Къыпэплъэр зэIубзкъым

Узэфэ хъу псы зэрытхэм я инагъкIэ Викторие хыжьейр дунейм щыетIуанэщ. КъуэкIыпIэ Африкэм щыщу абы и Iуфэхэм Iусщ Танзаниер, Кениер, Угандэр. Абы километр 320-рэ и кIыхьагъщ, километр 274-рэ и бгъуагъщ, и куууагъыр щIыпIэ-щIыпIэхэм метр 40-м къыщыщIэдзауэ метр 80-м щынос. И хытIыгу куэдыкIейхэм псори зэхэту километр зэбгъузэнатIэ мин 68-рэ къызэщIаубыдэ. Мыбы кхъухьхэр тыншу щызокIуэ.
 Викторие къепщIэкIащ цIыху мелуан 30-м щIигъу. Абыхэм ящыщу куэдыр бдзэжьеящэщ Гуэлым и Iуфэхэм лъэпкъ парк зыбжанэ щыIэщи, цIыху мелуанхэр зэрохь.
Мыбы гъэмахуэри щIымахуэри щызэхуэдэщ, хуабэр градус 25-м къыщехыр зэзэмызэщ. Языныкъуэхэм деж мазэ бжыгъэкIэ уэшх къешхыркъым. Ауэ мэлыжьыхьымрэ накъыгъэмрэ къех псыIагъэм тафэхэр щIегъанэ.
 И къэкIыгъэхэмрэ псэущхьэхэмрэ Африкэм и адрей щIыналъэхэм къазэрыщхьэщыкI щIагъуэ щыIэкъым. Мыбы уащрохьэлIэ зи гугъу тщIы континентым фIэкIа нэгъуэщI щIыпIэхэм къыщымыкI удз, жыг телъыджэхэм, щызоуэ пылхэр, носорогхэр, жирафхэр, номин лIэужьыгъуэхэр, блэ шынагъуэхэм.
 Языныкъуэхэм деж Iуфэхэр щхъуэкIэплъыкIэ мэхъу-щIыналъэр яуфэбгъу къуалэ хьэлэмэтыщэхэм. Псыдэж, хыжьейм къыхэлъадэ е хэт псыежэххэм щысакъын хуейщ.-абыхэм хэзщ бегомотхэмрэ благъуэхэмрэ.
Викторие къыщаубыдыф центнеритIым нэс зи хьэлъагъ бдзэжьей лъэпкъыфIхэр. Ауэ хыжьейр цIэрыIуэщ нэгъуэщIкIи- циклидкIэ зэджэ бдзэжьей цIыкIу дыдэхэмкIэ. Ахэр апхуэдизкIэ зэмыщхьхэщ икIи дахэщи, куэдым я хъуэпсапIэщ аквариумым ису я унэхэм щаIыгъыну.
КIэщIу жыпIэмэ, плъагъум удехьэх. Ауэ псори дэ къызэрытщыхъунум хуэдэу тэрэзкъым. МыхъумыщIагъэхэр къыщежьэр езы цIыхухэм я дежщ. Иужь илъэсхэм абы и Iуфэхэм щыпсэухэм я бжыгъэхэм хэхъуэ зэпытщ, мэзу щраупщIыкIри нэхъыбэ щохъу, лъэщапIэхэм къагъэсэбэп псы фIейр холъадэ. А щхьэусыгъуэхэм я зэранкIэ I930 гъэхэм къыщыщIэдзауэ псыр хуэди 5-кIэ(!) нэхъ фIей хъуащ. ИкIи абы и закъуэкъым. ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм и кIэухым мыбы къашащ гиацинтыр. ПэщIэувэфын зэрышымыIэм къыхэкIыу а къэкIыгъэм егъэлеяуэ зиубгъуащ. Езыр Iувщи, псым дыгъэ бзийр пхигъэкIыркъым. Гиацинтым щIыпIэ-щIыпIэхэм псы ежэххэр щыIущIащи, гуэлым хигъэлъадэркъым икIи щыхигъэжыркъым. Ар егъэлеяуэ зэранщ къэкIыгъэхэми псэущхьэхэми я дежкIэ. Абыхэм я бжыгъэм псынщIэ дыдэу зэрыкIэрыхум аращ и щхьэусыгъуэр.
 Апхуэдэурэ кIуэмэ, гуэл дахащэр илъэс 50 нэхъ дэмыкIыу хэкIуэдэжыну экологхэм хуагъэфащэ.
ЗыплъыхьакIуэхэм я дежкIи мы щIыналъэр нэгъуэщIхэмкIи шынагъуэщ. Мыбы къащыпоплъэ дыгъэ гуащIэр, уэшхышхуэхэр, цеце бадзэ, хьэлъэу узыгъэсымаджэ нэгъуэщI щхъухьзехьэ хьэпIацIэхэр. Езы хыжьейм зыщызыгъэпскIыну тегушхуэхэр благъуэхэмрэ питонхэмрэ щаIууэ куэрэ къохъу.

Махъшокъуэ Мухьэмэд.
Поделиться: