ПсэупIэм ехьэлIа Iуэхухэр

Суд приставхэр ядэIэпыкъури, налшыкдэсыр щIэтIысхьэжащ илъэсих ипэкIэ къищэхуа фэтэрым. Ар зейуэ щытахэм бжэм и IункIыбзэIухыр яхъуэжри, къэзыщэхуар щIыхьэну Iэмал кърататэкъым. 
КъБР-м щыIэ УФССП-м и Налшык къалэ къудамэм щIэлъащ щIыпIэм щыпсэу цIыхубзым теухуа тхьэусыхафэр. Абы и фэтэрыр ищащ, и уасэр къыIэрыхьэри, псэупIэр хуит къищIащ. АрщхьэкIэ, зэман гуэр дэкIри, ар къэзыщэхуар щымыIэу, унэм щIэтIысхьащ цIыхуи 5 хъу унагъуэр: фэтэрыр зейуэ щытахэм я Iуэху зыхэмылъыж унэм и IункIыбзэIуххэр яхъуэжащ, зращар щIэмыхьэфыну. 
Зэныкъуэкъур илъэси 6-м щIигъукIэ екIуэкIащ. ЦIыхубзыр и унэм Iэпхъуэжын хузэфIэкIащ суд приставхэм я фIыщIэкIэ. Фэтэрыр зейм щIыгъуу приставхэр фэтэрым кIуэри, хабзэншагъэкIэ абы щыпсэухэм гурагъэIуащ а унэм я Iуэху зэрыхэмылъыр. 
НэгъуэщI зы унагъуэми я псэупIэ ягъуэтыжынымкIэ ядэIэпыкъуащ суд приставхэр.
Май къалэм щыщ, цIыхуищ хъу унагъуэм езым я псэупIэ яIэтэкъым. Абыхэм метр зэбгъузэнатIэ I5 нэхърэ мынэхъ мащIэу фэтэр къратын зэрыхуейм теухуа унафэ къищтат судым. Ар къалэн щащIат район администрацэм, арщхьэкIэ унафэм и гъэзэщIэныр кIыхьлIыхь хъуащ. Ар зэфIэха щыхъуар КъБР-м щыIэ УФССП-м и Май район къудамэм и суд приставхэр Iуэхум яужь ихьа нэужьщ. Муниципалитетым и унафэщIым гурагъэIуащ я къалэнхэр ямыгъэзэщIэным кърикIуэнур. 
Къэрал хабзэм къигъэув Iуэху псори зэфIагъэхьэри, район администрацэм метр зэбгъузэнатIэ 30 хъу псэупIэм и IункIыбзэр унагъуэм иритащ. 
Мис апхуэдэу, суд приставхэм я нэIэ тету, балигъ мыхъуа сабийр зыщIыгъу зэщхьэгъусэхэр Iэпхъуащ хабзэкIэ яхуэфащэ фэтэрым. 
 

 

УЭРДОКЪУЭ Женя.
Поделиться:

Читать также: