Нарт Сосрыкъуэ къахэплъэу

Налшык къалэ и ХьэтIохъущокъуэ хадэр и инагъкIи, и дахагъкIи къэралым и зыгъэпсэхупIэ нэхъ екIухэм хабжэ. Ди щIыналъэм дамыгъэ хуэхъуа щIыпIэ дахэхэм ящыщщ ар. ЗэхъуэкIыныгъэхэм я лъэхъэнэм ар дэхуэхауэ щытами, иужьрей илъэсхэм абы и теплъэр хэпщIыкIыу ефIэкIуэжащ. Дауи, ар зи фIыгъэр цIыхум и гъащIэр нэхъ екIуу, мардэщIэхэм хуэкIуэу къызэгъэпэщыныр зи мурад нэхъыщхьэу щыт республикэ унафэщIхэрщ.
Жыжьэ къыщожьэ ХьэтIохъущокъуэм и хадэм и тхыдэр. Лъэпкъ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Думэн Хьэсэн зэритхамкIэ, абы и япэ жыгхэр пащтыхьыгъуэм и унафэкIэ хасауэ щытащ I85I гъэм. «… а гъэм хаса гъэIэпхъуэнхэм иныкъуэр щIым хиубыдащ, адрейхэр щIыIэм исащ. Ауэ пхъэщхьэмыщхьэ къызыпыкIэ жыг Iэрысэ мини 5-м я къудамэхэр мэзым къыщыкI пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэм дагъэкIащ. Ахэр жыгыщIэ хъуа иужькIэ, я зэхуэдитIыр хадэм къранащ, адрей ныкъуэр цIыхухэм хуагуэшащ. А жыгыщIэхэр зыхуагуэшахэм ящыщ зыт ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIэхъущыкъуэ. Абы хиса жыг хадэр «Эльбрус» рестораныр нобэ здэщыт щIыпIэм хуозэ. Пащтыхьыгъуэм хригъэсар - сабий джэгупIэхэмрэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ къэрал драмэ театрымрэ здэщытым деж щыIэщ. I860 гъэхэм щIым теухуа хабзэхэр щызэблахъум, Налшык псэупIэм ищхъэрэкIэ щылъ щIы псори, нобэ «Дыгъужь куэбжэкIэ» зэджэм нэс хиубыдэу, пащтыхьыгъуэм иригъэухуа хадэр къыдэкIуэу, ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIэхъущыкъуэ и мылъкум хабжащ. Апхуэдэу хадитIыр зэхагъэхьэжащ икIи зыуэ къалъытэ ХьэтIохъущокъуэм и хадэ хъуащ», - етх Думэным.
Пхъэщхьэмыщхьэ лIэужьыгъуэу имыт щыIэтэкъым абы а зэманым: кхъужьейхэр, мыIэрысейхэр, балиейхэр, балий Iэрысейхэр, къанцылыкъухэр, шэфталей, мэракIуей, н.къ. КIарцхэмрэ бзиихухэмрэ сатыр дахащэу ирикIуэрт. УдзыпцIэ телъыджэ иIэт, ихъуреягъыр мэракIуейрэ шэфтал жыгыу. Жызумейхэм псы щIагъэлъэдэн папщIэ, хадэм ипщэкIэ псы къызэпрашат. Къуалэбзу лъэпкъхэмкIи къулейт щIыпIэр.
ХьэтIохъущокъуэпщыр нэхъ лъэрымыхь хъууэ, и Iэр хадэм щыхунэмысыжым, I890 гъэм щегъэжьауэ хадэ зехьэным ахъшэу текIуадэр «Къэбэрдей цIыхубэ мылъку» банкым къиутIыпщу хуежьащ. Зэман дэкIри, дэфтэрхэм къызэраIуатэмкIэ, I898 гъэм хадэр ХьэтIохъущокъуэм имеижу «Къэбэрдей жылагъуэм» и мылъку хъуащ.
I9I2 гъэм Къэбэрдей округым и Iэтащхьэу щыта Къылышбий СулътIанбэч «Налшык егъэфIэкIуэнымкIэ зэгухьэныгъэ» къызэригъэпэщащ, езыр и унафэщIу. Къалащхьэм зегъэужьыным хуэгъэпса Iуэхугъуэхэм яхэтт хадэм жыг сатырыщIэхэр щыхэсэныр, сабий джэгупIэхэр, псэущхьэ IыгъыпIэхэр, зыгъэпскIыпIэхэр, зыгъэпсэхупIэхэр, псы къилъэдапIэ-ижыпIэхэр къызэгъэпэщыныр, апхуэдэуи Налшык музей къызэIуахыныр, Кавказымрэ абы теухуа тхыгъэхэмрэ щадж къудамэ щхьэхуэ хэту тхылъ хъумапIэ къызэрагъэпэщыныр, уэрэд щыжаIэн, къыщыфэн, зыщагъэпсэхун щIыпIэхэри яухуэныр. I9I6 гъэм ХьэтIохъущокъуэм и хадэм Курзал иращIыхьащ.
Жэпуэгъуэ революцэ инымрэ граждан зауэмрэ я илъэсхэм хадэр дэхуэхауэ, ар къалэдэсхэм я Iэщ гъэхъупIэу щытауэ итщ дэфтэрхэм. Ди щIыпIэм совет властыр щагъэува нэужь, Налшык округым и ревкомым узыншагъэ IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI Абаев Измаил и жэрдэмкIэ Къалмыкъ БетIал унафэ къыдигъэкIауэ щытащ «ГуащIэрыпсэухэм я хадэ кIэ» зэджэ хъуа зыгъэпсэхупIэр хъумэным теухуауэ. I923 гъэм ар хъуащ «Къэбэрдей хадэ», I949 гъэм, Сталиныр илъэс 70 зэрырикъум и щIыхькIэ, «Сталиным и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей парк» фIэщыгъэхэр игъуэтащ. Сталиным хуащIа пщIэр егъэлеиныгъэу къалъытэжа нэужь, хадэм «Налшык парк» фIащыжащ.
ЩIэныгъэлI щыпкъэ Думэн Хьэсэн иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр я лъабжьэу икIи Налшык къалэ дэт зыгъэпсэхупIэ паркым «ХьэтIохъущокъуэм и хадэ» фIэщыгъэр иратыжыну лIэщIыгъуэ блэкIам и 90-хэм абы къыхилъхьа жэрдэмыр даIыгъыу, жэнэт щIыналъэм мы зэманым игъуэтыжащ и цIэ дыдэр. Гектар 250-м щIигъу зыубыд хадэшхуэм къэкIыгъэ лIэужьыгъуищэхэр итщ. Абыхэм яхэтщ нэгъуэщI щIыналъэхэм, къэралхэм кърашахэр. Хадэм и теплъэри махуэ къэс йофIакIуэ. Абы и зекIуапIэхэр, лъэс лъагъуэхэр екIуу къращIыкIащ, тетIысхьэпIэ дахэхэр, уэздыгъэ цIыкIухэр къащхьэщыту, гъуэгубгъухэм щагъэуващ. Бзииху дахэхэр екIуу щегъэкIэкIа лъагъуэхэр лъакъуэрыгъажэкIэ къыщыбжыхь хъун хуэдэу къызэрагъэпэщащ. 2002 гъэм ХьэтIохъущокъуэм и хадэр къалъытащ Урысейм и зыгъэпсэхупIэ парк нэхъыфI дыдэу.
Къалащхьэм щыпсэухэми абы и хьэщIэхэми фIыуэ ялъагъу щIыпIэщ хадэр. ЩIымахуэм ХьэтIохъущокъуэм и хадэр нэхъ щым мэхъу. Ауэ гъатхэм хадэр къощIэрэщIэжри, гъащIэм зыдищIу нэгузыужь, дахэ, щхъуэкIэплъыкIэ мэхъуж. Илъэс псом абы щолажьэ аттракцион зыбжанэ, джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэм хуэщIа пэшхэр, лъэпкъ шхыныгъуэ къэуатхэр щагъэхьэзыр шхапIэхэр. Хадэм и кIыхьагъкIэ кIуэцIрож Налшыкыпсыр, абы хэтщ гуэлхэр, абыхэм ущхьэпрашу лъагэу фIэщIауэ зокIуэ кIапсэ гъуэгухэр. Зым ухуешэ Кизиловкэ Ин, ЦIыкIу Iуащхьэхэм я зыплъыхьыпIэ щыгухэм, етIуанэм урешалIэ къалащхьэм и дахагъым аддэ къыщыту къыхэплъэ нарт Сосрыкъуэ и хэщIапэм, хьэщIэ егъэблэгъапIэм.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: