Мэрем

Чристэн диным къыздихьа Тхьэанэ (Тхьэнанэ) Марие (Хьисэ бегъымбарым и анэм) и лъэужьщ; адыгэм я диным къызэрыхэщымкIэ, Мэрем и IэмыщIэ илъщ мэкъумэшыр, бжьэхъуныр, бэвыр, нэгъуэщI хъугъуэфIыгъуэхэр, узыншагъэр, насыпыр, къ. Чристэн тхьэгуащэм и лъэужьу зэрыщытым (я цIэр зэрызэщхьым нэмыщIу) щыхьэт техъуэхэм ящыщщ ар Тхьэшхуэм и анэу зэрыжаIэр. 
Апхуэдэу жаIэ Хъан-Джэрий («Мария Великая, Великого Бога мать»), Люлье Л. («Марием тхашхо иян»), къ. Ауэ чристэн лъэужьыр къабзэу къанэркъым, ар, дауи, хэткIухьащ адыгэ мажусий диным.
Мэремыр ягъэлъапIэу гъэмахуэми бжьыхьэми адыгэм махуэщI яIауэ щIэныгъэлIхэм ятхыж. Люлье Л. зэрыжиIэмкIэ, лэжьыгъэр Iуахыжа нэужь, августым деж махуэ бжыгъэкIэ тхьэлъэIу ящIырт, мафIэм елъэхэурэ Мэрем
тхьэ елъэIурт я гуэныхьхэр къахуигъэгъуну.
Кох К. зэритхымкIэ (XIX лI.), Мэрем и махуэщIыр жэпуэгъуэм ящIырт, Iэщ тыхьу яукIырт, хьэлывэ ягъажьэрт, фом къыхащIыкI шхынхэр ягъэхьэзырырт, «псори тхьэ елъэIут узыншэнхэу, бэву псэуну, насып яIэну». 
Тыхь ящIа нэужь щIалэгъуалэм унагъуэхэр къакIухьурэ шхын къыхадзырт, жэщыр хэкIуэтауэ я нэгу зрагъэужьырт.
Белл Дж. (I838 гъ.) зэрыжиIэмкIэ, щэкIуэгъуэм и 6-м къыщыщIэдзауэ махуиплIкIэ ягъэлъэпIащ Мэрем и махуэщIыр. Жэщ мазагъуиплI макIуэ тыхь ящIу, цIыхухэр ягъашхэу, нэхъ хуэмыщIахэм я нэIэ тету, тыхьу яукIа жэм тхьэмщIыгъум щыщ псоми Iуагъахуэу. Мэрем ягъэлъапIэу жаIэм (хъуэхъуу къыщIэкIынщ) къыхощ Мэрем и щыгъыныр кIыхьрэ дыжьыну зэпылыдыкIыу, ар уафэм и гуащэрэ бзылъхугъэ щIалэхэр и нэIэм щIэту; йолъэIур лэжьыгъэ бэв къаритыну, мамыру, насыпыфIэу игъэпсэуну («твои длинные развевающиеся одежды блестят, как серебро, ты – владычица неба и покровительница молодых девиц. О, благослови нас богатым урожаем, ниспошли мир и счастье».
Дубровиным зэритхымкIэ, Мэрем и цIэкIэ шыщхьэуIум ящI махуэщIым щыжаIэрт Мэрем Тхьэшхуэм и анэрэ и щыгъыныр дыщэхуу, и натIэр мазэрэ и хъуреягъыр дыгъэу («великого бога мать, великая Мария, облаченная в золото белое, на челе имеет луну, а вокруг себя солнце»).
Къэбэрдей чристэнхэм иджыри къадогъуэгурыкIуэ Мэрем теухуа дин хабзэхэр. Апхуэдэу, шыщхьэуIум и 28-м техуэ мэремыIум хэтщ Мэремыр. НэщIым и пэм бзылъхугъэхэр члисэм макIуэри члисэ къуапиплIыр къакIухьурэ Мэрем ягъэлъапIэу мыр жаIэ:
Мэрем нэхум и бгъэр дыщэщ,
Мэрем къанмэ и бгъэр дыщэщ,
Ар уи дыщэ джабэм дыкъыщIэбнэрэ,
Уэр дыкъыщIэбнэрэкIэ щхьэщэ пхудощI,
Уэр дыкъыщIэбнэрэкIэ щхьэщэ пхудощI.
Члисэр къыщакIухькIэ Мэрем зэрагъэлъапIэм къыдэкIуэу щIэблэр къихъумэнуи йолъэIу: 
Мэрем янэм и нэр дыгъэщ,
Мэрем янэм и бгъэр дыщэщ,
А уи дыщэ джабэм къыщIэбгъэнэну,
Ди щIэжьей цIыкIухэр къытхуэпхъумэну,
Я нэ, я псэ цIыкIухэр къытхуэпхъумэну,
Ди щIэжьей цIыкIухэр дахэкIэ хэпхыну -
Мэрем янэм дынолъэIу.
Мэрем мифым, эпосым, IуэрыIуатэм, хабзэ сытхэм нэгъуэщIкIэ къыхэщу дыщыгъуазэкъым, ауэ абы и лъэужь адыгэбзэм къыхэнащ. Псалъэм папщIэ, абы къытехъукIауэ адыгэ унэцIэхэр щыIэщ: Мэрем, Мэремыкъуэ, Мэремщауэ.
Адыгэ махуэцIэ мэремри абы къытекIащ. Ауэ ар чристэн тхьэгуащэм и цIэу чристэн диным къыздихьу занщIэу адыгэбзэм къыхыхьакъым. Ар япэ щIыкIэ муслъымэн диным хыхьащ (а диныр адыгэм къалъэмыIэс щIыкIэ). ИтIанэ муслъымэн диным и гъусэу ар адыгэбзэм къыхыхьащ махуэ лъапIэм и цIэу. 
Мы псалъэр махуэцIэу кIахэ адыгэм ящтакъым, икIи мэремым бэрэскэшхуэкIэ йоджэ (пэжу, ари чристэн лъэужьщ, ауэ къикIыр нэгъуэщIщ: бараск (бэрэздж) жиIэмэ урымыбзэкIэ нэщI (пост) жыхуиIэщ, бэрэжьей махуэцIэри абы къытекIащ).

 

Поделиться:

Читать также: