Гудзакъэ зиIа еджагъэшхуэ

КъБКъУ-м и химико-биологие факультетым и япэ декану щыта, химиер IэщIагъэу къыхэзыха щIэблэ куэдым гъуэгугъэлъагъуэ, унэтIакIуэ яхуэхъуа Бузд Къэралбий Аслъэнбэч и къуэр лъэпкъ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа ди лъахэгъухэм ящыщ. КъигъэщIа илъэс 90-м ящыщу 65-м щIигъур Буздым тыхь хуищIащ егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэм. НэхъыжьыфIыр псэуащ, иригъэджауэ щытахэм, зыцIыхуа, зыдэлэжьа куэдым щапхъэ нэс яхуэхъуу.
Бузд Къэралбий Тэрч щIыналъэм хыхьэ Дей (Мэртэзей) къуажэм I930 гъэм и мэлыжьыхь мазэм къыщалъхуащ. Дунейм и зэхэлъыкIэм дихьэхыу къэхъуа щIалэщIэр курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, химие IэщIагъэм хуеджащ. Студент илъэсхэр жыджэру, купщIафIэу езыхьэкIахэм ящыщащ Буздыр. Комсомолец пэрытыр I957 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэситIкIэ щытащ а къэралпсо щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм и Налшык къалэ комитетым и япэ секретару.
КъБКъУ-м и мэкъумэш факультетым I964 гъэм химие къудамэ къыщызэIуаха нэужь, абы ирагъэблэгъащ а щIэныгъэмкIэ зэфIэкI зыбгъэдэлъ лъэпкъ IэщIагъэлIхэр. Абыхэм ящыщащ а лъэхъэнэм ирихьэлIэу химик цIэрыIуэ хъуа Бузд Къэралбий. Абы и гъусэу а зэманым лэжьащ щIэныгъэлIхэу Къарэ Зырамыку, Бырхьэм Михаил, ХъуэкIуэн Тамарэ, Къэзанш Александр, Багъ Ибрэхьим, Шурдым Гъэзалий, Шэрджэс Бэлэтокъуэ сымэ, нэгъуэщIхэри. Химие-биологие факультет щхьэхуэ I966 гъэм къызэрагъэпэща нэужь, а щIэныгъэ къудамэм и унафэщI къалэныр дзыхь зыхуащIауэ щытар щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ IэкIуэлъакIуэ, егъэджакIуэ Iэзэ Бузд Къэралбийщ. Факультетым и лъабжьэр зыгъэтIылъа, абы и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа а щIэныгъэлIым, жыпIэнурамэ, химие щIэныгъэр и гъащIэ гъусэу и илъэсхэр ирихьэкIащ. Факультетым и декану куэдрэ лэжьа нэужь, Буздыр зэман кIыхькIэ щытащ абы и кафедрэхэм ящыщ зым и унафэщIу.
- Сэ сызыхэса гупыращ химие къудамэм и япэ студенту щытахэр. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым химием хэхауэ дызэрыщыхуеджар зэрыт дипломхэри япэу зратари дэрат, - игу къегъэкIыж университетым и химие къудамэр I969 гъэм къэзыуха Щомахуэ Мухьэмэд. – Еджэным дыщыпэрыхьа япэ махуэм къыщыщIэдзауэ нобэр къыздэсым дызэрыIыгъщ зэкурсэгъуу щытахэр. НэхъыжьыфIу диIа Бузд Къэралбий ди пашэу илъэс куэдкIэ дызэхуэсащ зэныбжьэгъухэр, Химикым и махуэр дгъэлъапIэу. Химие щIэныгъэмкIэ IэщIагъэлI дыхъуу щхьэж и IэнатIэ, увыпIэ гъащIэм щыдгъуэтыжами, университетым и химие факультетым и япэ декану, ди егъэджакIуэу щыта Бузд Къэралбий зэрытцIыхуа илъэс 40-м нэсым къриубыдэу (I964 гъэм къыщыщIэдзауэ 2020 гъэм дунейм ехыжыхункIэ) дапщэщи къытщIэупщIэрт, ди Iуэху зыIутыр зригъащIэрт. Дэри сыт щыгъуи дыхуэныкъуэт абы и чэнджэщхэм. ЖыпIэнурамэ, куэдри сэбэп къытхуэхъуащ и ущие псалъэхэри.
Къыдэлэжьахэм, илъэс зэхуэмыдэхэм иригъэджахэм зэрыжаIэмкIэ, Буздым хуэдэу лэжьыгъэр къызэзыгъэпэщыф IэщIагъэлI гъуэтыгъуейт. Абы игъэтэрэзырт и нэIэм щIэту лажьэ егъэджакIуэхэм я Iуэхури, студентхэми яхуэнабдзэгубдзаплъэт. Абы далъэгъуа Iуэху зехьэкIэр куэдым щапхъэ иужькIэ яхуэхъуащ, езыхэр школхэм, IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щылажьэу щIадза нэужьи. Хьэлэлу лэжьэн зэрыхуейм и закъуэкъым Буздым щIэблэр зыхуиущияр, атIэ гудзакъэ яIэу, фIым, захуагъэм я телъхьэу, цIыхур, гъащIэр фIыуэ ялъагъуу псэунми къыхуриджащ. Къэралбий иригъэджа куэдым гукIэ ящIэж я унэтIакIуэ щыпкъэм къажриIэу щыта псалъэ Iущхэр. Апхуэдэхэт Менделеев Дмитрий, Горький Максим сымэ я псалъэхэу химие щIэныгъэм и купщIэр къэзыгъэлъагъуэхэр: «Химиер – телъыджэхэм я щIыналъэщ. Аращ цIыху акъылыр здынэсыфыну, бэм я псэукIэр езыгъэфIэкIуэфыну щIэныгъэ къэхутэныгъэ куэдым я лъахэ хъунур» е «Си Хэкур си анэм хуэдэу фIыуэ солъагъу, сызыхэт химие щIэныгъэр хузогъадэ цIыхупсэр зыузэщI, гъащIэр нэхъ зэIузэпэщ зыщI фIыгъуэ иным».
Апхуэдэу, гъащIэм гъуазэ щахуэхъуа я егъэджакIуэм зыщIигъэдэIуахэмрэ зыхуиущияхэмрэ я гум илъу, къызэдогъуэгурыкIуэ Буздым и гъэсэнхэр, нэхъыжьыфIу яIам и псалъэхэм тету. Ахэр щыгуфIыкIырт химие щIэныгъэм и щэху куэд къахузэIузыха, адэ пэлъытэу яIа, шынэхъыжьыфIи ныбжьэгъуфIи яхуэхъуа я унэтIакIуэм и цIэр фIыкIэ къыщраIуэкIэ. И щIыбагъ къыдэлъ лэжьыгъэ хьэлэлым къыпэкIуэу Буздыр мызэ-мытIэу ягъэпэжащ СССР-м, УФ-м, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ я министерствэхэм, нэгъуэщI къэрал IэнатIэхэм къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэмкIэ, дамыгъэ лъапIэхэмкIэ. Абыхэм яхэлъщ къэрал махуэшхуэхэм ирихьэлIэу УФ-м и Президент Путин Владимррэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ нэхъыжьыфIым къыхуагъэхьа Хъуэхъу телеграммэхэри.
 Илъэс 90 къэзыгъэщIа щIэныгъэлIым, къэхутакIуэм, егъэджакIуэм, лэжьыгъэм и къызэгъэпэщакIуэ цIыху щыпкъэм пщIэшхуэ жылагъуэми щиIащ, ноби аращ. Абы и гъащIэр щапхъэу хуагъэлъагъуэ химие щIэныгъэм и щэхухэр джыным зезыпщыта иджырей студентхэми щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэми.
Бузд Къэралбий Аслъэнбэч и къуэм хуэдэхэращ КъБКъУ-р нобэкIэ здынэса лъагапIэм хуэзышахэр, еджапIэ нэхъыщхьэм ехъулIэныгъэ инхэр зыIэригъэхьэным зи гуащIэ хьэлэлыр, зэфIэкI къызэрымыкIуэхэр езыхьэлIахэр. Апхуэдэхэм я цIэхэр КъБКъУ-м и тхыдэм къыхэнэнущ.

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: