Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр

            Къэбэрдей – Балъкъэр Республикэр илъэсищэ щрикъум ирихьэлIэу Бахъсэн щIыналъэми игъэлъэпIэнущ езым и илъэсищэр. Мы махуэхэм къагъэщIэрэщIащ район гъунапкъэр, къэзыгъэнаIуэ пхъэбгъушхуэхэр щIыналъэм и картэр.

            А щIыпIэм пхыкI федеральнэ гъуэгуитIыр гъэ псом туристхэм я зекIуапIэщ. Картэм къыщыгъэлъэгъуащ Бахъсэн къалэм щыщIэдзауэ Бахъсэн аузым нэсыху ахэр зыхуеинкIэ хъуну унэтIыныгъэхэр.

Гъуэгубгъухэм  машинэ къэувыIэпIэхэр щымащIэкъым. Ахэм я дэтхэнэми ди щIыпIэм зыплъыхьакIуэ къакIуэхэр къыщызэтеувыIэу хуиту зыщагъэпсэху, сурэтхэр щызытрагъэх хъунущ.

            ЩIыпIэр нэхъри зэIузэпэщ щIыным елэжь ухуакIуэхэм лъэс зекIуапIэхэр плиткэ дахэхэмкIэ къращIыкIащ, тетIысхьэпIэхэр ягъэуващ, зи гугъу тщIа картэм къыбгъурыту къэралымрэ республикэмрэ я бэракъхэр щаIэтащ.

            Гъуэгу лэжьыгъэхэм къадэкIуэу, щIыналъэ администрацэм и унафэкIэ ХьэтIохъущыкъуей жылагъуэм къыщагъэщIэрэщIэжынущ Захаров Федор и фэеплъ сыныр.

            Метр 901 -рэ зи лъагагъ щIыпIэм I942 гъэм и шыщхьэуIу -  фокIадэ мазэхэм гуащIэу щызэпэщIэтащ Захаров Федор зи унафэщI 37 - нэ дзэм и е 2 - нэ гвардейскэ фочауэ дивизэмрэ нэмыцэ фашистхэм ящIыгъуу зэуа румыныдзэм и е 2 - нэ бгылъэ - фочауэ пащтыхь дивизэ хэплъыхьамрэ.

 Мы щыгум апхуэдэу тетщ Къызбруным и щIыр зыхъумахэм я фэеплъри. Зэман ипэкIэ абы дэкI лъагъуэм плиткэхэр тралъхьащ, тетIысхьэпIэхэр щагъэуври, щIыпIэр щхъуантIагъэхэмкIэ ягъэдэхэжащ.

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: