Насып зиIэр хэкум къыщалъхуаращ

Псэр дэтыншу екIуэкI гъэмахуэр нэхъри щIэщыгъуэ зыщащIын, гукъинэж ящыхъун папщIэ адэжь лъахэм къоблэгъэж ди лъэпкъэгъухэр. Апхуэдэу зэрытегъэгушхуэри къэкIуат Тыркум щыIэ Адыгэ Хасэм хэт адыгэ бзылъхугъэ гуп. 
Налшык къалэ дэт «Гранд-Кавказ» хьэщIэщым къыщыувыIа цIыхубзхэм я деж деблэгъат куэд щIауэ зыщIэхъуэпс адэжь хэкур къазэрыщыхъуам тедгъэпсэлъыхьыну. 
Дэтхэнэ зы хэхэс адыгэ гупцIанэми хуэдэу, цIыхуий хъууэ къэкIуа ди шыпхъухэр къытщыгуфIыкIащ икIи ялъэгъуахэм, зыхащIахэм, уеблэмэ ягу нэмыса нэгъуни гуапэу къытхутепсэлъыхьащ. 
Ди хьэщIэхэм яхэтт къэбэрдеи, бжьэдыгъуи, шапсыгъи, абазэхи. Абы ипкъ иткIэ, ахэр нэхъапэу Мейкъуапэ къыщыувыIащ, итIанэ КъэбэрдеймкIэ къаунэтIащ. 
Есэн Айтэн: Дэ псори ди ныбжькIэ пенсэм дынэсри, зыдгъэпсэхуну дытIысыжащ. Хасэм дыздекIуалIэм, адыгитI зэуIу хъумэ зытепсэлъыхьыр аракъэ, хэкум ди нэ къызэрыхуикIым, зэ нэхъ мыхъуми зыщытплъыхьмэ, ар фIыгъуэшхуэу къызэрытщыхъунум и гугъу тщIырт. Сэтэней жиIащ зыри пэрыуэгъу къызэрытхуэмыхъунур, дыкъакIуэу зыщыдгъэпсэхуным бэлыхь гуэри зэрыпымыщIар. Апхуэдэ щIыкIэкIэ дызэчэнджэщыжри, игъащIэ лъандэрэ хъуэпсапIэу къыздетхьэкI гъуэгуанэм дыкъытеуващ. Нэхъапэ Мейкъуапэ зы тхьэмахуэ зыщытплъыхьащ, адыгей къуажэхэмрэ къуажэдэсхэмрэ зэдгъэлъэгъуащ, иджы Къэбэрдейм дыкъэкIуауэ дыщохьэщIэ.
Хьэмту Нешнэт: Си адэр Хьэмтухэ ящыщщ - ар шапсыгъщ, си анэр къэбэрдейщ, Ефэндыхэ япхъущ. Адэжь лъахэм и къуэпс псори къызыщIызоубыдэ (мэдыхьэшх). Къэбэрдейм щытлъэгъуамрэ щызыхэтщIамрэ псалъэкIэ къэIуэтэгъуейщ. Iуащхьэмахуэ лъапэ, Шэджэм псыкъелъэхэр, Гуэл щхъуантIэхэр хуабжьу дахэщ, щIыуэпсым и беягъыр щынэрылъагъущ а щIыпIэхэм. Апхуэдиз дахагъэм хэс цIыхухэм ягу Iей илъынукъым. Дэ дызэрыцIыкIурэ ди тхьэкIумэм зэхихыр хэкум къинахэм я насып къызэрикIарщ, абыхэм ябгъэдэлъ фIыгъуэхэрщ - мис ахэр зэдгъэлъэгъуащ, ди гур хигъэхъуащ. 
Ефэнды Дурданэ: Ди хэкум и IэфIагъыр зыхэтщIэнырщ ди «зекIуэм» щхьэусыгъуэ хуэхъуар. Мейкъуапэ махуэ зыбжанэкIэ дыщыIати, зэи ди нэгу щIэмыкIыжын щытлъэгъуащ. Адыгэ лъахэр щхъуантIагъэкIэ бейщ, щыпсэухэр къызэрымыкIуэу гуапэщ. Ди благъэхэм дахуэзащ, дабгъэдэсащ. Куэшхьэблэ, ХьэкIуринэхьэблэ драгъэблагъэри, къуажэ тхьэмадэхэр зэдгъэцIыхуащ, жылэхэм я щыIэкIэ-псэукIэр зэдгъэлъэгъуащ. 
Есэн Айтэн: ЦIыхухэр гуапэу къытпыкъуэкIащ. Ди адэжьхэр зэрыса лъахэр зэдгъэлъагъуну дыхуейуэ дыкъызэрежьар щажетIэм, щIыпIэ дахэ куэдым дашащ. Уеблэмэ махуэхэр дримыкъуу, жэщхэми къыщыткIухьащ Адыгейм. ЦIыхухэм я зэхэтыкIэхэм гу щылъыттар шхапIэхэращ. Адыгэ зыщIэс сыт хуэдэ шхапIэ дыщIыхьами, Тыркум дыкъызэрикIар зэхаха нэужь, къытщыгуфIыкIыу сэлам гуапэ къыдахырт. Абыхэм къагурыIуэу къытфIэщIащ езыхэр зыхэпсэукI хъугъуэфIыгъуэм пэIэщIэу псэу дэ ди гум щыщIэр. 
Къаныкъуэ Нуран: Апхуэдэ дыдэуи гуапагъэ къыщыткIэлъызэрахьэ Къэбэрдей-Балъкъэрым. Адыгейхэмрэ къэбэрдейхэмрэ зыгуэркIэ зыщхьэщыкIыу къысхуэщIакъым. Псори псэ къабзэ – гу къабзэкIэ къыдбгъэдэтщ. 
Пщакъуэ Дилбар: ЖысIэкIэ фи фIэщ хъункъым хэкум исхэм дазэрехъуэпсар. Сыту я насып я лъахэ исыжу, я лъэпкъэгъухэм яхэсыжу, я унафэщIыр езыхэм ящыщу псэу адыгэхэм. Тыркум гугъу дыщехьу схужыIэнукъым. Ди гъунэгъухэми, ди ныбжьэгъухэми хъарзынэу дадокIуэкI. Ауэ жагъуэ тщыхъур ди сабийхэм бзэр зэраIэщIэхужырщ. КъищынэмыщIауэ, срогузавэ ди хъыджэбзхэр тыркухэм, курдхэм зэрадэкIуэм, ди щIалэхэм хамэ лъэпкъ щыщхэр къызэрашэм. Лъэпкъ зэхэгъэж сщIыуэ аракъым, ауэ ди адыгэ тIэкIур къабзэлъабзэу зэдэпсэужыну, я лъэпкъ хабзэр, щэнхабзэр яхъумэжыну сыхуейт. 
Есэн Айтан: Дэ дыщыцIыкIухэм къуажэхэм дыдэсащ. Абы щыгъуэм псори адыгэу къытфIэщIырт. Мэл дгъэхъуу, былым дгъашхэу, джэд-къазыр пщIантIэм дэту, псори адыгэбзэкIэ дызэпсалъэу дызэхэсти, гугъуехь гуэри дыIууэртэкъым. Ауэ деджэн, дылэжьэн хуей хъури къалэшхуэхэм дыкIуащ, мис абы щыгъуэм хамэбзэри, хамэ хабзэхэм щыщи къэтщтащ. Нэхъапэм къуажэхэм дэсахэри къалэхэм Iэпхъуэри, адыгагъэр нэхъ IэщIыб ящI хъуащ. 
Сиихъу Сэтэней: ДыкъызыхэкIамрэ дыкъыздэкIуамрэ зызогъапщэри, сыкIуэжыну сыхуейкъым. СхузэфIэкIамэ, сыкъэнэнти, къысхуэна гъащIэр мыбы щысхьыжынт. Тхьэм дызэрелъэIур зыщ – зэгуэр адыгэ псори зы хэгъуэгу ису, зы бзэкIэ зэпсалъэу, зы хьэуакIэ бауэу хъужыну! 
Хэт сыт хуейми жрыреIэ, ауэ насып зиIэр хэкум къыщалъхуаращ. КъыщыпкIухьынуи, псы ущефэнуи, жьы къабзэкIэ ущыбэуэнуи фIыр адэжь хэкуракъэ?! Сыт хуэдэ щыщIэныгъэ иIэми, щхьэж и адэжь лъахэращ нэхъыфIыр. 
Пщакъуэ Дилбар: Гу зылъыстахэм ящыщу къыхэзгъэщыну сыхуейщ Къэбэрдейм мылъку куэд зыбгъэдэлъи нэхъ къулейсызи зэрыщыIэр. ИтIанэ тфIэгъэщIэгъуэн хъуащ цIыхубзхэм я нэхъыбапIэр зэрылажьэр. Налшык къалэ щыIэ бэзэрхэм ящыщ зым дыщыIати, бзылъхугъэ куэд зэрытетыр тлъэгъуащ. Абыхэм я щхьэгъусэхэр лажьэркъым, дауи, езыхэр щIыIэми хуабэми щымышынэу сату ящIэну къыщыдэкIкIэ. 
Нэхъапэм дауэ зэрыщытар? Бзылъхугъэм жьэгур зыхуей хуигъазэу, цIыхухъум унагъуэр зэрыпсэуныр кърихьэлIэу щытащ. Иджы псоми зихъуэжащ. Сэ къызгуроIуэ зэманым зэхъуэкIыныгъэ зэхуэмыдэхэр къызэрыздихьыр. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэ иджырей цIыхубзхэр офисхэм щылажьэми, унэгуащэхэр гугъу езгъэхьынутэкъым бэзэр, губгъуэ хуэдэхэм щылажьэу. 
Сиихъу Сэтэней: Iуащхьэмахуэ лъапэ и беягъыр умыгъэщIагъуэу плъэкIынукъым. Ауэ КъБР-м и туризмым нэхъри зиужьын папщIэ щIапхъэхэр иджыри куэдщ. Абы зыщызыгъэпсэхуну, зыщызыплъыхьыну къакIуэхэм щхьэкIэ инджылызыбзэ, тыркубзэ, франджыбзэ зыщIэхэр щылэжьэн хуейщ. Зы щIыпIэ къикIа гупым цIыху щхьэхуэ ирапхрэ абы къришэкIыу щытыпхъэт. Ауэ абыхэми нэгъуэщI куэдми КъБР-м и Iэтащхьэр зэрелэжьыр къыджаIащ. Туризмым зегъэужьыныр, Iуащхьэмахуэ лъапэ зыгъэпсэхупIэ нэхъыфIхэм хабжэу хъун щхьэкIэ хэкIыпIэхэр убзыхуныр республикэ унафэщIхэм япэ ирагъэщ Iуэхугъуэхэм зэрыщыщыр ди гуапэ хъуащ. 
Есэн Айтэн: Дэ ныкъусаныгъэхэр къэдулъэпхъэщыну дыкъэкIуауэ къыфщымыхъу, дигу щыщIэр вжетIэу ара къудейщ. Къапщтэмэ, дыкъыщIэкIуар лъахэм и дахагъэр зэдгъэлъагъуну, ди лъэпкъэгъухэм я зэхэтыкIэр зэдгъэщIэну арати, ди мурадыр къыдэхъулIащ. Псори дигу ирихьащ, къытхуэнэжа гъащIэм гукъыдэж къыдэзытын къару нэхукIэ дыузэдауэ дыкIуэжу къытщохъу. Хэкум къыхуэпабгъэу псэуа ди адэхэми я псэр щыгуфIыкIауэ къытфIощI нобэ дыкъызытехьа гъуэгум. Тхьэм жиIэмэ, щIы IэмыщIэ зырыз здэтхьынурэ абыхэм я кхъащхьэхэм теткIутэнущ. 

НэщIэпыджэ Замирэ.м
Поделиться: