Архаизмхэмрэ историзмхэмрэ

Адыгэбзэм и лексикэм мымащIэу хэтщ жьы хъуа псалъэхэр. Апхуэдэ псалъэхэм къагъэлъагъуэу щыта хьэпшыпым ц1ыхур хуэмеиж зэрыхъуам е нэгъуэщI фIэщыгъэцIэ зэригъуэтам къыхэкIыу аращ  псалъэр жьы хъуныр. Жьы хъуа псалъэхэр егуэшыж историзмрэ архаизму.

Архаизмхэр – ар жьы хъуа псалъэщ, а псалъэм къигъэлъагъуэу щытам нэгъуэщI фIэщыгъэцIэ зэригъуэтам къыхэкIкIэ, бзэм къимыгъэсэбэпыжу.

Историзмхэр архаизмхэм къащхьэщокI – ахэр зы зэман пыухыкIам къагъэсэбэпауэ тхыдэм хэтлъэгъуэжу щытщ, ауэ ди зэманым езы псалъэхэри абыхэм къагъэлъагъуэ хьэпшыпхэри къэдгъэсэбэпыжкъым.

Архаизмхэр бзэм къыхыхьа псалъэхэм синоним хуэхъуу щытщ икIи абы къыхэкIкIэ, синонимхэм я псалъалъэхэм дыщыхуэзэнущ.

Историзмхэм щыщщ афэ - «кольчуга», мэIуху - «щит», дохъутей -«войлочный чехол для ружья», лIыщI  «батрак» псалъэхэр. Жьы хъуа псалъэхэр, махуэ къэс дызэрыпсалъэ бзэм къыщыдгъэсэбэпу щымытми, художественнэ тхыгъэхэм куэд дыдэу дыщрохьэл1э.

Совет властыр ува иужькIэ псалъэщIэу бзэм къыхыхьар иджы жьы хъуа псалъэхэм (историзмхэм) хыдобжэ, псалъэм папщIэ, райком, райсовет, генсек.

Къапщтэмэ, КIэрашэ Тембот и «Шу закъуэ» романым жьы хъуа псалъэ куэд дыдэ хэтщ, сыту жыпIэмэ, романым къыхэщыжыр пасэ зэманращ. Абык1э фигу къэдгъэк1ыжынщ жьы хъуа псалъэ закъом, романым щыщ пычыгъуэм къыщыхьауэ.

Абэ – риза. Тубгъуа щIыкIэу муслъымэн дин лэжьакIуэхэм ящыгъыу щыта щыгъын щIыIутелъ. КъуэкIыпIэ лъэныкъуэм щызэрахьэу ялъэгъуа цIыхухъу щыгъын лIэужьыгъуэр, абэр, езыхэр зэрыхуейм елъытауэ ягъэпсыжащ – бгымрэ пкъымрэ къызэщIиубыдэу, шум дежкIи кIэ зэхэуэ быхъуу – цейр къыхащIыкIащ.

Афэ джанэ – кольчуга. Жыр тхьэгъу цIыкIуурэ зэрылъу щIа джанэ. Япэ ита шу заул1хэм я абэ щIагъ афэ джанэ щIэлъауэ къыщIэкIынущ, я пкъым сэшхуэр щыхэмызагъэм, я пщэм – жэпкъ щIагъ сепыджу сублащ.

Бейгуэл- слуга, сопровождающий князя или уорка.  Пщым, уэркъым и дэIэпыкъуэгъу, абы и унафэ зыгъэзащIэ. Аракъэ зэрыхъур: пщымрэ уэркъымрэ ящыгугъыу къадеущэкIыр, шу гъусэ пэлъытэу бейгуэл IэнатIэм Iуувэр езыр зыщыщ лъхукъуэлIым япыIудза мэхъу.

Бэян - явный, ясный. Нахуэ, пэж. Я псалъи я щытыкIи кIэлъоплъыж, хабзэ зэрахэлъыр бэянщ, фэрыщIагъи гушыIэ нэпцIи ядилъагъуркъым.

ВакъэзэщIэдэ  -  чувяки. Хъыдан Iувым е упщIэм къыхэщIыкIа фэ лъэгу зыщIэда вакъэ щабэ. Танафэ месткIэ вакъэзэщIэдэм итщ, и цей Iэгъуапэр лIыхъусэ щIыкIэу хуэкIагуэщ, и бгым къамэ фIыцIэшхуэ ищIащ, и пыIи лъхукъуэлI пыIэ къызэрыгуэкIщ, цеяпхъэм щыщ хъурейм хъурыфэ бгъузэ тIэкIу къедэкIащ.

Вакъэнжей - самодельные суровые нитки. ЩIэп псырылъэм, шылэм къыхэщIыкIа Iуданэ быф (нэхъыбэу лъакъуэфIэлъхьэ ирадын папщIэ къагъэсэбэпу щытащ). Жыг къудамэхэм джэдыкIэр вакъэнжейкIэ пыщIащ – шабзэрэ къэлаткIэ нэщанэ еуэнухэм папщIэ.

Гуащэнысэ  - княгиня – сноха. Пщы лъэпкъым къыхэкIа цIыхубз. Ауэ джэгу зыхуащIыр гуащэнысэщ, уэркъ пщащэм лъамыгъэсмэ, уэркъхэр къэдауэу къэувынри хэлъщ.

ДжэгуакIуэ – джегуако. Пасэрей адыгэ артистхэм уэрэдгъэIу уэрэдусхэм я цIэ зэдай. Суанд, джэгуакIуэм зыхуишийри, зыгуэр жриIащ, и Iэр псынщIэу иIэтри, джэгуакIуэм пщы щIалэр зэтригъэувыIащ.

Дохъутей - войлочный чехол для ружья. УпщIэм къыхэщIыкIа фочылъэ. Я щIакIуи, я бащлъыкъи, я дохъутеи, фоч щIэгъэкъуэну а дохъутейм егъэбыдылIэжа я зэпэбашри апхуэдабзэу гъэпсауэ, Iэрыхуэу, зэуэн-зекIуэным хуэщIат.

 

Зэпэбаш – сошка.  ФочкIэ щыуэнум и деж фочыпэм щIагъэувэу фочыр зытрагъэлъадэу щыта башитIщ, ищхьэмкIэ кIапсэкIэ щызэпхауэ. Я щIакIуи, я бащлъыкъи, я дохъутеи, фоч щIэгъэкъуэну а дохъутейм егъэбыдылIэжа я зэпэбашри апхуэдабзэу гъэпсауэ, Iэрыхуэу, зэуэн-зекIуэным хуэщIат.  

Джэгуалъэ - предмет насмешек. Ауан ящI зэпытым хужаIэ. А джэгуалъэр Елджэрыкъуэ зэрейр занщIэу щхьэ къыджумыIарэ.

ДжэрыщIэ - подхвостник, ремень для удержания седла. Уанэр и плIэмкIэ мыкIуэтэн папщIэ шым и кIэпкъым щIэдзауэ зи кIапитIыр уанэпхъафэм епхыжа фэ кIапсэ. Шхуэми джэрыщIэми зы дыжьын телъкъым.

Жэмхэгъасэ - один из членов семьи или близкий родственник невесты, находящийся с ней в доме жениха, пока она не освоится. ЛIы дэкIуа цIыхубзыр зэрыхьа унагъуэм яхэсыхьыху и гъусэну ягъакIуэ Iыхьлы. Гуащэнысэм жэмхэгъасэу зы уэркъ щIыгъуащ.

Къэлат - кремневый пистолет. Щтауч зыIулъ кIэрахъуэ. Ерстэм гузавэри и къэлатым епхъуащ.

Къэптал - название национальной мужской одежды, поверх которой одевают черкеску. Адыгэ цейм и щIагъым щIалъхьэ щыгъын щIыIутелъ, щIыIунэ-щIыIущхьэ иту. ЩIалэм и къэпталри ластыч фIыцIэщ.

Лъахъстэн  - сафьян. ПщатэкIэ ягъэтэджрэ нэпкъыжьэ фIыуэ къищIыху яIуэтурэ, ягъэхьэзыра бжэныфэ. Лъахъстэныр зэрыгъущыжам тепщIыхьмэ, Суанд абыхэм къащыIууар пщэдджыжь блащхъуэуэгъуэрщ.

Лъей – ноговица.  Лъэдиймрэ лъэгуажьэмрэ щIигъанэу лъэгупс фIэкI лъапэ зыпымыт щыгъын лIэужьыгъуэ. Уэркъ хъурыфэ пыIэ лъагэщ, цеищхъуэ кIагуэщ, и вакъэри и лъейри хуэплъыфэщ.

ЛъхукъуэлI – тфокотль. Сословие свободных крестьян в феодальной Кабарде. ПщылIыпIэм имытыж, ауэ пщымрэ уэркъхэмрэ хуащIэн хуей къалэн гуэрхэр зи пщэ дэлъу щыта мэкъумэшыщIэ.

НэгъуэщI лъэныкъуэщи, зыщыщ лъхукъуэлI лъэпкъым я губгъэн къихьынкIэ шынагъуэщ.

 

Поделиться: