Шууей зекIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъур зэрагъэлъэпIэнум щIы­налъэм жыджэру зыщыхуа­гъэхьэзыр. Абы хуэгъэпсауэ, Урысейм нэхъапэкIэ апхуэдэ Iуэхугъуэ къыщымыхъуауэ, Бахъсэн къалэ округым адыгэ фащэхэр зыщыгъ шууейхэм я зекIуэ къыщызэрагъэ­пэщыну я мурадщ. Абы кърагъэ­б­лэгъэнущ рекордхэр зратхэ тхы­лъым и редакцэм и лIыкIуэхэри.
 
Къалэ администрацэм и жэрдэмыр диIыгъащ республикэм и Iэтащхьэми. Абы нэхъри гушхуэныгъэ ­къахилъхьауэ Iуэхугъуэшхуэр екIуу зэрырагъэкIуэкIынум сыт и лъэны­къуэкIи зыхуагъэхьэзыр. ЗекIуэр зэ­рекIуэкIынум, абы и лъэныкъуэкIэ я гугъэхэмрэ мурадхэмрэ тедгъэп­сэ­лъыхьащ Бахъсэн къалэм и щlыпlэ ад­министрацэм и унафэщl Мамхэгъ Хьэчим.
- Адыгэ фащэр зыщыгъ шууей минрэ ныкъуэм километр 25 - 27-рэ хъу гъуэгуанэ зэпытчыну ди гугъэщ. Ди республикэм щыщ щIалэхэм я мызакъуэу, абы къыхыхьэнущ Осетие Ищхъэрэ - Алание, Шэшэн, Ингуш, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, Ставрополь крайм щыщхэри, - къыщIидзащ псалъэмакъыр Мам­хэгъым. - Iуэхум нэгъэсауэ дыхуэ­хьэ­зырынымкIэ лэжьыгъэ нэхъыщхьэ­хэр зэфIэдгъэкIащ. Сыт и лъэныкъуэ­кIи зэпэщу шууей 1500-рэ зэхуэфшэ­сы­фыну жыпIэмэ, ар тхузэфIэкIыну дыкъигъэгугъэу Iуэхум иужь дихьащ. Къапщтэмэ, ди республикэм шыкIи, абы и IэпслъэпсхэмкIи, фащэкIи зы­хуей хуэгъэзауэ, шууей минищым нэс къыхэпшыфынущ. Ди гъунэгъу щIыналъэхэм къикIыу зекIуэм къыхыхьэну гупыж зыщIауэ къыджаIахэм я бжыгъэр абы хэплъхьэжмэ, куэдкIэ нэхъыби дыхъуфынущ.
- Зекlуэм къыхыхьэну хуейхэм сыт хуэдэ пщалъэхэр яхуэвгъэуврэ?
- Псом япэрауэ, Iэмал имыIэу адыгэ фащэр ящыгъын хуейщ. Адэкlэ и ныбжьым, и узыншагъэм къитIасэрэ, къэдгъэлъэгъуа гъуэгуанэр шууэ зэпичыныр хузэфIэкIынумэ, гукъыдэж зиlэ дэтхэнэри къыхыхьэ хъунущ. Шууейхэм я узыншагъэм, шыхэм я щытыкIэм кIэлъыплъын цIыхухэр ди гъусэнущ. ЗэрыжаIэу, гъуэгум и бгъуагъ­ри и кIыхьагъри зыхуэдэр зыми ищIэркъым.
Адыгэшрэ адыгэлIрэ жаIэ. Ап­хуэдэм деж зэуэ уи нэгу къы­щIыхьэр лъэпкъ фащэр екIуу зыщыгъ шууейщ. Псоми зэращlэщи, ди лъэп­къым шым пщlэшхуэ хуищlу, и фащэри екlуу зэрихьэу къэгъуэгуры­кIуащ. Ар щапхъэ яхуэхъуащ ди гъунэ­гъу лъэпкъхэми. Гу зэрылъыттащи, иужьрей илъэсхэм ди щlалэгъуа­лэм а хабзэхэр къащтэжу щlадзащ: шыр зэзыгъэпэщыжхэри нэхъыбэ мэ­хъу­, лъэпкъ фащэр щызытIагъэхэми, ар махуэшхуэхэрауи щрырет, къа­­хо­хъуэ. Уигу хэзыгъахъуэ lуэхугъуэщ ар.
- Апхуэдэу щыщыткIэ, мыпхуэдэ зэхыхьэхэр ди щIэблэр гъэсэнымкIэ, ущиинымкIэ, лъэпкъ хабзэжь­хэр ящIэу къэгъэхъунымкIэ щхь­э­пэу къэп­лъытэрэ?
- Абы шэч къыщIытепхьэн щыIэкъым. Мы зекIуэм щIалэгъуалэм и мы­закъуэу, нэхъыжьхэри хэтыну дыщогугъ. Абыхэм я ущие, я чэнджэщ щIалэхэм зэхахынымкIэ, нэхъы­щIэ­хэр зырыцIыхунымкIэ, адэкIэ зэ­ры­щIэу, зэрыIыгъыу къыздэгъуэгуры­кIуэ­нымкIэ зэхыхьэр щхьэпэ хъуну дыхуейщ. Гъуэгуанэм цIыхур гъунэгъу зэрызэхуищIыр къэплъытэмэ, ­нэгъуэщI щIыналъэхэм къикIыу къытхыхьэну хьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ яку зэныбжьэгъугъэ къыдэхъуэнымкIи ар Iэмал хъарзынэщ.
Шым утесу къэпкIухьыныр узынша­гъэм­кIэ сэбэпышхуэщ. ЩIэблэр узын­шэмэ, лъэпкъри узыншэнущ. Лъэпкъ узыншэ зиIэ къэралыр лъэщу, лъабжьэ быдэ иIэу щытынущ. Адыгэм шыр зыпищI щыIэтэкъым, ар и унагъуэм къыдисхэм ящыщ зыуэ къилъытэрт. Шым епха хабзэшхуэ иIэщ ди лъэпкъым. Мыпхуэдэ Iуэху­хэмкIэ абы ди щIэблэр щыгъузэ тщIыжмэ, тхыдэм щыщ а Iыхьэр ищIэу къэхъунымкIэ гугъапIэ къыдет. Адыгэ фащэм и гугъу пщIымэ, ар лъэпкъ куэдым бзыпхъэ зытраха щыгъынщ, уеблэмэ Урысейм и дзэм хэтхэми, къапщтэмэ, езы урыс пащтыхьми ящыгъыу щытащ. Нтlэ, апхуэдэ тхыдэ зиlэ фащэ дахэр дэ щхьэ зетхьэн хуэмейрэ?!
- Дуней псом ди цIэр иджыри зэ фIыкIэ къыщIраIуэн Iуэхугъуэ дахэ къефхьэжьащи, Тхьэм къывигъэхъулIэ.

Епсэлъар Къардэн-Бакъ Мадинэщ.
Поделиться:

Читать также: