Илъэс тIощIкIэ ягъэтIысынкIэ мэхъу

КъБР-м щыIэ УФСБ-мрэ МВД-мрэ я лэжьакIуэхэм хабзэншагъэкIэ наркотикхэкIхэр игъэкIыным пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу къызэпаудащ республикэм щыщитIым я щIэпхъаджагъэр. 
Яубыдахэр щыпсэу щIыпIэхэр къыщаплъыхьым къагъуэтри къытрахащ полимер зэкIуэцIылъ 23-рэ пакети 3-рэ. Абыхэм «героин» наркотикхэкI грамм 887,5-рэ илът. Ахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэкIыну я мурадт.
Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм СледствэмкIэ и къудамэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ УФ-м и УК-м и 30-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм, 228.I статьям и 4-нэ Iыхьэм и «г» пунктым къыщыхьа щIэпхъаджагъэр ялэжьауэ шэч хуащIу. Апхуэдэ къуаншагъэ зыщIар илъэс 20-кIэ ягъэтIысынкIэ мэхъу. 
 
 
 
 
УФСБ-м къет.
Поделиться:

Читать также:

26.04.2024 - 14:00 ЩIыпIэцIэхэр
26.04.2024 - 13:20 НОБЭ