Къалэм лъэщ

ЦIыхубэр сыт щыгъуи ирогушхуэ, иробжьыфIэ тхакIуэм и гуащIэм. Псом хуэмыдэжу лъагэщ лъэпкъ литературэм и зэхэублакIуэхэм я щIыхьыр. Адыгэхэм я дежкIэ апхуэдэ тхакIуэщ КIэрашэ Тембот. Адыгэ тхыбзэм япэ лъэбакъуэр щича махуэм къыщожьэ КIэрашэм и литературэ лэжьыгъэр. ЛIы ныбжь гъуэгуанэ и нэгу щIэкIащ Тембот и къалэмым. А къалэмым игъэбэтащ къэрал псом щыцIэрыIуэ «Гъуэгу насыпыфIэ» романыр, повесть хьэлэмэт зыбжанэ, рассказ куэд, нэгъуэщI тхыгъэхэр.

КIэрашэ Тембот и творческэ гъуэгуанэр лъэпкъ литературэм и тхыдэм лъабжьэ хуэхъуащ; абы къихутащ жанр зэмылIэужьыгъуэ зыбжанэм я хабзэхэр; социалистическэ реализмэм и хабзэхэмрэ адыгэ лъэпкъ фащэхэмрэ япэ дыдэ зэзыгъэкIуа тхакIуэхэм ящыщщ ар.

1925 гъэм дунейм къытехьащ абы и япэ тхыгъэр. Мыгувэу абы къыкIэлъыкIуащ етIуанэри, ещанэри… КIэрашэм и цIэр хэку псом щызэлъащIысащ, абы и къалэмым зэхиублащ лъэпкъ литературэ.

Къалэм гуащIафIэр зыгъабзэ тхакIуэм и тхыгъэхэм я фIыпIэм - «Гъуэгу насыпыфIэ» романым - и тхыдэр 1929 гъэм къыщожьэ. А гъэм тхакIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIауэ щытащ романым и япэ Iыхьэр. «ШамбулымкIэ» (арат а Iыхьэм зэреджэр) тхакIуэм и мурадар цIыхубз ныбжьыщIэм и гъащIэ гъуэгуанэр - ар пасэрей унагъуэ хабзэхэм я IэмыщIэ къызэрикIыр - къэгъэлъэгъуэнырт. Романым зделэжьым, КIэрашэм гу лъитащ а темэр, социальнэ Iуэхугъуэхэм къыгуэхауэ, зэпкърыпх зэрымыхъунум. ЦIыхум, псалъэм папщIэ, цIыхубзым, и хуитыныгъэмрэ и насыпымрэ хэкум щекIуэкI щэнхабзэ ухуэныгъэхэм епхат. Хуэм-хуэмурэ зиубгъуащ романым и темэм, ар куэдкIэ нэхъ къулей хъуащ, зы цIыху гъащIэм и пIэ цIыхубэм я гъащIэр иуващ. А псор къэгъэбэтэгъуафIэ хъуакъым. Илъэс тIощIым нэблагъэ тригъэкIуэдащ Тембот «Гъуэгу насыпыфIэ» романым. 1947 гъэрщ ар нэтхыса щыхъуар. А гъэм «Гъуэгу насыпыфIэр» адыгэбзэкIи урысыбзэкIи дунейм къытехьащ. КъыкIэлъыкIуэ илъэсым а романым папщIэ КIэрашэм къратащ Къэрал саугъэтыр. Адыгэ лъэпкъ литературэхэм я тхыдэм и кIуэцIкIэ къэрал псом япэ дыдэ цIэрыIуэ щыхъуа тхыгъэщ КIэрашэ Тембот и романыр. Нобэр къыздэсым ар ялъытэ советскэ лъэпкъ литературэ ныбжьыщIэхэм я дежкIэ щапхъэ гъуэзэджэу.

Адыгэ лъэпкъ литературэхэм я дежкIэ «Гъуэгу насыпыфIэр» Шолохов Михаил и роман цIэрыIуэхэм еплъыт мэхъу: апхуэдабзэу пкъыфIэщ, купщIафIэщ, узэщIащ КIэрашэм и тхыгъэри.

«Гъуэгу насыпыфIэ» романым ди литературэм и тхыдэм увыпIэшхуэ щеубыд, мыхьэнэшхуи щиIэщ. Аращ адыгэ романым и тхыдэм къызэрыщIидзар, абы и хабзэхэр, и лъэпкъ фащэхэр япэ дыдэу убзыхуа щыхъуар. КIэрашэ Тембот и роман цIэрыIуэм и лъэужьыр адыгэ литературэм дежкIэ махуэу къыщIэкIащ, абы и щапхъэхэр дэркIэ лъапIэныгъэшхуэщ.

1955 гъэм дунейм къытехьащ Тембот и етIуанэ романыр - «Ди пщащэхэр». Гупсысэм и пэ ищу зызыужь гъащIэм и гуфIэгъуэр зыхэзыщIэ, абы зи гур дыхэхъуэ, зи Iэпкълъэпкъыр щызэрыубыд цIыху жанхэщ а романым щытлъагъур. Ар дыдэхэм уащрохьэлIэ тхакIуэм и къалэмыпэм нэхъ иужьыIуэкIэ къыщIэкIа «КIукIуэ» романми. Абы цIыхубз щIалэм и образыр нэхъри куууэ зэпкърыха щыхъуащ. ТхакIуэм игъафIэ пщащэм дежкIэ нэхъыщхьэр псэм и къабзагъэмрэ и дахагъэмрэщ. Абы и гум техуэркъым зэманыжьым къыщIэна хабзэ мыхъумыщIэхэр, абыхэм и къару псомкIи йобгъэрыкIуэ, и хуитыныгъэмрэ и цIыхугъэмрэ гъащIэр щIитыфынущ. КIэрашэм апхуэдэ цIыхур ди пащхьэ кърегъэувэ сыт хуэдэ гугъуехьми ебгъэрыкIуэфу, псэкIэ къулейуэ, мурад дахэм хуэпабгъэу, гъащIэм махуэл щызымыщI, зи гупсысэр жан, зи гур жыжьэ плъэ цIыху лъэрызехьэу.

КIэрашэм и иужьрей романым - «Шу закъуэм» - лъабжьэ хуэхъуар тхыдэрщ, ар бэнэныгъэ гуащIэм хэт зэпыту адыгэхэм зэпача гъуэгуанэ кIыхьым и гъуджэ пэлъытэщ. Романыр щыхьэт тохъуэ тхыдэм и къару нэхъыщхьэр цIыхубэр ару зэрыщытым, лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыдэгъуэгурыкIуэ хъугъуэфIыгъуэ псори абы и Iэдакъэ къызэрыщIэкIам. Апхуэдэ гупсысэр IупщIу ядыболъагъу романым и лIыхъужь нэхъыщхьэм - «шу закъуэ» Ерстэм, мэкъумэшыщIэ щIалэ Батым сымэ, нэгъуэщIхэми. Ахэр сыткIи йофIэкI «уэркъ щауэ хъыжьэхэм», йофIэкI цIыхугъэкIэ, лIыгъэкIэ, хабзэкIэ, дуней тетыкIэкIэ, гукIэ, псэкIэ. Романым щынэрылъагъущ «уэркъ хабзэкIэ» зэджэмрэ лъэпкъ куэдым я деж цIэрыIуэ щыхъуауэ къэгъуэгурыкIуэ адыгэ хабзэмрэ шурэ лъэсрэ зэразэхуакур, иужьрейм демократическэ купщIэ узыншэ зэриIэр, ар цIыхум и пщIэмрэ и цIыхугъэмрэ гъэлъэпIэным хуэунэтIауэ зэрыщытар.

Хуабжьу цIэрыIуэщ КIэрашэм и повестхэри. 1951 гъэм дунейм къытохьэ зи цIэр жыжьэ Iуа «Налмэс» («Шапсыгъ пщащэ») повестыр. Пасэрей гъащIэщ абы купщIэ хуэхъуар - епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэрщ.

Адыгэ мэкъумэшыщIэр революционнэ бэнэныгъэм хэзыша гъуэгуанэр лъабжьэ хуэхъуащ «Абрэдж» повестым. МэкъумэшыщIэр лIыгъэкIи цIыхугъэкIи, лIакъуэлIэшхэм, гъэпщылIакIуэхэм зэрефIэкIыр нэрылъагъу щохъу «Шыхъуэм и лIыгъэ» повестым. Тхыдэм и къару нэхъыщхьэ дыдэу цIыхубэр ижь-ижьыж лъандэрэ къызэрыгъуэгурыкIуэм щыхьэт тохъуэ КIэрашэм и новеллэ гъуэзэджэхэри - «Абэзэхэ щакIуэжь», «ЛIыгъэр зэрагъэунэху», «АдыгэлIыр нэхъ зыхуейр». Абыхэм ягъафIэ цIыхубэм я гуащIэмрэ я акъылымрэ, дунейм щызекIуэ хъугъуэфIыгъуэ псори зи Iэдакъэ къыщIэкIар гуащIэрыпсэухэр ару зэрыщытыр уи фIэщ ящI.

КIэрашэ Тембот и повестхэм, новеллэхэм я нэхъыбапIэм лъабжьэ яхуэхъуар цIыхубэм Iэджэ щIауэ къадэгъуэгурыкIуэ хъыбархэрщ. Пасэрей ныбжь яIэми, а хъыбархэр нобэрей цIыхум пэжыжьэкъым. КIэрашэм адыгэ тхыдэм сыт щыгъуи хегъуатэ гупсысэ жан - нобэрей цIыхум и акъылыр зыгъэлажьэ гупсысэ хьэлэмэт.

КIэрашэ Тембот къаруушхуэ тригъэкIуэдащ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыным, джыным, къыдэгъэкIыным. АдыгэбзэкIи урысыбзэкIи тхылъ щхьэхуэхэм щызэхуэхьэсауэ мызэ-мытIэу дунейм къытехьащ КIэрашэм итхыжа, зэхуихьэсыжа пасэрей адыгэ хъыбарыжьхэмрэ таурыхъхэмрэ. КIэрашэм зэхуихьэсыжу нобэрей щIэблэм я пащхьэ ирилъхьа хъыбарыжьхэр щыхьэт тохъуэ адыгэхэм жыжьэ къыщежьэ лъабжьэ быдэ зиIэ IуэрыIуатэ къулей къызэрагъэщIыфам. Апхуэдэ IуэрыIуатэр ноби хэкIыпIэ хуохъу лъэпкъым и художественнэ зыузэщIыныгъэм. Дигу къэдгъэкIыжынщ езы КIэрашэм и новеллэ телъыджэхэм я нэхъыбапIэм хэкIыпIэрэ купщIэрэ яхуэхъуар IуэрыIуатэр арауэ зэрыщытыр. IуэрыIуатэр лъабжьэ хуэхъуащ е абы къуэпс быдэкIэ пыщIащ, псалъэм папщIэ, «Налмэсми», «Абэзэхэ щакIуэжьми», «ЛIыгъэр зэрагъэунэхуми», «Пщащэм и псалъэми», «Бысым щIалэми», «Иужьрей фочауэгъуэми».

Лъытэгъуейщ КIэрашэ Тембот и гуащIэр. Тембот и къалэм гуащIафIэм игъэбэта тхыгъэ щэджащэхэр щыхьэт тохъуэ ди лъэпкъым и художественнэ гупсысэр зэрыжаным, абы и псэкупсэ къарур зэрыгъунапкъэншэм. «Гъуэгу насыпыфIэр», «Налмэсыр», «Шу закъуэр» зи Iэдакъэ къыщIэкIа тхакIуэм и гуащIэм куэдкIэ нэхъ къулей дэхъуащ адыгэ лъэпкъ щэнхабзэр, абы и пщIэмрэ и щIыхьымрэ лъагэ хъунырщ КIэрашэ Тембот и художественнэ къару лъэщыр зыхуэунэтIар.

Адыгэ лъэпкъ литературэм и зэхэублакIуэхэм ящыщ зыщ КIэрашэ Тембот. Апхуэдэм и пщIэр кIуэ пэтми нэхъ лъагэ хъу зэпытщ. Махуэ, угъурлы хуэхъуащ КIэрашэм и художественнэ гуащIэр адыгэ литературэм. Абы и дамэр жамэ, и лъэр увамэ, и Iэпкълъэпкъыр зэрыубыдамэ, фIыщIэр япэ дыдэ зыщылъагъун хуей тхакIуэ щэджащэхэм ящыщщ КIэрашэ Тембот. КIэрашэм къыщIэтэджа щIэблэ гуащIафIэ зыбжанэ къыщIэуващ адыгэ литературэм, абыхэм я къару илъыгъуэщ нобэ, шу пашэхэм я щапхъэр я гъуазэу лъагапIэщIэхэм йобгъэрыкIуэ.

КIэрашэ Тембот и тхыгъэхэм я цIэ жыжьэ Iуащ, куэдым я гур ятхьэкъуащ абыхэм, Iэджэм я дежкIэ хъуащ лъапIэ, гукъыдэжрэ гуфIэгъуэрэ къезыт художественнэ къулеигъэ. Советскэ тхакIуэ цIэрыIуэ Дангулов Саввэ игу къегъэкIыж:

«Ноби си нэгу щIэтщ КIэрашэм и тхыгъэхэм япэ дыдэ нэIуасэ сащыхуэхъуа махуэхэр. Сэ сыкъыщалъхуа къалэм - Армавир - и анэдэлъхубзэр адыгэбзэрт. Ди унагъуэ къихьэ адыгэхэмрэ дэрэ дызэрызэпсалъэр а бзэрат. Сысабийуэ зэхэсха таурыхъхэри адыгэ таурыхът, адыгэбзэкIэщ абыхэм си анэмрэ си анэшхуэмрэ сызэрырагъэдэIуэгъар. Си анэшхуэр Къэбэрдейм къыщалъхуат. Си анэм и адыгэбзэр апхуэдизкIэ дахэт, гъэхуати, ди унэ къихьэ адыгэ хьэщIэхэм зэрагъэщIэгъуэнур ящIэртэкъым. Ди анэр фIыуэ щыгъуазэт адыгэ тхыдэм, пщIэшхуэ хуищIырт адыгэ лъэпкъым хэлъ лIыгъэмрэ цIыхугъэмрэ. Ноби зэхэсх хуэдэщ абы сызригъэдаIуэу щыта уэрэдыр - хышхуэм и толъкъунхэм зэрадзэ кхъухьым и уэрэд гуузыр. Кхъухь фIыцIэжьым хэкум иришырт хьэжрэт насыпыншэхэр… Адыгэхэм дащыхэса зэманыр си нэгу къыщIигъэувэжырт а уэрэдым, куэд щIатэкъым абы лъандэрэ, дэ зы лъэпкъ пэлъытэу дызэдэпсэурт, ди бзэр зыт - адыгэбзэт. Адыгэбзэ ящIэрт си Iыхьлы псоми, абы иригушхуэрт. Ди анэм и бзэм адыгэ псалъэжь шэрыуэхэр хэпхъат… А псор щIыжысIэр зыщ: адыгэ хэкур сэркIэ зэрылъапIэрщ, абы и быдзышэщ сэ сызэфар…

КIэрашэм и тхылъ япэ дыдэ сэзыгъэлъэгъуар ди анэрщ - ар зыпищI щыIэтэкъым абы. ЯпэщIыкIэ нэIуасэ сыхуэхъуащ «Гъуэгу насыпыфIэм». ИтIанэ седжащ «Шапсыгъ пщащэм». Ди деж къэсын и пэ, «Гъуэгу насыпыфIэм» Армавир дэс унагъуэ псори зэлъищIысагъэнт. ЩэщI гъэхэм я пэщIэдзэрт ар - гъэсыныр мащIэти, унэхэр щIагъуэу ягъэплъыртэкъым. Тхылъ напэхэр уфIыцIат, бжьыгъэ защIэ хъуат, ауэ уеджэфырт, хьэрфхэр хэгъуэщэжатэкъым. Жэщыр хъуамэ, фэтыджэн уэздыгъэнэфыр пигъанэрти, тхылъым бгъэдэтIысхьэрт ди анэр. Тембот и тхылъхэм пищI щыIакъым ди анэм. Адыгэ тхакIуэшхуэм и пщIэр кIуэ пэтми дэкIуэтейуэрэ къэгъуэгурыкIуащ абы лъандэрэ…»

Совет литературэм КIэрашэ Тембот хилъхьа гуащIэм пщIэшхуэ игъуэтащ. Гъунапкъэншэщ абы къызыхэкIа лъэпкъым и пащхьэм щиIэ пщIэмрэ щIыхьымрэ, а лъэпкъым и художественнэ тхыдэщ Тембот и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэр.

ТхакIуэм и къалэмыр ирагъэщхь вагъэбдзумэхэр къызэридзэкIыу щIыгулъ пшэрым щIэлъадэ вабдзэм. Апхуэдэу щIолъадэ тхакIуэм и къалэмыр гъащIэм и лъащIэм, егъэбатэ абы и пэжыпIэр, и купщIэр. Зи къарум телъыджэу къитIасэ къалэм лъэщ IэщIэлъащ адыгэ литературэм и тхьэмадэ Iумахуэ КIэрашэ Тембот.

КЪЭРМОКЪУЭ Хьэмид.
Поделиться: