ЩIэныгъэр и плъапIэт

Дым Iэдэм Кушмэзыкъуей къуажэм (иджы Бахъсэн) къыщалъхуащ. Абы япэ адыгэ тхылъ тедзапIэ къызэригъэпэщащ, тхылъхэр къыдигъэкIащ, къэбэрдеибзэкIэ адыгэ газет тридзэу щIидзащ. Бахъсэн дэт мыдрисэр къиуха нэужь, абы и щIэныгъэм щыпещэ Мысырым, Каир дэт университетым. И хэку къызэригъэзэжу, абы и къуажэм къыщызэIуех хуэмыщIа жылэ сабийхэм папщIэ еджапIэ. Абы еджакIуэхэм щхьэкIэ къещэху ахэр зыхуей тетрадхэр, зэджэн тхылъхэр Каир кърырегъэх. И еджапIэм папщIэ абы къещэху сабийхэр зытетхыхьын стIол, зытесын шэнтхэр, зыщытхэну доскахэр. А еджапIэм Дымым щригъэджащ есэпыр, естествознаниер, адыгэхэм я тхыдэр, къэбэрдеибзэр. КъурIэным еджэным махуэ къэс зы сыхьэт хухахырт. Сабийхэр уасэ Iамыхыу абы щрагъаджэрт. Дымым 1913 гъэм хьэрып алфавитым тещIыхьа адыгэбзэм и алыфбей игъэхьэзыращ икIи ар Темырхъан-Шурэ дэт Мавраев Мыхьэмэтмырзэ и тхылъ тедзапIэм къыщыдигъэкIащ. Ар дыдэм езым зэригъэпэща алфавитымкIэ Дымым зэредзэкIри, хьэрып тхылъхэу «Сабийхэм я псэмрэ» «Фыз хъыбарымрэ» къыдегъэкI. Къэзан дэт «Умид» тхылъ тедзапIэм 1917 гъэм абы щытредзэ «ПсалъэфI» тхылъыр. А илъэс дыдэм и бжьыхьэм и адэм и мылъкукIэ абы тхылъ зэрытрадзэ станок къещэху, «Адыгэ макъ» газетыр щытридзэ тхылъ тедзапIэ къызэрегъэпэщ икIи абы и тхыгъэхэм я нэхъыфI дыдэ «Щэнгъасэ» тхылъыр къыдегъэкI.

Муслъымэн щIэныгъэ зэригъуэтам и лъэужь Дымым и тхыгъэхэм яхыболъагъуэ, ахэр нэхъыбэу зытещIыхьар КъуэкIыпIэ щэнхабзэмрэ ислъам динымрэщ.

«Щэнгъасэр» диным, цIыхум зэрызиIыгъыным теухуа эссе е сюжет зиIэ рассказ цIыкIухэу ухуахэр щызэхуэхьэса сборникщ. А рассказхэм Iуэху куэд къызэщIаубыдэ: пэжагъыр, ныбжьэгъугъэр, къабзагъэр, псалъэм и фIагъымрэ и зэранагъымрэ, пцIыр, абы къишэ мыхъумыщIагъэр, пэжым и мыхьэнэр, нэмэзым зэрызыхуагъэхьэзырымрэ ар зэращIымрэ, нэщIым и IыгъыкIэр. А гупсысэхэри Iэмал зэхуэмыдэхэмкIэ еджакIуэхэм я деж нахьэсырт. Дымым адрей и тхыгъэм – «Мухьэмэд и гъащIэм» - къыщиIуэтащ бегъымбарым и гъащIэмрэ абы муслъымэн диным папщIэ иригъэкIуэкIа бэнэныгъэмрэ. Абы гулъытэ нэхъ зыщыхуэщIар ислъамым хабзэ къигъэувхэр мыхъуу, езым и гъащIэр зэрекIуэкIарщ. Диным теухуа тхылъхэм я сюжетхэр къигъэсэбэпкIэрэ, Дымым и тхыгъэр зэджэн литературэм пэгъунэгъу ищIащ.

Дымым къалэн хьэлэмэт илэжьащ къэбэрдеибзэкIэ «Адыгэ макъ» газетыр (1917 гъэм и щэкIуэгъуэ – 1918-м и бадзэуэгъуэ) къыдэкIынымкIи. Ар абы къыдигъэкIырт, и редакторт, къэзыщыпыр езырат, переплетчик, секретарь къалэнхэр игъэзащIэрт, тхыгъэу газетым къытехуэхэм я нэхъыбэр зыгъэхьэзырыр езырт. А газетыр къыдэгъэкIынымкIэ дэIэпыкъуэгъу абы къыхуэхъурт Цагъуэ Нурий. Дымым и газетыр псынщIэу хэIущIыIу хъуащ, абы зэришэлIащ щIэныгъэ зиIэ, гупсысэ пэрытхэм тет, зи IэдакъэщIэкIхэр абы къезыгъэхь адыгэ гуп.

Газетыр нэхъыбэрэ зытепсэлъыхь Iуэхухэм ящыщт лъэпкъым и цIыхухэр щIэныгъэм ешэлIэныр. Абы къытехуэ тхыгъэхэм щыпхрышат зы гупсысэ – щэнхабзэмрэ щIэныгъэмрэ дэтхэнэ зы лъэпкъми и къулеягъэ нэхъыщхьэу зэрыщытыр, иджырей зэманым щIэныгъэм упэIэщIэу узэрымыпсэуфынур. Абы къыхэкIкIи газетым къыхуриджэрт сыт хуэдизкIи къуажэ еджапIэ нэхъыбэ къызэIуахыну, еджакIуэ нэхъыбэ абыхэм кърашэлIэну. Номер къэс къытрадзэрт нарт эпосым и пшыналъэхэр, уэрэдхэр, псалъэжьхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ, къуажэхьхэр, псысэхэр.

ЩIыпIэ ин дыдэ газетым и напэкIуэцIхэм щаубыдырт а зэманым мэкъумэшыщIэхэм я дежкIэ нэхъыщхьэу щыта щIым и Iуэхуми. Лъэпкъым и цIыхухэр абы нэIуасэ яхуищIырт Урысей къэралыгъуэм къыщыхъухэм, урыс-нэмыцэ зэгурыIуэныгъэ Брест щекIуэкIхэм, щыхьэрым къыщыдэкI газетхэм къытехуэхэм, дунейм зэрыщыту къыщыхъу Iуэхухэм. Газетым къалэн пыухыкIахэр илэжьащ анэдэлъхубзэкIэ художественнэ литературэ зэфIэувэнымкIи. Езы редакторым нэмыщI газетым къытехуэрт езым и лэжьэгъу Цагъуэ Нурийрэ адрейхэмрэ я художественнэ тхыгъэхэри. Къэбэрдейм щэнхабзэ, просветительскэ лэжьыгъэхэр щегъэкIуэкIынымкIэ Дымым и газетым хузэфIэкI къигъэнакъым. Граждан зауэм и лъэхъэнэхэм хужьыдзэм а газетыр зэхуещI, печатнэ станокхэри фIатхьэкъу. «ЦIыхухэм Iэщэ къащтэу революцэм пежьэну къызэрыхуриджэр икIи абы жыджэру зэрыхэтыр» щхьэусыгъуэу къыхуагъуэтри, ОГПУ-м и лэжьакIуэхэм 1928 гъэм и мэкъуауэгъуэм Дымыр ягъэтIысри, ар лъэхъуэщым илъэсищкIэ исащ. ЕтIуанэу ар 1937 гъэм жэпуэгъуэм и 29-м лъэхъуэщым ирадзэри, абы щаукIащ революцэм и бийуэ агитацэ иригъэкIуэкIауэ пцIы тралъхьэри. Къэбэрдей АССР-м и Суд Нэхъыщхьэм и президиумым 1956 гъэм дыгъэгъазэм и 19-м ар реабилитировать ищIыжащ.

 

 

Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ