«ФIыуэ зэрылъагъухэм я чэщанэ»

Налшык паркым ит чэщанэм и теплъэм сыт щыгъуи цIыхухэр дихьэхыу щытащ. Ар I867 гъэм ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIэхъущыкъуэ пщым иригъэщIауэ щытащ, курыт лIэщIыгъуэхэм зэраухуэу щытам хуэдэу.
I96I гъэм чэщанэр зэрагъэпэщыжауэ щытащ, ауэ зэман дэкIри, фэншэ хъужащ, тэмэму зэрыкIэлъымыплъым къыхэкIыу. Иужь дыдэу 20II гъэм зэрагъэпэщыжащ. Абы щыгъуэ чэщанэм и кIуэцIыр зыхуей хуагъэзэжащ, пхъэм къыхэщIыкIауэ щыта дэкIуеипIэхэри гъущIкIэ яхъуэжащ,  щIыхьэпIэбжи халъхьащ, и хъуреягъри зэщIагъэкъэбзащ. Иджыпсту чэщанэр хьэрычэтыщIэ Балъкъэр Хьид бэджэнду къищтауэ кIэлъоплъ, ирегъэфIакIуэ. Чэщанэм пэмыжыжьэу къызэIуаха шхапIэм щапщэфI ерыскъы зэмылIэужьыгъуэхэм хэтщ лъэпкъ шхыныгъуэхэри.
ЗыплъыхьакIуэ къытхуэкIуэхэми республикэм щыпсэухэми я деж цIэрыIуэ щыхъуащ чэщанэр. ЛIэщIыгъуэм щIигъу зи ныбжь ухуэныгъэм деж сурэт щызытрагъэх унагъуэ зыухуэ ныбжьыщIэхэм. Чэщанэм и щхьэ дыдэм удэкIуеймэ, уи Iэгум итым хуэдэу уолъагъу Налшык къалэри, абы и Iэшэлъашэм иIэ къурш уардэхэри, бгыхэри, паркым ит IэрыщI гуэлри, амфитеатрри.

Бицу Жаннэ
Поделиться: