Куба амбулаторэ щаухуэ

«КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и IуэхущIапIэхэу цIыху­хэм япэу зызыхуагъазэхэр къэгъэщIэрэщIэжын» щIыналъэ программэмкIэ Куба къуажэм амбулаторэ щаухуэ. Абы те­кIуэдэну мылъкур - сом мелуан 42-р - къэрал бюджетым къы­хэкIащ.

Проектым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, зы къату щытыну ухуэныгъэм иубыдынущ метр зэбгъузэнатIэу 600-м нэблагъэ. Унэм хэтынущ унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ дохутырхэр щы­лажьэ, цIыхухэм медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэ, сымаджэ­хэм ­махуэм къыщеIэзэ пэш щхьэхуэхэр. IуэхущIапIэр зэблэкIы­гъуитIу лэжьэнущ, махуэм къриубыдэу абы цIыху 90-м нэблагъэм дэIэ­пыкъуныгъэхэр щагъуэтыфынущ.
Иджыпсту лажьэ амбулаторэм и унэр 1948 гъэм ящIауэ щытащ. Абы хэтщ «ДэIэпыкъуэгъу псынщIэ», сымаджэхэм махуэм щеIэзэ къудамэхэр.
УхуэныгъэщIэр медицинэм къигъэув иджырей мардэхэм хуэ­щIауэ щытынущ, абы къыхэкIыуи къуажэдэсхэм Iэмал яIэнущ зыхуэныкъуэ дэIэпыкъуныгъэхэр къызыхуэтыншэу ягъуэтыну.
Мы зэманым блынхэр зэтралъхьэ, пэшхэр куутIхэмкIэ зэ­пагъэщхьэхукI. Ухуэныгъэр и кIэм нагъэсынущ 2023 гъэм и дыгъэгъазэ мазэм.
 

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться:

Читать также: