Нэхъыжьхэми я ныбжьым зехъуэж

 Финляндием къыщыдэкI «Илта-Саномат» («Пщыхьэщхьэ хъыбархэр») газетыр топсэлъыхь цIыхур пенсэм кIуэуэ лэжьыгъэм къыщыпэрыкI ныбжьым зэрызихъуэжым. Ар елъытащ щIыналъэм сабийуэ къыщIэхъуэм и бжыгъэм хэщIын зэрыщIидзэм, цIыхур зэрыпсэу хабзэ илъэс бжыгъэм зэрыхэхъуэм, къинэмыщIхэм. 
 Иджыблагъэ Франджым щекIуэкIа президент хэхыныгъэми и гугъу щащIащ цIыхухэр лэжьыгъэм къыпэрыкIыжу къэралым къыхуигъэув пенсэм хэпсэукIын щыщIидзэ ныбжьыр зэрыдрагъэуейм. ТекIуэныгъэр зыIэрыхьа Макрон Эммануэль а ныбжьыр илъэс 65-м нэс дригъэкIуеину зэримурадыр фIэзахуэтэкъым абы и хьэрхуэрэгъу щыта Ле Пен Марин. Иджыпсту Франджым щыхабзэ пенсэ кIуэгъуэр илъэс 62-щ. Ар дуней псом нэхъ мащIэу къыщалъытэхэм язщ. Ауэ щыIэщ къэрал нэхъ пасэжуи пенсэм ущагъакIуэу. 
 Псалъэм папщIэ, Австралием илъэс 59-рэ ирикъуа цIыхур пенсэ зыхуэфащэхэм щыхабжэ. Ар жызыIэ Видлунд Викэ Финляндием и Пенсэ Iуэхухэр зезыгъакIуэ Центрым и унафэщIщ. Къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щыхабзэр зэригъапщэурэ, финн къулыкъущIэр Урысейми къоIэбэ: «Урысейм цIыхубзхэм я пенсэ кIуэгъуэм и нэхъ мащIэр – илъэс 56-рэ мазихрэщ. ЦIыхухъухэм – илъэс 6I-рэ мазихрэ. Китайм щыщ цIыхухъухэр пенсэм кIуэну хуитщ я ныбжьыр илъэс 60 ирикъуамэ. ЦIыхубзхэм апхуэдэ Iэмал къахукъуокI илъэс 60-м, 55-м, 50-м. Ар зэлъытар зыIут IэнатIэмрэ я IэщIагъэмрэщ. 
 Исландием пенсэм ущыкIуэн щхьэкIэ, уи ныбжьыр 67-м нэсын хуейщ. Ар дунейм щынэхъ лъагэхэм хабжэ. Дэнэ къэрали игъуэр къэмысауэ ущагъэтIысыжынкIи хъунур IэпкълъэпкъкIэ умыузыншэмэщ, - жеIэ Видлунд. 
 Дызэрыт зэманым къэрал куэдым пенсэ кIуэгъуэм зыщехъуэж цIыхум къигъэщI ныбжьым хэхъуэмэ, е сабийуэ къалъхум я бжыгъэм кIэрыхун щIидза нэужь. Аращи, цIыхур зэрыпсэу илъэс бжыгъэм хэхъуэху, пенсэм щыкIуэ ныбжьми зихъуэжыну хуагъэфащэ. 
 Лэжьэфу цIыхубэм хэтым я бжыгъэр хэщIмэ, экономикэр дэмыхуэхын папщIэ, пенсэ ныбжьми хамыгъахъуэу хъунукъым, ныбжь зиIэхэри лэжьэфын хуэдэу. Пенсэ ныбжьым щIыхагъахъуэр езы пенсэм и инагъым кIэрымыхун щхьэкIэщ. 
 Пенсэ ныбжьым зэрыхагъахъуэм игъэгузавэр франджы цIыхубэм и закъуэкъым. Экономикэм сыт хуэдизкIэ къатримыкъузэми, политикхэм я дежкIэ тыншкъым ар яIэтыну. Видлунд зэрыжиIэмкIэ, политикэр и щхьэусыгъуэу, Ирландиемрэ Голландиемрэ пенсэ ныбжьыр драгъэкIуеин щагъэтащ. Хабзэм къыпекIуэкI дэчыхыныгъэ гуэрхэри хэлъщ мы Iуэхум. Псалъэм папщIэ, зэпымыууэ зы лэжьапIэм уIутамэ, уи хьэтыр ялъагъупхъэщ. Абы нэмыщI, «IэщIагъэ пенсэ» жаIэри зыгуэр щыIэщ. 
Италиеми Исландиеми пенсэ ныбжьыр илъэс 67-м нос. Ауэ илъэс 38-кIэ зэпымыууэ улэжьамэ, уи ныбжьыр 64-рэ фIэкIа умыхъуу утIысыжыфынущ.
 Эстониемрэ Словакиемрэ пенсэм илъэси 3-5-кIэ нэхъ пасэу ущыкIуэфынущ сабий бжыгъэм и фIыгъэкIэ. Чехиеми цIыхур пасэу пенсэм зэрамыгъэкIуэн Iуэху щызэрахуэ, ауэ а зэхъуэкIыныгъэхэр 2036 гъэ пщIондэ екIуэкIыну къыщIэкIынщ. 
 Пенсэ ныбжьыр хагъэхъуэн-хагъэщIыныр нэхъыбэу зэлъытар, зэрыжытIащи, ику иту къэралым ис цIыхум къигъэщI ныбжьырщ. Ар щымардэщ Финляндиеми, Нидерландхэми, Италием, Грециеми, Даниеми, Чехиеми, Эстониеми, Португалиеми, Кипрми. 
 Финляндием пенсэ ныбжьыр 2030 гъэм ирихьэлIуэу драгъэкIуеину загъэхьэзыр. Абы хиубыдэнущ I965 гъэм и ужь къихуэу къалъхуахэр. I958 гъэм къалъхуахэр нэхъ пасэ дыдэу пенсэм щыкIуэфынур илъэс 64-щ. Илъэс къэс мазищкIэ кIуатэурэ, 2027 гъэм ар хуэкIуэнущ илъэс 65-м. 
 Португалием къыщагъэхъуахэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар коронавирус узырщ. Абы и зэранкIэ гъащIэр нэхъ кIэщI зэрыхъуам къыхэкIащ пенсэм щыкIуэ ныбжьыр нэхъ цIыкIу зэращIар. 
 Португалием нэмыщI, нэхъ пасэу пенсэм кIуэн щыщIадзащ Польшэм. Ар къалэн зыщищIыжат тепщэгъуэр зыIыгъ партым пэщIэт «Хуитыныгъэмрэ захуагъэмрэ» зыфIэзыщыжам. Ле Пен ещхьу, пенсэ ныбжьыр гъэлъэхъшэныр хэхыныгъэм къыщаIэтри, 20I7 гъэм текIуа нэужь, жаIар ягъэпэжауэ щытащ. Абы и фIыгъэкIэ цIыхухъухэр 67-м и пIэкIэ 65-м, цIыхубзхэр 63-м и пIэкIэ 60-м пенсэм кIуэуэ хъуащ. 
 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: