ГъэщIэгъуэнщ

Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щыпсэухэр цIыху хужьхэм зэреджэр «CANCASIANS» жиIэущ икIи абыхэм къызэралъытэмкIэ, Кавказ щIыналъэрщ япэ дыдэу расэ хужьыр къыщыунэхуар.

XIII-нэ лIэщIыгъуэм и кIэхэм нэмыцэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Блюменбах Иоганн лъэпкъыу дунейм тетыр тхууэ игуэшащ: хужьхэр, гъуэжьхэр, фIыцIэхэр, плъыжьхэр, къарэхэр. Абыхэм ящыщу ипэ иригъэщари, зэрыгурыIуэгъуэщи, Кавказыр зи къежьапIэу къилъыта цIыху хужьхэрт. А Iуэху еплъыкIэр зымыдэхэр зэпеуэу пэджэжын щIадзащ ахэр зэрыхужьым и мызакъуэу, икIи зыфIэдахэ Блюменбах.

- Абы игъэбэтауэ аращ 1785 гъэм Геттингенскэ университетым и профессор Майнерс Кристоф и гупсысэр; апхуэдэ Iуэху еплъыкIэр зыкIи щIэгъэбыдакъым,  а псэлъафэр къахуэнауэ аркъудейщ…  етх  «Вокруг света» фIэщыгъэм щIэту Урысейм и географическэ зэгухьэныгъэм пасэ зэман лъандэрэ къыдигъэкI журналым. УсакIуэ цIэрыIуэ Бештокъуэ Хьэбас зэритхауэ, «уэ уфIу куэдрэ къыпхуадэнти…» - абыхэм ягу ирихьагъэнукъым Блюменбах ипэжкIэ Майнерс щхьэтечу хэIущIыIу ищIа мыпхуэдэ Iуэху еплъыкIэри:

«ЦIыхуу дунейм тетыр я расэкIэ зэрыхъур тIущ - кавказрэ монголрэ. ЕтIуанэр япэм фIыуэ къыкIэроху я къарукIи я акъылкIи».

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу