Куэдрэ тхуэпсэу, ди адэ

Зи ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 60 ирикъуа ди адэ ПщыхьэщIэ ЛатIиф хуумыгъэфэщэну иджыри щIалэщ, жыджэрщ. Ар зэрысабийрэ дин Iуэхухэм дихьэхыу, абы теухуа тхылъхэр хьэрыпыбзэм кърихрэ адыгэбзэкIэ зэридзэкIыу щытщ. Дин еджагъэшхуэ куэдым я деж апхуэдэ щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ абы: и адэ Исуф, и адэшхуэ Хьэбас (ТlутIэ), ЛIыгъур Ибрэхьим сымэ ирагъэджащ. Ибрэхьим и деж ар ягъэкIуат, пасэрей хабзэм тету, «къану», зыщIримыгъэхыу, нэхъ хэкъузауэ еджэн щхьэкIэ.

Дин зехьэныр хуит къызэрыхъужу, ди адэр Къулъкъужын Ищхъэрэм дэт мыдрисэм, апхуэдэуи курыт еджапIэ №4-м дин Iуэхухэм, КъурIэн ЛъапIэм къуажэдэс балигъхэри сабийхэри щыхуригъэджащ. Абы иужькIэ, ар «Баксанский вестник», «Адыгэ псалъэ» газетхэм ядэлэжьащ, «Махуэгъэпс», «Ислъамым и нур» напэкIуэцIхэр щигъэхьэзыру. Абы ноби игу фIыкIэ къегъэкIыж а лъэхъэнэм зыдэлэжьауэ щыта редакторхэу Журт Биберд, Уэрэзей Афлик, Брай Адэлбий, Сонэ Абдулчэрим, Тхьэмокъуэ Барэсбий сымэ (я Ахърэтыр нэху Тхьэм ищI), апхуэдэуи ТIымыжь Хьэмыщэ, Апажэ Мухьэмэд, БищIо Борис, Емкъуж Лидэ сымэ.
 ЛатIиф тхылъ куэди къыдигъэкIащ. ЦIэрыIуэ хъуахэщ, цIыхухэми ягу ирихьащ КъурIэн ЛъапIэм и мыхьэнэхэр зэпкърызых «Хъазин» тафсирыр, Мухьэмэд Бегъымбар лъапIэм и хьэдисхэр, бегъымбар лъапIэхэм я гъащIэ гъуэгуанэхэм ятеухуахэр. Апхуэдэу ТIымыжь Хьэмыщэ и гъусэу абы къыдигъэкIащ адыгэбзэм къыхыхьа хьэрып псалъэхэм я псалъалъэ. Ар къагъэсэбэп КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм щеджэ студентхэм, бзэхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр зыфIэхьэлэмэтхэм. 
Ди адэм медицинэми куэд хещIыкI. И къуэш нэхъыжь Ахьмэд дохутыр цIэрыIуэу, невролог Iэзэу щытати, абы и тхылъхэр езыр-езыру щIиджыкIыурэ куэд зригъэщIащ. Къыхэзгъэщынщи, зэшхэр псори цIыхуфI защIэт. Ди адэм и къуэшхэу Ахьмэдрэ Рабигьрэ дунейм ехыжащ, я ахърэтыр нэху Тхьэм ищI. Абыхэм я шыпхъу гумащIэ закъуэ Зухра Бахъсэн къалэм щопсэу, Дыджэхэ я нысэщ.
«ДыкъэзыгъэщIам дунейм дыкъыщIытригъэхьар гъэунэхуныгъэ куэдым дыхэтурэ Тхьэм дыхуэпщылIыну аращ. Абы и щапхъэфIщ Iэюб бегъымбарыр. Ар пхрыкIащ узыфэ куэдым, абы щхьэкIи и Iиманыр нэхъ цIыкIу мыхъуу псэуащ», - жиIэрейщ ди адэм. Абы и щапхъэр сэбэп хъуащ коронавирус уз зэрыцIалэр къыщыхъеям щыгъуэ дымыгужьейуэ, нэхъ тыншу ар етхьэкIынымкIэ. 
Ди адэм дохъуэхъу и махуэ лъапIэмкIэ. ГъащIэм, и щIэблэм яхуиIэ мурадхэр къехъулIэу куэдрэ Тхьэм тхуигъэпсэу. 
 

 

ПЩЫХЬЭЩIЭ Хьэмзэт.
Поделиться: