IэфIрэ сэбэпу

 «ГъащIэм и жыг» - аращ зэреджэр КъуэкIыпIэ гъунэгъумкIэ щыIэ къэралыгъуэхэр игъащIэ лъандэрэ къыддекIуэкI, тфIэIэфIыпсуи тшхы хъурмэ кIыхь цIыкIухэм. Ахэр куэдрэ зэрыщылъым, сытми зэрыдекIум къимыдэкIэ, абы хэлъ хущхъуэгъуэхэм куэд хэтщIыкIыркъым.
Ахэр лIэужьыгъуэ куэду зэхедз, абы тещIыхьауэ хуагъэув уасэхэри. Зи хущхъуэгъуэр нэхъыбэу къалъытэ «пащтыхь хъурмэ» пIащэ фIыцIэшхуэхэр куэдкIэ нэхъ ягъэлъапIэу къокIуэкI, ауэ щIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, псори зэхуэдэу сэбэпщ.
Къапщтэмэ, къумыр зи псэупIэ бедуин лъэпкъхэм лышх узыфэр яхуэлъэкъым икIи ар зи фIыщIэу къахутар хъурмэ куэду зэрашхырщ. Абыхэм къагъэсэбэпыр езы хъурмэм и закъуэкъым: ар къызыпыкIэ жыгым (пальмэм) и тхьэмпэм бгъэныщхьэхэр, хьэпшып цIыкIуфэкIухэр, матэхэр, кIапсэ быдэхэр къыхащIыкIыу, псэупIэ унэхэр щаухуэкIэ и пхъэр къагъэсэбэпу игъащIэ лъандэрэ къекIуэкIащ.
Ноби хъурмэм и пкъым къыхах зэрыжьыщIэ сабынхэр, сэхусэплъхэр.
Хъурмэ жыгхэм къапыкIэн папщIэ хуабэр градус 38 - м къемыхыу мазищым щIигъукIэ екIуэкIын хуейщ. Илъэс еплIанэм къыпыкIэн щIэзыдзэ жыгыщIэхэм килограмми 7 - I0 , жыг балигъхэм - I50 - 200 къыпач. Хъурмэ жыгхэр илъэс 200 - кIэ мэпсэу. Абы щыщу илъэс 80 - I00-кIэ зэпымыууэ къапокIэ. Уеблэмэ илъэс 200 - м нэса жыгыжьхэми къызыпыкIэ яхэтщ.
 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ