ЦIыкIухэм я ныбжьэгъу пэж

«Дядя Коля» - арат Бер Къанщобий сабийхэр къызэреджэр. Таурыхъ къыщагъэлъагъуэ автобусым дэс щIалэщIэр ныбжьыщIэхэм фIыуэ зэралъагъур пхужымыIэным хуэдизт. А зэманым телевизор зиIэр закъуэтIакъуэххэти, тхьэмахуэм зэ я хьэблэм къыдыхьэ автобусырт сабийхэм я гурыфIыгъуэр. Куэдрэ къэхъурт ахъшэ ямыIыгъыу, ауэ я ныбжьэгъухэм я гъусэу таурыхъ еплъыну щIэхъуэпс цIыкIухэр абы и автобус бжэщхьэIум къыщытеувэ. Апхуэдэхэм я еплъыпщIэр езы Къанщобий яхуритт. Илъэс 25-м нэблагъэкIэ Берыр киномеханикыу лэжьащ, езым зэрыжиIэмкIэ, ди республикэм зы жыли иIэкъым ар щымыIауэ, ауэ къуажэдэс сабийхэм нэхъыбэжрэ зэралъэмыIэсар нобэхэми игу къоуэ.
Интернетым къыщызэIуаха социальнэ напэкIуэцIхэм язым Къанщобий гуапэу щытепсэлъыхьыу дрихьэлIащ. Абы игъэлъагъуэу щыта таурыхъхэмрэ езым и цIыхуфIагъымрэ псалъэ дахэу хужаIам щIэ иIэкъым. Ар къыщытлъагъум, Бер Къанщобий зыхуэдгъэзэну, ар фIыуэ зылъагъу ди газетеджэхэм абы и хъыбар яхуэтIуэтэну мурад тщIащ.
Унагъуэр зихуэдэр бжэщхьэIум къыщыбощIэ, Къанщобий и щхьэгъусэ Фузэ унэгуащэфIу, цIыху гуапэу зэрыщытыр занщIэу гурыIуэгъуэ тщыхъуащ! Къалэдэс куэдым къащхьэщыкIыу, абыхэм къызыхэкIари я бзэри Iумпэм ящIыркъым, уеблэмэ я щIэблэми а хабзэ дахэхэр щапхъэ яхуэхъуащ.
I948 гъэм мазаем и 27-м Налшык и Брамтэ (Вольный Аул) хьэблэм къыщалъхуа Бер Къанщобий курыт школ №I2-р къиуха иужь, къалэм дэт училищэ №8-м щеджащ, итIанэ Полупроводник Iэмэпсымэхэм я заводым лэжьэн щыщIидзащ. I960 гъэм шофер-механик курсхэр къиухыжри, армэм ираджэн ипэ къихуэу, «Космос» кинотеатрым киномеханикыу щылэжьащ.
 I967 гъэм дзэм къулыкъу щищIэну Берыр Украинэм яшащ, СССР-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм хэтащ. Абыи щытхъу щикуэдт щIалэщIэм. I969 гъэм, армэ нэужьым, Къанщобий фIыуэ илъагъу и лэжьыгъэм пищэжащ. Ар и IэнатIэм пэжу зэрыпэрытыр къалъытэри, I979 гъэм къыхуагъэфэщащ «СССР-м и кинемотографием и отличник» цIэр. КъБАССР-м и Министрхэм я Советым кинофикацэмкIэ и управленэм, КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым я щIыхь тхылъхэр къратащ. I99I гъэм Бер Къанщобий къыфIащащ «Къэбэрдей – Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр.
- Сабийхэм дерс къызыхахын, гъэщIэгъуэн ящыхъун къэзгъуэтын папщIэ таурыхъ куэд дыдэ щIэсплъыкIырт. А зэманым телевизор щхьуэкIэплъыкIэ зыми иIэтэкъыми, си автобусыр цIыкIухэм гъэщIэгъуэн дыдэ ящыхъурт, - къыддогуашэ и гукъэкIыжхэмкIэ Къанщобий. – Иджыпсту сабийхэм гъэсэныгъэ къызыхахын, псэкупсэ къулеигъэ къезытын таурыхъ куэд къагъэлъэгъуэжыркъыми, ар сигу къоуэ. ЩIэпхъаджагъэм хуезыгъасэ дерсу фIэкI пщIэнкъым языныкъуэхэр. А зэманым дэтхэнэ таурыхъри лъэныкъуэ куэдкIэ къэтпщытэрт, дызэчэнджэщыжырти, итIанэт щыдгъэлъагъуэр. Совет зэманым щыIа таурыхъхэм хэбдзын яхэттэкъым. ЦIыхур къызэралъхуу гъэсэн щIэбдзэн хуейуэ жызыIар щыуакъым. Абыхэм ябгъэдэтлъхьэ хабзэм, яжетIэ псалъэм, едгъэлъагъум куэд елъытащ. Иужьрей зэманым гъэсэныгъэм хуащI гулъытэм кIэричарауэ къысщохъу, арагъэнщ ныбжьыщIэ сэхъуахэм. ЦIыхум и гур быдэ зыщI, фэрыщIагъэм хуэзыгъасэ, пцIы упсыным хуэIэзэ зыщI куэд телевизоркIэ къагъэлъагъуэ. ГумащIагъым, гущIэгъум, цIыхугъэм я щапхъэу мащIэщ узрихьэлIэр.
Илъэс 25-кIэ зыпэрыта Iуэхур къигъэнами, Къанщобий нобэми игу ихуркъым и псэм къыдыхьэу зыпэрыта IэнатIэр. Уеблэмэ езым и гур зыкIэрыпщIа сабийхэм я цIэхэр и бынхэми яфIищыжащ.
- Нобэми сопщIыхь а цIыкIухэр гуфIэу къызэжалIэу зэрыщытам, фIыгъуэшхуэ яхуэсхь хуэдэт. ЗэманыфIт ар, сабийхэр зэрызгъэгуфIэм сэ нэхъ нысыпыфIэ щымыIэу къысщигъэхъурт, - жеIэ Берым.
ФIыуэ къэзылъагъу, илъагъужхэм къаухъуреихьмэ, ар насыпым и курыхыу къызэрилъытэр жеIэ ди псэлъэгъум. Къару къыхилъхьэрэ и лъэр щIигъэкIыу ноби апхуэдэ насып бгъэдэлъщ абы. Ар фIыуэ къэзылъагъу и ныбжьэгъухэмрэ къэзыцIыхуу щытахэмрэ мащIэкъым, езым и унагъуэ дахэр сыт и уасэ?!
Бер Къанщобий и бынхэмрэ абыхэм къатепщIыкIыжахэмрэ и насыпыр хуагъэбагъуэ зэпытщ. IэщIагъэ ирагъэгъуэту унагъуэ зырызу ягъэтIысыжа я хъыджэбзиплIымрэ щIалэ закъуэмрэ адэ-анэм кърат гурыфIыгъуэр къыпхуэмыIуэтэным хуэдизщ. Бын ехъулIэныгъэ щымыгуфIыкI адэ-анэ щыIэ?! ЦIыху насыпыр зищIысым жэуап нэс иритыфауэ зыри щыIэкъым. Апхуэдэу щытми, Берхэ я унагъуэ насыпым емыхъуэпсэн къэгъуэтыгъуейщ.

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться:

Читать также: