Къэрал псоми къыщалъыхъуэрт

КъБР-м щыIэ УФСБ-мрэ МВД-мрэ я лэжьакIуэхэм  къызэпаудащ республикэм и Бахъсэн районым щыщ, илъэс 47-рэ хъум и щIэпхъаджагъэ Iуэхур. Ар къэрал псоми къыщалъыхъуэрт.

ЯIэ хъыбарымкIэ, цIыхухъур хэтащ Сирие Хьэрып Республикэм хабзэкIэ щамытха, IэщэкIэ зэщIэузэда гупым, Урысей Федерацэм и сэбэп зыхэлъхэм пэщIэуэ Iуэху зэрихуэу. 

Шэч зыхуащIыр яубыдащ, абы теухуа уголовнэ Iуэху къаIэтащ УФ-м и УК-м и 208-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэм хэпщIауэ.

Хабзэм къызэригъэувымкIэ, апхуэдэ щIэпхъаджагъэ зылэжьар илъэс I5-кIэ ягъэтIысынкIэ мэхъу.

                                      Iэщэ иригъэкIырт

КъБР-м щыIэ УФСБ-мрэ  МВД-мрэ  я лэжьакIуэхэм яубыдащ Шэрэдж районым щыпсэу, хабзэм къемызэгъыу Iэщэ игъэкIыным пыщIа цIыхухъур.

Шэч зыхуащIыр Шэрэдж район судым къуаншэу къилъытащ УФ-м и УК-м и 222-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэр илэжьауэ икIи  илъэситху условнэу трилъхьащ,  зыщIэгупсысыжыну Iэмал иIэу.  

Поделиться: