Азербайджаным щыщ Наврузов Махал щытридзащ. КIэух зэIущIэм хуэмыфащэу абыи бжыгъэр щыинащ – II:I.
Апхуэдэ щIыкIэкIэ Европэм щынэхъ лъэщ хъуащ ЗакIуий Анзор. АбыкIэ, дауи, фIыщIэр зейр зэхьэзэхуэм фIы дыдэу хуэзыгъэхьэзыра и гъэсакIуэхэу и адэ ЗакIуий Арсен, тренерхэу Грек Игнат, Муратов Эдем сымэщ.
Зэхьэзэхуэр щекIуэкIым Европэм и чемпионатым къыщигъэсэбэпа Iэмалхэр къытрагъэзэжурэ нэхъыбэ дыдэрэ зэплъыжа Iуэхугъуэщ, ахэр яфIэтелъыджэу икIи адрейхэм зрагъэсапхъэу. Ар Интернетми Спорт бэнэкIэмкIэ дунейпсо федерацэм и официальнэ сайтми къралъхьат. Анзор хуабжьу игъэщIэгъуащ икIи икъукIэ и гуапэ хъуащ апхуэдэ гулъытэ къызэрыхуащIар. И тренер нэхъыщхьэми куэд щIауэ зыгъасэхэми къыжраIэ зэпытт тегушхуауэ, къимыкIуэту, Iэмал зэмылIэужьыгъуэхэр къигъэсэбэпу бэнэну. Абыхэм я чэнджэщым Германием зэрыщытетыным ар хущIэкъуащ икIи къехъулIащ.
Германием къикIыжри, куэд дэмыкIыу, Урысей Федерацэм и ныбжьыщIэ чемпионатым хэтащ икIи абы и финалым нэсащ.
- Европэм дыщэ медалыр къыщысхьами, Урысей Федерацэм и дыжьын медалым нэхъ сыщыгуфIыкIауэ къысщохъур, игу къегъэкIыж Анзор. - Абы и щхьэусыгъуэр Германием сызыщыхэта зэхьэзэхуэм псоми тыншу сазэрефIэкIар, Владикавказ щыIа зэпеуэм хьэрхуэрэгъу нэхъ лъэщхэр зэрыщызиIарауэ къыщIэкIынущ. ТIум щыгъуэми сыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрми зи щIыхьыр иджыпсту схъумэ Кърымми щыпсэухэм я гукъыдэжыр къызэрысIэтыфам, я щхьэр лъагэу зэрезгъэлъагъужыфам дэрэжэгъуэ ин къызет. А щIыналъитIми хуабжьу иужькIэ сыщагъэлъэпIэжащ.
ЗакIуий Анзор килограмм 73-рэ хъууэ щыбанэу щытащ килограмм 65-66-м. Апхуэдиз хьэлъагъыр сыт щыгъуи зэкIэрыбгъэхуну гугъущ икIи абы къыхэкIыу килограмм 70-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм иужькIэ хыхьащ. ИкIи щыуакъым. 20I9 гъэм и гъатхэпэм (мартым) Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам ухэту Дунейпсо кубокыр зыIэригъэхьащ.
Ар зэхьэзэхуэ гуащIэт. Хэгъэрейхэм къищынэмыщIауэ США-м, Тыркум, Ираным, Японием, Кубэм, Монголием, Куржым я командэ лъэщхэр кърихьэлIат абы. ЦIыху минищ зыщIэхуэ Якутск и «Триумф» спорткомплесым гъатхэпэм и I6-мрэ I7-мрэ IэпэдэIупIэ иIэтэкъым. Абы щызэхагъэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ Дунейпсо кубокыр 20I9 гъэм зыIэрыхьэну гуп къыхэхар. Урысей Федерацэм и щIыхьыр зыхъумэнухэм хагъэхьат ЗакIуий Анзоррэ (килограмм 70-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм) БищIо Тимуррэ (килограмм 74-м нэс). Я зэIущIэ псоми ахэр щытекIуащ икIи илъэси 8 дэкIауэ Дунейпсо кубокыр ди къэралым къыхуахьыжащ. Абы ипэкIэ апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр Урысей Федерацэм щиIащ Мэзкуу (I992, 20I0 гъэхэм), Стиллуотере (Инджылызым, I998 гъэм), Красноярск (2007 гъэм), Владикавказ (2008 гъэм), Мэхъэчкъалэ (20II гъэм) къалэхэм щекIуэкIа зэпеуэхэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым къыдэкIуэу Кърымым и щIыхьри зэкъуэшитIым яхъумэ, абы и цIэкIэ зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэтурэ икIи щытекIуэурэ.
Спорт бэнэкIэр зэкъуэшитIым къыхахын папщIэ зыхэплъэнышхуи яIакъым. Я адэ ЗакIуий Арсен бэнэкIэ хуитымкIэ тренерщ икIи и къуэхэр зэрысабий лъандэрэ игъэсащ. Азэмэт зы илъэскIэ нэхъыщIэми, зэрыцIыкIурэ Анзор нэхърэ нэхъ пIащэщ. Ар иджыпсту щобанэ килограмм 92-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж икIи къэралым и командэ къыхэхам хэтщ. Анзор зыкъыщигъэлъагъуэр килограмм 70-м нэсырщ.
Уи адэр уи тренеру щытыныр ефIэкIыныгъэшхуэщ. Псалъэм папщIэ, зэгъусэу зэхьэзэхуэ гуэрым йоплъ – Iуэхум мыгурыIэгъуэ гуэр къыхэкIамэ, абы йоупщIри занщIэу чэнджэщ зрагъэгъуэтыф.
Апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэм фIы куэд къызэрырикъуэри нэрылъагъущ. Абы и щыхьэтщ иужьу зэхэта Урысей Федерацэм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпионатым и дыжьын медалхэр къызэрахьар. Псалъэм къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщи, Анзоррэ Азэмэтрэ я адэ ЗакIуий Арсен и гъэсэнщ ардыдэм килограмм 79-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм къэралым и чемпион щыхъуа Шаваев Малик. Ахэр иджыблагъэ щагъэлъэпIащ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм. Абы гу щылъатащ иджыри къэс ди республикэм икIа банакIуищ зэуэ Урысейм и чемпионатым и финалым зэрыщымыбэнар.

Хьэтау Ислъам.
Поделиться:

Читать также: