Журтхэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ

Налшык Тэрч областым хыхьэ къуажэу щытащ зэгуэр. Генерал Ермоловым I822 гъэм ар Налшык псы Iуфэ щригъэухуат урысыдзэм и быдапIэу. А быдапIэм верститIкIэ пэжыжьэу I847-I848 гъэхэм къэтIыса журтхэм я тхыдэр гугъуехькIэ гъэнщIащ.
Урысей пащтыхьыгъуэм Кавказыр иубыдын и пэкIэ, бгырыс журтхэр щыпсэуащ Андреевскэ къуажэкIэ зэджэу Дагъыстэным и Къумыкъу тафэхэм хиубыдэу щытам. I83I гъэм Къазий-Молэ къуажэр урысыдзэм зэтрикъута нэужь, джыназ Бекович-Черкасскэм и къуажэм къэIэпхъуахэщ. Ауэ ари ямыбгынэу хъуакъым: Щамил и дзэр Къэбэрдейм къыщиужьгъэм, Мэздэгу Iэпхъуахэщ.
Абы щыпсэууэ тало узыфэр къащыхыхьэм, НалшыккIэ зыкъадзыжащ. Абы теухуауэ щыIэщ мыпхуэдэ документ: «Кавказ линием и Центрым и унафэщI генерал джыназ Голицын хуит ищIри, I847 гъэм Налшык къэIэпхъуащ бгырыс журт цIыхухъуу I50-рэ цIыхубзу - 95-рэ». НэгъуэщI Iуэху еплъыкIи щыIэщ. Шамиловхэр, илъэс 270-кIэ узэIэбэкIыжмэ, иужькIэ Налшык слобода хъуа щIыпIэмкIэ къэIэпхъуауэ, абыхэм Ищхъэрэ, Ищхъэрэ-КъуэкIыпIэ Кавказым щыпсэу журтхэм щыщ куэд къахэтIысхьауэ.
Тхыдэр щыгъуазэщ Шэрджэсым икIыу XV лIэщIыгъуэм Каир сату щызыщIэу щыта сондэджэрхэм. Ар къыхощыж Мысыр тхыдэтх Тагриберди и тхыгъэхэм. Раввин Давидов Iэдам (азербайджан Кубэм щыщщ) и тхылъ «Пути возвращения: настольная книга еврея» зыфIищам щыжеIэ Каир кIуэуэ щытар къэбэрдейхэм яхэса журтхэрауэ, ахэр, муслъымэнхэм зыщагъэпщкIуу, Iуащхьэмахуэ лъапэ зы зэманкIэ щыпсэуауэ.
Ар пэжмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу журтхэм я тхыдэм къиубыд илъэс бжыгъэр куэдкIэ нэхъыбэщ. Журтхэм ятеухуауэ мыращ жиIэр доцент Мурзаханов Юрэ:
- Архив документхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, бгырыс журт унагъуитI I825 гъэм къэIэпхъуащ. Абыхэм куэд къащыхэтIысхьэжар Щамил журтхэр зэтриукIэу щыщIидзаращ. КъэбэрдеймкIэ нэхъ мамырти, дагъыстэн журтхэр абы къэIэпхъуащ. XIX лIэщIыгъуэм Налшык синагогэу тIу дэтащ (I860 гъэ пщIондэ - зы). Езы журтхэм нэхъ зэгъэуIуауэ, зыхуей хуэзэу псэуауэ къалъытэ. I980 гъэм я бжыгъэкIэ ахэр мин I2-м щIигъурт, I99I - I992 гъэхэм - мин I8-м нэсырт. Журт псори зэдэарэзыщ мы щIыпIэм ахэр тыншу зэрисамкIэ, адрей лъэпкъхэр къазэрыхуэмыIеямкIэ. Журт хьэблэм (колонкэм) нэхъ гъэщIэгъуэну щыIэр бэзэрырат. Ар Кавказ Ищхъэрэм и «бизнес-центр» хуэдэу хъуат, щамыщи щыIэтэкъым, гъущI Iунэм къыщыщIэдзауэ аэроплан зэпкърыхам щыщIэкIыжу. А бэзэрыр иджыри ящыгъупщэжакъым адыгэхэми балъкъэрхэми. Налшык къыдэна журтхэми я уэршэрыпIэр бэзэрыр здэщытаращ.
 Хэку зауэшхуэм щыгъуэ журтхэр бийм щызыхъумахэм я щIэблэм щыщхэм I990 гъэхэм журтхэм залымыгъэкIэ щIыпIэр ирагъэбгынащ. Iуэхур зытращIыхьыр зы закъуэт: ахъшэ яIэщ, ар къатетх щIэмыхъунур сыт? Бгырыс журтхэр сыт хуэдэ IуэхукIи зэкъуэтщ. ЩIэпхъаджащIэхэр къащытегуплIэм, хэти Урысейм и къалэхэм, хэти нэгъуэщI къэралхэм Iэпхъуащ. 2000 гъэм кIэ игъуэтащ а залымыгъэм. Иджы журтхэр тыншу, хуиту мэпсэу. Пэжщ, абыхэм ящыщу Налшык къыдэнэжар мащIэщ.
Журналист Шабаевэ Людмилэ, усэбзэкIэ къиIуатэм хуэдэу, дахэу топсэлъыхь журтхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэризэгъам.
- Псыр зэрыпкIа фалъэм и теплъэ къещтэ, ауэ псыуэ къонэж. Си лъэпкъыр зэрыщытауэ къэнэжащ, мы щIыпIэр фIыуэ илъагъуу, абы зригъэкIун папщIэ бзэщIэ, макъамэщIэ, уеблэмэ хабзэщIэ къигупсысын хуей хъуами. Ди щэнхабзэм щIэуэ къыхыхьам дэ нэхъри бей дищIащ. Дэ адыгэ-журту зыкъыдолъытэ, лIэщIыгъуитI хъуауэ мыбы щыпсэуа ди нэхъыжьхэм дращIэблэщ. Дэ депхащ мы щIыналъэми абы и цIыхухэми.
Дубелир и Давид «Евреи на Кавказе» тхылъым итщ: «И теплъэкIэ Налшык къуажэхэр къэзакъ станицэм къызэрыщхьэщыкI щыIэкъым: зэрыкъуажэу бжыхькIэ къэхухьащ, щыхуабэм, гъуэгур сабэщ, уэшх къешхмэ, упхрымыкIыфу ятIэщ. КъызэрыщхьэщыкIыр чристэн члисэм и пIэкIэ синагогэм узэрыIуплъэрщ»…

Поделиться: