Лыр щыфшхкIэ фысакъ

Трихинеллёз узыр къегъэхъей лы зэIыхьам, Iэщ сымаджэм ейм къыхэщIыкIа ерыскъыхэр шхыным. Абы цIыхур ныкъуэдыкъуэ щищIи щилIыкIыпи щыIэщ.

А узыфэр Iэщышхуэм и лым къызэрыхэкIыр къэплъытэмэ, зэуэ цIыху зыбжанэ сымаджэ зэрыхъур гурыIуэгъуэщ. Ар цIыхум зэрыпкърытыр къыщыпщIэр Iэщ сымаджэм ил зэIыхьар зэрашхрэ махуи I0-20 хуэдэ дэкIа иужьщ. Абы къыхэкIыуи сымаджэр зыгъэщхьэжагъуэр зэуэ къахуэщIэркъым. Тхьэмахуэ ипэкIэ е нэхъапэжкIэ пшха ерыскъым зыгуэр къуищIэнкIэ хъуну абыхэм хуагъэфащэркъым.

Трихинеллёз узыфэр къыхэкIынущ ветеринархэр зыкIэлъымыплъа унэ, мэз псэущхьэхэм я лым. Нэхъыбэу цIыхур сымаджэ зыщIыр фIыуэ зыхуей хуэмыгъэза, узыфэр зэбгрызых хупсхэр зыхэлъхэу кхъуэпIащэм, шым, мыщэм, уашхэм, унагъуэм щагъэхъуа кхъуэм ялхэрщ. Апхуэдэуи а узыфэр къыхэкIынкIэ хъунущ лы гъэгъуам, гъэгъупцIам, гъэжьам, шыуам, лы хьэжа цIынэм. Сымаджэм узым зыкъыщригъэщIэну зэманымрэ и щытыкIэр зыхуэдэнумрэ лыуэ ишхар зыхуэдизым елъытащ. Мы узыр зыпкърыт сымаджэм нэгъуэщI ицIэлэнкIэ шынагъуэ щыIэкъым. Сымаджэм и лъэр щIэхуу, гукъыдэмыжу, и ныбэр, и хуэхэр узу, техьэгъуэ иIэу мэхъу, и напIэр, и нэкIур къобэг, узыфэр хэтIэсамэ, и Iэпкълъэпкъ псор къэпщауэ щытщ.

Трихинеллёз узыфэр къыфпкърымыхьэн щхьэкIэ лыхэкIхэр тэмэму зэрыщытымкIэ ветеринарым и тхылъ зэриIэр зэвгъэлъагъу икIи ахэр щащэну хуит щащIа щIыпIэхэм деж къыщыфщтэ; къащэкIуа псэущхьэхэм я лым трихинеллым и хупсхэр зэрыхэмылъыр Iэмал имыIэу зэвгъащIэ; лы хьэжа цIынэр зыхуэдэр къэфщIэну фемыбзей; лыр щывгъавэкIэ сыхьэти 2,5-рэ мынэхъ мащIэкIэ къэвгъэкъуэлъэн хуейщ; зыщывмыгъэгъупщэ: лыр шыуами, гъэгъупцIами, гъэщтами, трихинелл хупсхэр кIуэдыркъым.

 

Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу