Министрыр ягъэпажэ

УФ-м и ФСИН-м и унафэкIэ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам къыхуагъэфэщащ IэнатIэм республикэм щиIэ управленэм и IуэхущIапIэхэм щаIыгъхэм медико-санитар Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу зэрыхъум папщIэ Гаазэ Фёдор и медалыр.

Дамыгъэр министрым иратыжащ Урысейм и ФСИН-м КъБР-м щиIэ къудамэм и унафэщI, къэрал кIуэцI къулыкъум и полковник Къанкъул Аслъэнрэ УФ-м и ФСИН-м и ФКУЗ МСЧ-7-м и унафэщI, къэрал кIуэцI къулыкъум и подполковник Тэтэр Заирэрэ. Апхуэдэу УФ-м и уголовно-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и къудамэм зегъэужьыным, ар егъэфIэкIуэным и гуащIэшхуэ зэрыхилъхьэм, абы щылажьэхэмрэ щаIыгъхэмрэ фIагъ лъагэ зиIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ щIэгъэкъуэн зэрыхъум папщIэ IуэхущIапIэм и ФIыщIэ тхылъымкIэ ягъэпэжащ СПИД-мрэ узыфэ зэрыцIалэхэмрэ защыхъумэнымкIэ, абыхэм япэщIэтынымкIэ республикэ центрым и дохутыр нэхъыщхьэ Иуан Маринэ.
Къалэбатэ Рустам Урысейм къуэншахэм тралъхьа тезырхэр егъэпшыныжынымкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу КъБР-м щыIэм и лIыкIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ гулъытэ къы­зэрыхуащIам папщIэ икIи къыхигъэщащ и гуапэу я зэдэлэжьэныгъэм адэкIи къызэрыпищэнур, хузэфIэкIымкIэ дэIэпыкъуэгъу зэрахуэхъунур.

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться: