Къабзагъэмрэ гуапагъэмрэ зи нэщэнэ

УФ-м и Президентым 2008 гъэм къыдигъэкIа Уна­-фэм ипкъ иткIэ, ди къэралым иджы 15-нэу щагъэлъапIэ Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным я махуэр. Къэралым и зы Iыхьэу, жылагъуэми и быдапIэ лъэщу щыт унагъуэращ къыщежьэр цIыхухэм яхэлъ хьэл ­дахэхэм я нэхъыбапIэр: лъагъуныгъэри, пщIэри, нэмысри, гумащIагъри, пэжыгъэри… 

УФ-м и унафэщIхэм зэрагъэувауэ, къэрал мыхьэнэ зиIэ унэтIыныгъэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщ унагъуэм, ­сабийхэм ехьэлIа Iуэхугъуэ псори. ЖыпIэнурамэ, бын зыпI унагъуэхэм ди къэралым хуищI гулъытэм илъэс къэс хохъуэ. А унэтIыныгъэм хуолажьэ программэ щхьэ­хуэхэр, быныр пIыным, псэупIэ унэхэр егъэфIэкIуэным, унагъуэр зыхуей-зыхуэфIкIэ къызэгъэпэщыным, нэ­гъуэщIхэми хуэгъэпсауэ. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, бын зыгъуэт унагъуэхэм къэралым социальнэ и лъэныкъуэ­-кIэ зэрызащIигъакъуэр. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ уна­-гъуэр ­хъума хъун, зэщхьэгъусэхэм яку псалъэмакъ мыщ­хьэпэхэр къыдэмыхъуэн папщIэ, сыту жыпIэмэ «фIыуэ ялъагъур я гъусэмэ, пщыIэм щIэсми арэзыхэр» мащIэ дыдэщ, щIэблэр зыхуей-зыхуэфIкIэ къызэгъэпэщыным, гъэсэным, щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ етыным епха жэуап­лыныгъэр иджырей адэ-анэхэм, зэщхьэгъусэхэм нэхъ ­куууэ зыхащIэри. КъинэмыщIауэ, а дэIэпыкъуныгъэхэм ирегъэфIакIуэ щIыналъэхэм щыщыIэ демографие щы­тыкIэр, сабий зэзыгъэгъуэтыну хуей унагъуэхэри абы ­нэхъри трегъэгушхуэ.
Ди республикэми щолажьэ бын зиIэ унагъуэхэм со­циальнэу ядэIэпыкъуным хуэгъэпса программэ зыбжанэ. Абыхэм ящыщщ, къапщтэмэ, сабийхэм зэ тыгъуэу е мазэ къэс ират пособиехэр, гъэсапIэхэм екIуалIэ цIыкIу­хэм папщIэ ят пщIэм щыщ процент бжыгъэ адэ-анэхэм зэрыхуагъэкIуэжыр, бын куэд зыпI унагъуэшхуэхэм псэупIэ Iуэхутхьэбзэхэм щIат пщIэм и Iыхьэ гуэрым къы­зэригъэзэжыр, республикэм и сабий гъэмахуэ зыгъэп­сэхупIэхэм пщIэншэу бынхэр зэрыщыбгъэIэфыр, нэ­гъуэщIхэри. 
ЦIыху гъащIэм апхуэдиз мыхьэнэ щызиIэ унагъуэм ­гулъытэшхуи щегъуэт ди хэкум. Махуэшхуэр къэрал псом зэрыщаIэтым и мурад нэхъыщхьэр унагъуэшхуэхэм, быныфI къызыщIэува зэщхьэгъусэхэм, зэгурыIуэрэ зэ­дэIуэжу зэдэпсэу, жылагъуэм щапхъэу къыщахь ди нэхъыжьыфIхэм пщIэ хэха, гулъытэ яхуэщIынырщ. Илъэс 25-рэ нэхърэ мынэхъ мащIэкIэ апхуэдэу екIуу къызэдэ­гъуэгурыкIуа зэщхьэгъусэхэм папщIэ къэралым щагъэуващ «Лъагъуныгъэмрэ зэхуэпэжынымрэ» медалыр. Ар махуэшхуэм ирихьэлIэу ират унагъуэ дахэхэм, щIыхь, фIыщIэ тхылъ хэхахэр, махуэшхуэм и дамыгъэу ягъэува шынэ-шынэ (ромашка) зыхэлъ удз гъэгъа Iэрами щIы­гъужу. ЗэрыжаIэмкIэ, а удз гъагъэ хужь цIыкIур куэдым фIыуэ ялъагъу, къабзагъэмрэ гуапагъэмрэ я нэщэнэуи къалъытэ. 
Унагъуэм, лъагъуныгъэм, зэхуэпэжыным я махуэр зытехуэ бадзэуэгъуэм и 8-р ди Урысей Федерацэм лэ­жьэгъуэ махуэу щыщытми, ар гулъытэншэ ящIыркъым къэрал унафэщIхэм. Ар гъэлъэпIэным къыхузэрагъэ­пэща къэралпсо комитетыр и жэрдэмщIакIуэу, ирагъэкIуэкI «Илъэсым и унагъуэ», «Унагъуэр лъэпкъ хабзэ­хэм я хъумакIуэщ» урысейпсо зэпеуэхэр, «Си унагъуэ» сурэт зэхьэзэхуэр, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэри. Абыхэм хэтщ икIи ехъулIэныгъэфIхэр къыщахь Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу унагъуэ дахэ куэд. 
 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: